Щхьэгъэпсэу Iилэ

- Iилэ имылъэгъуа игъэIуу, къэмыхъуа иIуатэу жызыIэ щыIахэщ, иджыри щыIэу къыщIэкIынщ. Iилэ пцIыупсу, цIыху къигъапцIэу щытакъым, пцIыIуэпцIышэр абы и IуэрыIуатэр къызыгурымыIуэ акъыл пхэнжхэращ. Iилэ теухуа пэж фыхуеймэ, сэ ар нывжесIэну сыхьэзырщ: Щхьэгъэпсэу Машэ и къуэ Илэ и IуэрыIуатэр уэршэрэгъухэр тригъэун мурадкIэ езым акъылкIэ зэхилъхьа псысэщ, таурыхъщ - къыщIедзэ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, IэурыIуатэдж Нало Заур IуэрыIуэдз Iэзэу щыта Iилэ ехьэлIа и гукъэкIыжхэр зи лъабжьэ и тхыгъэр. - Дызэрысабий лъандэрэ дыдэзыхьэхыу дызэдаIуэ, дызэджэ таурыхъхэм Щхьэгъэпсэум и псысэхэр къазэрыгуэкIыр зыщ – иIуатэ сюжетхэм езы Iилэ персонажу зэрыхэувэращ. Ар къызэрагъапцIэ Iэмалу къэплъытэныр щIэныгъэншагъэщ, гупсысэншагъэщ. Iилэ и псысэ сюжетхэр къэхъуа Iуэхугъуэу, факту зэрыщымытыр езы Щхьэгъэпсуми ещIэж, и уэршэрэгъухэми къагуроIуэ. Апхуэдэ уэршэрым (сюжетым) зыри къигъапцIэркъым, щигъауэркъым, цIыхур тригъэу, игъэдыхьэшх, игъэгупсысэ мыхъумэ. Iилэ зищIысым дыхуеймэ, ар псысэус Iэзэу арат. Апхуэдэ псысэус къабзэу щытащ Къуэдзокъуэ ТIалиби, Бетрожь Хьэмели, Нот Музэчыри, Нэгъуей Лыкъыни, Ныр Хьэжмырзи… Абыхэм къащIэна сюжетхэр гъуазджэм хэувэ Iыхьэщи гъэлъэпIапхъэщ, езы псысэусми я цIэхэр къэIэтын хуейщ.

Иджы псысэусым пцIыупс фIэзыщхэр изыгъэкIуэтыжын псалъэ. «Си анэр къыщамышам си анэшым срашыбзыхъуэт…» жиIэу кърагъажьэ сюжет телъыджэм фыщыгъуазэкъэ? Ар къэхъункIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэ зыбжанэу зэхэлъ пцIы псысэщ, удихьэхрэ уигъэгупсысэу. А таурыхъыр къыщежьам и жылэр алыхьым ещIэ! ИтIани ар адыгэм ямыгъэкIуэдыжу яхъумэ. А фабулэр зэхэзылъхьэу езышэжьар Щхьэгъэпсэу Iилэ, Къуэдзокъуэ ТIалиб сымэ хуэдэ псысэусщ е фэ фи псалъэкIэ жыпIэмэ, «пцIыупсщ». Абы и «пцIыр», зэрыфщIэщи, телъыджэлажьэ зыбжанэу зэпыгъэуващ (фонащэ кIуэцIым ис тхьэкIумэкIыхьыр щакIуэм кърихьэкIыу, бжьэхэр мэш яIуэу жыгыщхьэм тету, шыпхэм жыгышхуэ къытекIарэ шур абы и жьауэм щIэсу, псым хэс бдзэжьейхэм ху кIытэм фадэ къыхащIыкIыу…) – апхуэдэпцIыр тхакIуэ щэджащэхэм къахуэгупсысын-къахуэмыгупсысынщ. Апхуэдэ псысэм инри цIыкIури йодаIуэ, я тхьэкIумэр тегъэхуауэ, дыкъыбогъапцIэ жамыIэу, сюжетым и телъыджагъэр ягъэщIагъуэу. Апхуэдэ «пцIы» телъыджэ защIэу зэхэлъщ нэмыцэм зэрызагъэщIагъуэ барон Мюнхгаузен, Шельмуфскэм, Ганс Сакс сымэ я шванкхэр. Нэмыцэ шванкхэр, абы хуэдэ француз фаблиохэр, дунейм тез хъуа анекдотхэр, пцIыщ жаIэу ямыгъэпуду, тхылъу къыдагъэкI, ядж, акъыл къыхах, абыхэм теухуауэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэри ятх. АдыгэбзэкIэ жыпIэмэ, ахэр сэмэркъэущ, дыдейхэм я нэхъыбэр псысэщ, сюжет укъуэдияуэ.

Къагупсыса, къэмыхъуа сюжетхэм пцIы фIэпщу уелъэпэуэныр Iущыгъэкъым. Фэ фщIэрэ пцIым теухуауэ Нобель саугъэтым и лауреат Хемингуэй Эрнест жиIар? «Уэ къызжепIэфын цIыхум пцIы щIаупсыр? – жи а тхакIуэшхуэм. – Хьэуэ, жыпIэну ухэмыт! Сэ езым сощIэ ар. Нэхъыбэу ар къызыхэкIыр щхьэусыгъуищ мэхъу. Нэхъыщхьэрэ нэхъ гуапэу абы хэлъыр – пцIыр зэрыпцIыращ. Ар искусствэщ!..» Я нэхъ реалистышхуэу (пэжырытхэу!) щыIахэми (Толстой Л., Бальзак О., Достоевский Ф., Хемингуэй Э., н.) я сюжетхэр къэгупсыса защIэщ. Апхуэдэ фабулэхэр пэжым нэхърэ нэхъ пэжыж мэхъури аращ ар къызыхэкIыр. Псысэ фабулэхэри акъыл, гупсысэ зэраIуатэ Iэмалщ.

Иджы Щхьэгъэпсэу Iилэ деж къэдывгъэгъэзэж. Мыбы къыпыувэнур Iилэ и къуэрылъху (Музэчыр ипхъу) Къатинэ Ритэ къызжиIэфа тIэкIуращ.

Щхьэгъэпсэу Машэ и къуэ Iилэ Арщыдан къыщалъхуащ. Колхозхэту – вэуэ, пщIэуэ, хэуэ, нартыху къыдичыжу псэуа мэкъумэшылIыр пхъащIэуи щытащ, цIыхум гущэ, Iэнэ хъурей, шэнт, хьэнцэ яхуищIу. Абы и унэр Октябрьскэ уэрамым тета №7-рат. Iилэ нэ къуэлэнт, пэ къуршт, жьэкъыпэ хъурейт, тхъурыжьым ещхьу тхьэкIумэ дахи тетащ, езыр лIы лъагэт метррэ сантиметр 75-м нэсу. Iэпщэ хужьу дыжьын къамэ иIащ, зыкIэримыщIэжу. Кирзэ шырыкъу лъыгъыу къикIухьырт. IуэрыIуатэкIэ Iэзэт, псысэ куэд, уэрэд куэд ищIэу, жиIэни фIэфIу щытащ.

Iилэ жэмым нэхърэ хывыр нэхъ къищтэрт, жэмым шэ къыщIэкIмэ, хывым шатэ къыщIокI жиIэу (унагъуэкIэ хыв зиIа сэ ар зэрыпэжым щыхьэт сытехъуэфынущ. И. З.) Фадэм щыщу махъсымэр фIэфIт, адыгэм ди фадэр мыращ, аркъэр щIебгъэгъуамэ делэ уещI, махъсымэм уегъэнэжэгужэ, уегъэгушыIэ жиIэрт. Iилэ нартыху чыржыныр игъэлъапIэрт, адыгэ дэлэныр фIэфIт, мыIэрысэр, кхъужьыр, пхъэгулъыр, къыпцIэ кIыхьыр фIыуэ илъагъурт.

Iилэ Хэку зауэшхуэм и кIыхьагъкIэ хэтащ. 1971 гъэм дунейм ехыжащ, и псысэ хьэлэмэтхэр цIыхум къахуигъанэри, жэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ! Iилэ и щхьэгъусэр Анзорей щыщ Къэлэбатэ Мудар ипхъу Лизэт, ар и лIым яужькIэщ щылIар.

17. 10. 2010

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.  

Поделиться: