УсакIуэм и фэеплъыр ягъэлъапIэу

Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, тхакIуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу абы и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал театрым и гупэм деж щытым иджыблагъэ удз гъэгъахэр тралъхьащ. Лъэпкъ усыгъэм и классикыр къызэралъхурэ мы гъэм илъэси I24-рэ зэрырикъум теухуащ ар.

ЗэIущIэр щIидзащ Алий и усэхэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къеджэу. Абы хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Текуев Амурбий, Налшык къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, ди республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм щыщхэр, ЩоджэнцIыкIум и гуащIэм дихьэххэр.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ мащIэ фIэкIа къимыгъащIэу Алий куэд дыдэ зэрыхузэфIэкIар, ар зэрыуса бзэ дахэм хуэдэ зыIурылъынур зи хэкур, зи цIыхухэр, зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъур зэрыарар. «ЩоджэнцIыкIу Алий усакIуэ гъуэзэджэм и закъуэтэкъым, атIэ цIыху пэжт, захуагъэм и телъхьэт. И тхыгъэхэм иджыпсту зэрызыIэпишэм хуэдэу къэзыухъуреихьхэми зыхуашийрт абы. Итхыу хъуам къыщалъхуа щIыналъэм, къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэшхуэр къыхэщырт», - жиIащ министрым.

УсакIуэм и гъащIэм, и лэжьыгъэм я гугъу ящIу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым Адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пажэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм, лъахэхутэ, уней тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Котляровэ Марие, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, балъкъэр усакIуэ Беппаев МутIэлип. Абыхэм псом зы жьэу жаIащ ЩоджэнцIыкIу Алий хуэдэхэр илъэсищэм зэ къалъхуу зэрыарар, къыщIэна и гуащIэм пщIэ хуэтщIу тхъумэн зэрыхуейр, усакIуэм и цIэр театрым, Налшык и уэрамхэм язым зэрызэрихьэм дызэрыщыгуфIыкIыпхъэр, абы и зэчийм хуэдэ зиIэ ди лъахэм дяпэкIи къыщалъхуну зэрыщыгугъыр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым ит школхэм, библиотекэхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм щокIуэкI ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ мы гъэм илъэси I24-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща пшыхьхэр, и усэхэм къыщеджэ литературэ зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр.

ЦIыхур жылагъуэм ягу къагъэкIыжыху, я гум илъыху псэууэ жаIэри, Алий тщымыгъупщэну, и литературэ щIэиныр тхуэгъэлъэпIэну тхьэм жиIэ!

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться: