Усыгъэм и къэухьыр инщ

«Рицэ деж рифмэхэр» абхъаз-адыгэ фестивалыр «Жан» зэгухьэныгъэм зэрыригъажьэрэ илъэситху мэхъу. Ар зыхиубыдэ Iуэхур, «Усыгъэр къокIэрэхъуэкI» зи фIэщыгъэр, 2008 гъэ лъандэрэ щыIэщ. Зи гъунапкъэхэм ину зиубгъуа фестивалым и зэхэублакIуэщ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэ. Мы гъэм фестивалым и илъэситхур Абхъазым щагъэлъэпIащ. Ар егъэкIуэ­кIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Абхъазым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президент Къанокъуэ Арсен. Къыхэгъэщыпхъэщ, усыгъэм ехьэлIа Iуэхур къызэрыу­нэхурэ Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы Сулъ­тIан и щхьэгъусэ, «Усыгъэр къокIэрэхъуэкI» лэжьыгъэр зыунэтI Сосналы Любовь абы и гупсысэ куэд зэрыхилъхьар. 

Фестивалыр къыщызэIуахащ Абхъаз къэ­рал университетым. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм икIа лIы­кIуэхэм псом япэу удз гъэгъахэр тралъхьащ 1992 - 1993 гъэхэм Абхъазым щекIуэкIа зауэм хэкIуэда егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я фэеплъым. 
ХьэщIэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ университетым и ректор, академик Гварамие Алекэ. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ абхъаз-адыгэ филологиемкIэ Анкваб В. П. и цIэр зезыхьэ центрым и унафэщI, «Апсны» газетым и редактор Анкваб Ахрэ. Абхъаз къэрал университетым щрагъэкIуэкIащ адыгей усакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ХьэщIэ­мыз Сусаннэ и усыгъэ пшыхь. Абы щагъэлъэгъуащ Сусаннэ и адэ, адыгэ усакIуэ Багъ Нурбий и ­гъащIэм теухуа зы теплъэгъуэ. Багъ Нурбий и усыгъэм щыщ куэд 70 гъэхэм абхъазыбзэкIэ зэрадзэкIауэ, абы щыIэ газетхэмрэ журналхэмрэ традзауэ щытащ. Иджы абхъа­зыбзэкIэ зэрадзэкI Сусаннэ и IэдакъэщIэкIхэри. УсакIуэ бзылъхугъэр къеджащ иужьу итха усэхэм ящыщ зыбжанэ. Адэшхуэм и тхыгъэхэм фIыуэ щыгъуазэ, анэм литературэм хуищI гулъытэр зыхэзыщIа ХьэщIэмыз Муслъим, Багъ Нурбий и пхъурылъхум, адыгэбзэкIэ усэ къе­джэну фIэфIщ, тхэным гу хуищIащи, и япэ тхыгъэхэмкIэ и зэчийр егъэунэхуж. Ар пшыхьым къыщеджащ адэшхуэм и усэхэм ящыщ зыбжанэ. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Чурей Дыжьын, Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Квициние Макландэ, университетым филологиемкIэ и къудамэм и студентхэм Iуэхур ягъэдэхащ макъамэрэ уэрэдкIэ. 
Къаныкъуэ Заринэ фIыщIэ яхуищIащ университетымрэ абхъаз-адыгэ филологиемкIэ абы хэт центрымрэ я лэжьакIуэхэм. 
- Абхъазым щэнхабзэ IуэхукIэ зэпымыууэ дыпыщIащ дэ - Абхъаз университетым и аспирантхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ Налшык нокIуэ, ди сурэтыщIхэри зэкIэлъокIуэ. Сосналы Любэрэ сэрэ гурылъ тщIат нэхъри гъунэгъу дызэхуэ­зыщIын зы Iуэху зэхэдублэну - апхуэдэуи къэу­нэхуащ «Рицэ деж рифмэхэр» лэжьыгъэр. Илъэс кIуам Абхъазым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ди мурадым теухуауэ зыщыхуэдгъэзам, ар къыддиIыгъа къудей мыхъуу, нэхъри зедгъэубгъун хуейуэ къызэралъытэр къыхагъэщащ. Иджы абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Абхъазымрэ нэмыщI, Къэрэ­шей-­
Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ я лIыкIуэхэри, - жиIащ Заринэ. Абы щхьэхуэу я гугъу ищIащ мы IуэхумкIэ закъыщIэзыгъакъуэ, ныбжьэгъу пэжхэу яIэ тхакIуэ-усакIуэхэу Лагулаа Анатолэ­рэ Зантарие Владимиррэ. 
- КъуэпскIэ дэ псори дызэпха АбхъазыщIым Iуэху дахэкIэ дыщызэIущIащ. Ди лъэпкъхэр зэпыщIащ тхыдэкIэ, щэнхабзэкIэ, псэкIэ… Дунейм и къекIуэкIыкIэм, псэукIэм псынщIащэу зыщихъуэж мы зэманым, дэ псом хуэмыдэу дызэрыIыгъын, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, щIэ­ныгъэ IуэхухэмкIэ зэпымыууэ дызэкIэ­лъы­кIуэн хуейщ, - жиIащ Лагулаа Анатолэ. 
ХьэщIэмыз Сусаннэ жиIащ Iуэхур сыт и лъэныкъуэкIи купщIафIэу зэрекIуэкIыр:
- Дэ, журналистхэр, псалъэм гупсысэ куу щIэтлъхьэным дытолажьэ. Махуэ къэс длэжь Iуэхур щIэщыгъуэ тщIыным и ужь дитщ. Апхуэдэу щыхъукIэ, усыгъэр сэркIэ псэгъэ­тыншщ. Ар псэм йоIэзэ, гупсысэхэр зэтрищыпыкIыу. Усэр хьэуа Iубыгъуэм хуэдэщ. Фестивалым хэт усакIуэфIхэм сэ захэзбжэным сытегушхуэнкъым, ауэ сэ усыгъэм псэ хэзылъ­хьэу щыта си адэм срилъэужьщ. ТхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я гъащIэм къыпащэ хуэдэщ я тхыгъэхэмкIэ. АтIэ, нобэ ди щIалэри сщIыгъуу мы Iуэхум дызэрыхэтым срогушхуэ. Абыи усэ тхыным гу хуищIу щIидзащи, адэшхуэмрэ ­пхъурылъхумрэ я усыгъэ зыхэщIэм сэ срилъэмыж хуэдэщ, - къыхигъэщащ Сусаннэ. 
Фестивалым хэту пшыхь щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщащ «Гума» гъущI гъуэгу станцыжьым деж. Гумам и арт-галереем гуп дахэр усэ сатырхэмкIэ щызэпэджэжащ. Абхъазхэр къеджащ КIыщокъуэ Алимрэ МэшбащIэ Исхьэкърэ я сатырхэм, адыгэхэр - Искандер Фазилрэ Шинкубэ Бэгъратрэ я тхыгъэхэм. Мы галереем деж къыщызэрагъэпэщ хабзэщ Iуэху дахэхэр - сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, пшыхьхэр, концертхэр. «Рицэ деж рифмэхэр» пшыхьри абыхэм ящыщ зы хъуащ. 
Зы махуэ хухахащ Члоу къуажэм, Шинкубэ Бэгърат и унэм, щыхьэщIэным. ТхакIуэшхуэр къыщалъхуа, къыщыхъуа лъапсэм зыщаплъыхьащ, уси къыщеджащ гупыр. Шинкубэ Бэгърат и унэр музей ящIыжащ, абдеж щахъумэ тхакIуэм къигъэсэбэпа хьэпшыпхэр, и Iэрытххэр, сурэт гъэтIылъыгъэхэр. Музей пщIантIэм усэ къыщеджащ Члоу къуажэ школым и еджакIуэхэр. Сосналы Любовь хъуэ­хъуащ мы лъапсэм жьэгур щымыужьыхыну, тхакIуэр цIыхухэм я гум илъыну.
- Шинкубэ Бэгърат и усэ купщIафIэхэм щIэблэр къыщоджэ абы и лъапсэм. Ар куэд и уасэщ. УсакIуэм и псалъэм къару иIэнущ, и жьэгури хуабэу щытынущ, мыпхуэдэ Iуэху­гъуэхэр нэхъыбэрэ щекIуэкIмэ, - жиIащ абы. Габелие Дмитрий унэ-музейм и пщIантIэм къыщеджащ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зым, Зантарие Владимир Iуэхум хэтхэм захригъэхащ Шинкубэ Бэгърат фэеплъ хуищIа усэр. Пшыхьым щызыхищIахэр иужькIэ усэу итхыжащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист Тау Замирэ. 
Фестивалым и иужьрей махуэм усакIуэхэмрэ журналистхэмрэ щызэIущIащ Рицэ гуэлым деж. Ахэр псэм ехуэбылIэу зэпэджэжащ усыгъэкIэ. Рицэ усыгъэр щхьэщагъэIукIащ адыгэбзэкIэ, абхъазыбзэкIэ, урысыбзэкIэ. Пщыхьэщхьэм мафIэ цIыкIу ящIри, абы къетIысэкIа гуп дахэр тепсэлъыхьащ литературэмрэ усыгъэмрэ, абхъаз-адыгэхэм я зэ­пыщIэныгъэм, дяпэкIэ зэдалэжьыну Iуэхухэм. 
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр, усэ купщIафIэхэр, цIыху зэчиифIэхэр зи къулеягъэ фестивалым мурадхэр и куэдщ. 2025 гъэм Лагулаа Анатолэ, Габелие Дмитрий, Зантарие Владимир я IэдакъэщIэкIхэм ятеухуа пшыхьхэр щекIуэкIынущ Налшыкрэ Черкесскрэ. Абхъаз щIалэгъуалэ ­театрым и актёр Камкие Саидэ и пшыхь къыщызэрагъэпэщынущ Мейкъуапэ. Сакание Гундэ щагъэлъэпIэнущ Налшыкрэ Мейкъуа­пэрэ. Абхъазым щекIуэкIынущ адыгэ усакIуэ Чэнджэщауэ Артур и усыгъэ пшыхь. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: