Къэбэрдей-Балкъэрым и Лъэпкъ музейм щокIуэкI ХудожествэхэмкIэ Урысей академием Кавказым щыщу хэтхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Ар «Кавказ Ищхъэрэм и иджырей сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм щIэщыгъуэу хэлъыр» Iуэхум и зы Iыхьэу къызэрагъэпэщащ РАХ-м, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. «Кавказ. Притяжение будущего» гъэлъэгъуэныгъэр музейм щыIэнущ щэкIуэгъуэм и 15 пщIондэ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым жиIащ ар и гум зэрыдыхьар, абы гупсысэ щIэщыгъуэ куэд къыхэпх зэрыхъунур.
РАХ-м и академик, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь Ступин Сергей мы IуэхущIэм и мардэхэм тепсэлъыхьащ, ар илъэс ещанэ хъуауэ къызэрызэрагъэпэщыр, нэхъри зэрызрагъэубгъур къыхигъэщащ.
- Мы гъэм Iуэхум хэтщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр, Абхъазыр, Кърымыр, Донецк, Луганск. Iуэхур къыддаIыгъащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ. Абы хэту екIуэкIащ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ, саугъэту дгъэувар КъБР-м и мылъкум къыхахащ. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ академикхэр, щIэныгъэлIхэр, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэр, - жиIащ абы.
КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий жэрдэмыр зейхэм фIыщIэ яхуищIащ, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIыр зэригуапэри жиIащ.
УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик Петров Константин КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым иритащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ зэрыхуащI щIыхь тхылъыр. Апхуэдэу, РАХ-м и щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ КъБР-м и Парламентым и унафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминэ, КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрэ, КъБКъУ-м архитектурэмрэ дизайнымкIэ и институтым и унафэщIым и къуэдзэ Къанло Алим, КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, сурэтыщI гъуазджэмкIэ Ткаченкэ А. М. и цIэр зезыхьэ музейм и унафэщI Ремхен Еленэ, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс сымэ.
Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм иранъэкIуэкIа зэпеуэм щытекIуа сурэтыщI ныбжьыщIэхэр зэIущIэм кърагъэблэгъат. Абыхэм иратащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и дипломхэр. Япэ увыпIэ къихьащ КъБР-м щыщ Анаев Мурат. Абы саугъэту иратащ сом мин 70. ЕтIуанэ хъуащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием щыщ сурэтыщI Кучиев Батараз. Абы сом мин 40 иратащ. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ Дагъыстэным щыщ сурэтыщIхэм - Асхабовэ-Кузнецовэ Елизаветэрэ Ахмедов Шамилрэ. Дэтхэнэми сом мин 30 иратащ.
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм хуагъэфэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI тыгъэхэр.