ЩIэблэм зеужь

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым IэщIагъэлI, щIэныгъэлI зэчиифIэхэр къызэрыщIигъэкIыным хущIокъу икIи а и къалэным ар сыт щыгъуи полъэщ. Мы зэманым абы щеджэ зыбжанэм я зэфIэкIым фыщыдогъэгъуазэ, жытIэр нэрылъагъу хъун папщIэ.

КъБКъУ-м Декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым и ещанэ курсым щIэс Пекъу Даянэ и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэм къыдэкIуэу, Iуэху щхьэпэми йолэжь. Абы щыгъыныжьхэмрэ лей хъуа бзыхьэхуэхэмрэ хыфIамыдзэу фэилъхьэгъуэщIэхэр къызэрыхащIыкIыжынум и Iэмал къигупсысащ. «Пасэм хъыджэбзхэм Iэпкълъэпкъ дахэ яIэн папщIэ къагъэсэбэпу щытащ куэншыбэр. ЗэрыфщIэщи, апхуэдэхэр ди зэманми къезэгъыу фэилъхьэгъуэ щхьэхуэу къыдагъэкIыж хъуащ. Сэ куэншыбэр джинс гъуэншэджыжьым къыхэсщIыкIыжауэ сиIэщ, - жеIэ хъыджэбзым. - НэгъуэщIу жыпIэмэ, жьы хъуа щыгъыныр хыфIэбдзэ нэхърэ, абы зыгуэр къыхэпщIыкIыжу къэбгъэсэбэпын хуейуэ къызолъытэ, сыту жыпIэмэ ди дунейр иджыпсту армырами кIэрыхубжьэрыхум зэщIищтащ, щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа гугъуехьхэри ди мащIэкъым. Гугъуехьхэр къызэднэкIа хъуным хэлъхьэныгъэ гуэр хуэсщIмэ сфIэфIу, елэжьын щIэздзащ мы Iуэхум». Даянэ апхуэдэ щыгъынхэм щыщ езыми щетIагъэ, еджапIэм ирокIуэ.

КъБКъУ-м Педагогикэмрэ психологиемкIэ, физическэ щIэныгъэмкIэ и институтым и ещанэ курсым щеджэ Темыркъан Марьянэрэ абы и щIэныгъэ унафэщI Цей ФатIимэрэ зэхагъэува «Робототерапие» Iуэхур тещIыхьащ аутизм иIэу къалъхуа сабийр пIейтей, гузэвэх хъуа нэужь, ар зэрыщхьэщах Iэмалым. ГъущI Iэмэпсымэр зэрызэпкъралъхьэмрэ зэрызэпкърахымрэ ирагъэпэщэщ щIыкIэурэ сабийхэр зэрытеум абыхэм гу лъатащ, икIи апхуэдэ дерс зыбжанэ ирагъэкIуэкIыну хунэсащ.

Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэблэм яIэщIэху зэрыхъуам  иригузавэу, КъБКъУ-м Педагогикэмрэ психологиемкIэ, физическэ щIэныгъэмкIэ и институтымрэ Иджырей зэхэщIыкIымрэ бжыгъэ технологиехэмкIэ институтмырэ зэгъусэу йолэжь зезыгъэужь гуащэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я псысэхэмрэ нарт эпосымрэ я лъабжьэу компьютер джэгукIэхэр къыдагъэкIыным. Япэ проектым теухуауэ КъБКъУ-м Педагогикэмрэ психологиемкIэ, физическэ щIэныгъэмкIэ и институтым и унафэщIым и къуэдзэ Багъ Риммэ зэрыжиIэмкIэ, гуащэхэм лъэпкъ фащэхэр ящыгъынущ, хъыджэбз цIыкIу, щIалэ цIыкIу, апхуэдэуи адэ-анэ, адэшхуэ-анэшхуэм я теплъэ яIэнущ. Гуащэхэр адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ къопсалъэу щытынущ. Ауэ я мурадыр зэрызрагъэхъулIэн зэкIэ мылъку яIэкъым.

Бжыгъэ технологиехэмрэ зэхэщIыкI IэрыщIымкIэ университетым и институтым и магистратурэм щIэс Шэшэн Лацэ мы зэманым зэхегъэувэ адыгэбзэр тыншу яджынымкIэ «Псалъэ» зыфIища сайтыр. Сайтыр зэхэгъэувэныр иджыри и кIэм нэсыпакъым. Абдеж адыгэбзэ зымыщIэхэм е мащIэ дыдэу фIэкIа къэзымыгъэсэбэпыфхэм зыщыщагъэгъуэзэфынущ къэпсэлъыкIэми тхыкIэми. УпщIэхэр, дерсхэр джэгукIэ жыпхъэм иту щытынущ, апхуэдэ IэмалкIэ цIыхум нэхъ щIэхыу бзэр къызэрищтэр, нэхъыбэ игу зэрыриубыдэфыр къэлъытауэ.

«Сэ мызэ-мытIэу щыхьэт сытехъуащ бзэр джынымкIэ мыпхуэдэ лэжьыгъэ гуэрхэр (гугъу демыхьу езыр-езыру зэрагъэщIэфын хуэдэу) цIыхум зэрамыгъуэтым къыхэкIыу, анэдэлъхубзэр IэщIыб яфIэхъужу. А Iуэхум уримыгузавэу хъунукъым икIи сыщогугъ «Псалъэ» проектыр абы и хэкIыпIэхэм ящыщ зы хъуну. Сайтым адыгэбзэр зэрыщаджыну тхыгъэхэм къищынэмыщIа, адыгэ псалъалъи къыщыбгъуэту сщIыну си мурадщ. Псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ макъкIэ зэрыIуми абдеж ущедэIуэфу щIыным иджыпсту иужь сихьащ. - жеIэ Лацэ.

Зи гугъу тщIахэм я лэжьыгъэхэр, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым ит еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ я щIэныгъэ къэхутэныгъэу I30-м щIигъум яхэту, мы гъэм щагъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я проектхэр утыку къыщрахьэ XVIII зэхыхьэм.

Гъэ къэс ирагъэкIуэкI а IуэхумкIэ я мурадращи, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр я лэжьыгъэхэм трагъэгушхуэ, гъащIэм щыщхьэпэну къэхутэныгъэхэм мылъку хэзылъхьэфынухэр къыхуалъыхъуэ. Абы щIалэгъуалэм утыку къыщрахьэ мэкъумэш IэнатIэм, медицинэм, ухуэныгъэм, промышленностым щIэуэ къыщагъэсэбэпыфыну Iэмалхэмрэ иджырей технологиемрэ робототехникэмрэ я лъэныкъуэкIэ зыхунэсахэмрэ.

КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ жеIэ: «Нобэрей ди щIэблэм фIыуэ зэрызиужьам, нэхъыбэж яхузэфIэкI зэрыхъуам гу лъыботэ. IT технологие жыхуэтIэмрэ робот щIынымрэ ехьэлIауэ, апхуэдэуи 3D Iэмалыр къагъэсэбэпу цIыхум, унэхэм я теплъэр уи нэгу къызэрыщIагъэхьэну щIыкIэм теухуауэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм нобэ зыIэрагъэхьа зэфIэкIым укъегъэуIэбжь. Лъэныкъуэ ирагъэзкъым мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэри - зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ зэрадэлажьэ Iэмалхэми ахэр йогупсыс. Сигу ирихь лэжьыгъэхэм ящыщщ ди щIыуэпсым и дахагъэр хъумауэ республикэм и щIыпIэхэм щыбгъэув хъуну унэ, хьэщIэщ хьэлэмэтхэу къагупсысахэр. Сэ сыт щыгъуи си гуапэщ зэфIэкI зиIэ ди щIалэгъуалэр зэзгъэцIыхуну, ахэр зыпэрыт Iуэхум зэрыдихьэхыр си нэкIэ зэзгъэлъагъуну. СызэригугъэмкIи, къэкIуэнум абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр щIэныгъэм щызэIэрагъэхьэнущ».

БАГЪЭТЫР Луизэ.

                        

Поделиться:

Читать также: