Куэтэн лышхым зыщыфхъумэ

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм къраIуэ куэтэн лышхыр къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэр.

КIэтIий гъум, куэтэн лышх узыр нэхъыбэрэ цIыхум къефыкI лIэужьыгъуитхум хеубыдэ. Ар цIыхухъухэми бзылъхугъэхэми зэхуэдэу къеуэлIэнкIэ хъунущ, нэхъыбэу къыщыхъейри цIыхум и ныбжьыр илъэс 45-60-м щитым дежщ.

- Ар къезыгъаблэхэм ящыщщ тутынымрэ фадэмрэ. Ауэ хуэлъэщ шхэкIейхэми, куэдрэ щысхэми, лы плъыжь куэду зышххэми, зи кIэтIийм полип итхэми, ар лъэпкъ узу зиIэхэми. Зи кIэтIийм полип иту къахутахэм гулъытэншэу къагъанэ хъунукъым а Iуэхур. Сыту жыпIэмэ, ар Iэмал имыIэу лышхым хуэкIуэжынущ, - жеIэ Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщI Кит Олег.

УФ-м и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэу Ростов къалэм щыIэм къребжэкI куэтэн лышхыр къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэр: къывдэхым лъы хэлъмэ, фызыкIуэцIынэреймэ е фыныбажэмэ, къарууншэ, фагъуэ фыхъуамэ, псынщIэу фешмэ, Iэмал имыIэу терапевт, хирург е онколог зэгъэплъыпхъэщ.

Куэтэн лышхым щхьэкIэ дохутырхэм «Псэхэх щэху» жаIэ. Ар зэрыхъун хъуху зыкъыуимыгъащIэу зэрыщытым щхьэкIэ. Абы къыхэкIыу, мы лышх узыфэр цIыхум зэрыпкърытыр къыщахутэр 3-4-нэ лIэужьыгъуэм щынэсам дежщ. Ауэ нэхъапэIуэу къахутэмэ, сымаджэхэм я процент 90-р яхуогъэхъуж. Абы къыдэкIуэу къыхэгъэщыпхъэщ куэтэн лышхыр Iэмал тыншхэмкIэ операцэ зэращIыр, абы щхьэкIэ цIыхур зэрызэгуамыгъэжыр.

Мы узыфэр къызэрофыкIыр и чэзум къэпщIэн щхьэкIэ, илъэс 40-м щхьэдэхахэм илъэсым I-2 анализ ят, фиброколоноскопие илъэси I0-м зэ ирагъэщI, кIэтIийм полип иту къахутамэ, эндоскопиекIэ трагъэжри гистологием ирагъэхь. Зи кIэтIийм полип итхэм илъэси 3-м зэ колоноскопиер хуащI.

Онкологхэм жаIэ тутыныр, фадэр, афияныр IэщIыб щIауэ, пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм нэхъ тегъэщIэн, спортым пылъын, шхын узыншэкIэ махуэм щэ шхэн зэрыхуейр. Абы Iейм фыщихъумэнущ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться: