КIуащ БетIал гъащIэ мащIэу щытами, къэбэрдей литературэм лъэужьыфI къыщигъэнащ. Абы и творчествэмрэ и гъащIэмрэ зэпкърахауэ тепсэлъыхьащ КIыщокъуэ Алим, Сокъур Мусэрбий, Нало Заур сымэ, нэгъуэщI тхакIуэхэри, щIэныгъэлIхэри.
ЦIыху щэджащэр къыщалъхуа махуэм теухуауэ тхыгъэ зыбжанэ (нэхъыбэу гукъэкIыжхэр) згъэхьэзырауэ щытащ сэри. Илъэс 20-м щIигъуащ абы лъандэрэ. Абы щыгъуэ сызыIущIахэм, къэзгъэпсэлъахэм яхэтащ КIуащ БетIал фIыуэ зыцIыхуу щыта тхакIуэхэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэр.
Нобэ фи пащхьэ нислъхьэну сыхуейт адыгэ тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид и гупсысэхэр, КIуащ БетIал и творчествэм теухуа и тхыгъэр.
«ЛIым и гъащIэр къызэрабжыр ильэс бжыгъэкъым» - апхуэдэ псальэ къызэринэкIащ КIуащ БетIал. АбыкIэ акъылэгъу мыхъун щыIэкъым: ныбжькIэкъым тхыдэм лъэужь къызэрыханэр – гуащIэщ.
КъэбгъэщIамрэ ныбжьымрэ щIэупщIэркьым цIыхур, цIыхум ягу къинэр уи гуащIэдэкIырщ. Дзэпщ цIэрыуэ гуэрым жиIащ: «ЛIыгъэ зепхьэнумэ, ныбжьыр зэран хъуркьым ущIалэ дыдэми, уи пащIэ-жьакIэр зэщIэтхъуэху дунейм утетами».
КIуащ БетIал лIы ныбжь къигъэщIакъым – илъэс щэщIрэ блырэщ зэрыпсэуар, игъуэ нэмысауэ дунейм ехыжащ. Дунейм къытринам тепщIыхьмэ, ар ноби къыддэпсэу пэлъытэщ: къыддопсэу и усэр, и цIэр, и щIыхьыр. Къыддопсэу езыр – адыгэ усакIуэ щэджащэр. КIуащ БетIал и усэри, и цIэри, и щIыхьри ди тхыдэм уахътыншэ щыхъуащ, абы и гуащIэм егъэбжьыфIэ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр.
ЛІы ныбжь къимыгъэщIами, КIуащ БетIал адыгэ лъэпкъым и гум къыщIинэн лэжьыгъэрэ гуащIэрэ къызэринэкIащ, адыгэ лъэпкъыр зэрыпагэ хъугъуэфIыгъуэщ абы и IэдакъэщэкIыр, и цIэмрэ и пщІэмрэ зэи мы кIуэдыжынщ. Дунейм тетыху - зауэ гуащIэм щыхэтами, лэжьыгъэ IэнатIэ щыбгъэдэтами – БетIал зы махуи игъэпудакъым адыгэлIым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ, нобэр къыздэсым яхуэуэтэщIыркъым абы хэльа цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ я хьыбарыр. Апхуэдэ хъыбар къэзымыIуэтэж яхэткъым БетIал и ныбжьэгъуахэмрэ и лэжьэгъуахэмрэ ар зыцIыхуу щыта дэтхэнэми. Нэхъыжьми нэхъыщIэми бзэ къахуэзыгъуэт, я пщIэр зылъытэф цIыхушхуэт БетIал, и нэмысрэ и щэныфIагъкIэ, и акъылрэ и щIэныгъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ. ЦIэрыIуэ зэрыхъуам ирипагэ, зи щхьэр япэ изыгъэщ цIыхухэм ящыщакъым БетIал, гу лъитэххэуи къыщIэкIынтэкъым и щхьэм и уасэм, и напщIэ тельтэкъым ар - апхуэдэращ цIыхум я гум фIыкIэ къинэр, ящымыгъупщэр. Апхуэдэм ящыщащ БетIал ар къыдальхуауэ, и лъым хэпщауэ къыдэгъуэгурыкIуащ.
Ильэс зыбгъупщIщ БетIал-усакIуэм и къалэмыр зэрыIэщIэльар. Ар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым БетIал и усэм и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ щыплъытэкIэ. «Уэр мыхъуамэ, сыбгъэ дамэншэт», «Гур зыдэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ», «Уэрэдыр фадэм къыхэкIкъым», «Розэ», «Си псыхъуэ гуащэр», «Си лъахэр», «Ухыгъэ» - ди поэзием уахътыншэ щыхъуащ а усэхэр. КIуащым и мащIэкъым апхуэдэ усыгъэхэр – усакIуэм и гущIэм щызэщIэна, и гупсысэмрэ и гурыгъу-гурыщIэмрэ къэзублэрэкIа пшынальэ купщафIэхэр. СыткIэ хьэлэмэт БетIал и усэр, сыт хуэдэ увыпIэ щиубыдрэ абы ди литературэм и тхыдэм? Апхуэдэ упщIэм нобэр къыздэсым жэуап игъуэтауэ пхужыIэнукъым. Шэч зыхэмылъыжыр зыщ: Klуащ БетIал къэбэрдей поэзием къыхолыдыкI, абы и дэтхэнэ сатырми усакIуэ щэджащэм и дамыгъэ тельщ. БетIал и усэр зыхэгъуэщэн щыIэкъым, дэнэ ущрихьэлIэми, ар усакIуэм (!) и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар зыхыбощIэ. Псоми къехъулIэркъым ар, къызэхъулIэр усэр зи натIэм къритха цIыхурщ. Апхуэдэ усакIуэт БетIал - усэр къыдальхуауэ, ухыгъэр абыкIэ къыхуэупcayэ.
Дэтхэнэ усакIуэми, къалэмыр IэщIэлъыху, и гущIэм щигъафIэ, зэи къыIэщIэмыужагъуэ образ къыдогъуэгурыкIуэ. КIуащ БетIал дежкIэ ар, гу зэрыльытэгъуафIэщи, лъахэращ. Къытригъэзэжурэ тетхыхьми, усакIуэм зыщигъэнщIыркъым и лъахэм, и псальэм хэкIыркъым ар. Лъахэр егъэлеяуэ фIыуэ зылагъу усакIуэм дежкIэ «дыгъэ бзийри ди деж щынэхь уэрщ», «вагъуэхэр ди деж щынэхъ гуэрэнщ», «пшэплъри ди деж щынэхь дыхьэрэнщ».
Дунейм тетыху, лъахэр щигъэплъэкъуа къэхъуакъым БетIал, и къарум къихьыр хуилэжьащ и лъахэм, и гъащIэр щхьэузыхь хуищIащ абы, и гъащIэм и гуащIэкIэ етащ. Уи жагъуэ хъур, уи гум къеуэр БетIал и гъащIэр пасэIуэу къызэрытеункIыфIэжарщ и къару илъыгъуэу, и гур здэплъэм и Іэр
нэмысауэ, ищIар фIэмащIэрэ нэхъыбэм хуэпабгъэу.
«Гъащэр кIэщIми, дзищэ Iуткъэ - ар БетIал езым и щхьэкIэ зэригъэунэхуар зэкъым-тIэукъым: дзищэ зыIут гъащIэм и удын мащIэ къытехуакъым усакIуэм, и нэгу щIэкIащ абы и дыджри и хьэлъэри. ЦIыху псэ махэр, гуащIэмащIэр егъэдзыхэ апхуэдэ гъащIэм, и щхьэр щІрегъэхьэ. Апхуэдэм ящыщакъым БетIал: гъащIэм и нэхь дыджри зышэчыфын къарурэ гуащIэрэ, лIыгъэрэ бэшэчыгъэрэ хэлъащ КIуащ БетIал. Абы щыхьэт тохъуэ БетIал и дэтхэнэ усэри, и дэтхэнэ сатырри. БетIал и къалэмыпэм къыщIэкIакъым уи гур зэщызыгъауэ, уи псэр зыгъэхыщIэ зы сатыри, зы уси.
«Куэдыщэ пщIауэ къыпфIэщIамэ, уимыкIыу уи пIэм укъинащ» - ар усакIуэм, псом япэрауэ, зыхужиIэр езым и щхьэращ: БетIал зыкъызыфІэщIыж, зи напщIэм куэд тезыльхьэ усакIуэхэм ящыщакъым, ищIамрэ хузэфIэкIамрэ фIэмащIэу ихьащ и гъащIэр. Езым и щхьэм ар тримыльхьэми, дэ, нобэрей щIэблэм, дощIэ КIуащ БетIал и гуащIэр зэрыиныр, абы дрогушхуэ нобэрей щIэблэр, дропагэ БетIал хуэдэ цIыхурэ усакIуэрэ ди лъэпкъым къызэрильхуам. Нобэрей щIэблэращ БетIал мыпхуэдэ уэсят къызыхуигъэнар:
Зэманыр ІуэхукIэ зыгъэнщIыфыр - Аращ езыр зэманыр зейр,
Iуэху щIакIэ махуэм пэувыфыр - Аращ къэкIуэнур зи дунейр.
Лъэпкъым гурэ псэкIэ хуэлэжьэн мурад зиIэ дэтхэнэм дежкIи гъуазэ хъун хуейщ а псальэ Iущхэр: БетIал и усэми, и гуащIэми, и гъащIэми нобэрей щIэблэр хураджэ я къарумрэ я лэжьыгъэмрэ, я акъылымрэ я щIэныгъэмрэ лъэпкъым, хэкум, лъахэм щхьэ узыхь хуащIын хуейуэ. Нобэрей щIэблэм ар зыхащIэмэ, итIанэщ лъэпкъым и къэкIуэнумрэ и дунеймрэ дахэ щыхъунур - ар зи гупсысэм хэмыкI усакIуэущ БетIал дунейм зэрытетар. Зэрыхабзэщи, дэтхэнэ усакIуэми (ар усакIуэмэ) езым и хъэт иIэжщ. КIуащым и хъэтIыр (и бзэр, и образыр) нэгъуэщIым хэгъуэщэнкIэ Iэмал иIэкъым, абы и усэр къыбоцIыху из сатыр закъуэкIэ - а сатырым дэнэ ущрихьэлIэми, КIуащым зэриIэдакъэщIэкIыр къэпщIэнущ. КъэпщIэнущ, апхуэдизкIэ IупщIщ, щIэщыгъуэщ, белджылыщи. КIуащым и усэр плъагъу хуэдэщ, уи нэгум къыщIоувэ, уи гум къонэ. «Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щопIейтей» - укъеджэ къудейкъым а сатырым, ар уолъагъу, гукIи псэкIи зыхыбощIэ. Апхуэдэ защIэщ БетIал и усэбзэр: «жьакIацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб», «махъшэ сыдж сатырщ уи Iуфэр, уи щIэм мывэр щызэрошх», «дыгъэнэпсым, дыжьын бынжэу, уи сэтейр ешыхь», «дыжьын щхьэфэр пэкIэ ябзу, кхъухьхэм дратхъуей», «домбей пщэцуэ Iуфэ мэзыр хьэвэ щхъуантIэу пIутщ», «уадэр гъукIэм ишэщIыхукIэ гъущI жьэражьэм зеудыгъу»...
Апхуэдэ образ мащIэ ущрихьэлIэркъым КIуащ БетIал усэбзэм, апхуэдэ образ IупщІхэм БетIал и усэр зыми емыщхь, хэмыгъуэщэн ящI.
УсакIуэ набдзэгубдзапльэм гу лъетэ псым и «толькъун дыпIэми», и «дыжьын бынжэми», и «бдзапцIэ гуэзми». Апхуэдэщ БетIал – зи нэр жан, зи бзэр щIэщыгъуэ усакIуэщ. БетIал и усэм адыгэбзэр щIэщыгъуэ, IэфI къыпщещI, абы и къулейгъэмрэ и дахагъэмрэ зыхыуегъащIэ. Нало Заур захуэщ: КIуащ БетIал «ди бзэм и синтаксисыр иудыныщIэри къигъэщIэрэщIэжащ, япэм къемызэгъыу къалъытэу щыта жыIэкIэхэр хабзэ ищIащ, ардыдэмкIи ди бзэм и лъэкIыныныгъэр игъэбэгъуащ».
БетIал «ди бзэм и синтаксисыр иудынщIа» нэжьщ адыгэ тхыбзэм (усыбзэм) инверсиекIэ зэджэр хабзэ щыхуэхъуар. Ар (инверсиер) ди тхыбзэм къемызэгъынкIэ шынахэр (БетIал абыкIэ зыгъэкъуэншахэр) зэрымызахуэр белджылы хъуащ: инверсиер адыгэбзэм и мыхьэмышхкъым, ар усакIуэ, тхакIуэ IэкIуэлъакIуэм къигъэсэбэпмэ. Инверсием и фIыгъэкIэ бзэм и къулеигъэмрэ и лъэкIыныгъэмрэ хохъуэ, абы и къуэпсхэм заукъуэдий, и лъынтхуэм лъыр нэхъ уэру щызежэ мэхъу - КIуащым и усэм щынэрылъагъущ ар.
Анэдэлъхубзэм и IэфIыр куууэ зыхэзыщIэ усакIуэт БетIал, абы хузэфIэкIынумрэ кърипIуэтэфынумрэ фIыуэ къыгурыIуауэ. Бзэм зэманымрэ гъащIэмрэ зыдаужь аращ хабзэр. Зы лъэбакъуэ нэхъ мыхъуми анэдэлъхубзэм иригъэчыфамэ, усакIуэм, тхакIуэм - къалэмыр зи Iэщэ
дэтхэнэми - фIыщIэ ин бгъэдэльщ. Апхуэдэ фIыщIэ зыбгъэдэль усакIуэщ КIуащ БетIал - ди бзэм зы лъэбакъуэкъым абы иригъэчар. ПсальэщIэ мащIи къигъэщIакъым БетIал и къалэмым, абыхэм я нэхъыбэм цIыхур есежащ нобэ, къабыл ящIащ, уеблэмэ зыхащIэркъым ахэр усакIуэ гуэрым къигъэщIауэ. БетIал къигъэщIа псальэхэм ящыщщ «ухыгъэр» («сыерыщщ - ухыгъэм сеплъэкIуэнщ», «ухыгъэ, си гум щхьэ укъепхъуа»), «къэхъугъэр» («къэхъугъэр пащхьэм алэрыбгъууэ фэ куэдкIэ лыду къигъуэлъхьэнщ», «си хэкууэ дыщэ губгъуэ, къэхъугъэм и епэр»), «дзэлIыр» («уи гугъащ уи дзэлIхэм ар еплъыткIэ къохъулIэн фIыцIагъэр»), нэгъуэщIхэри – ди бзэм игъащIэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэущ ахэр нобэ къызэрытщыхъур.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар зыхузэфIэкIынкIэ (псалъэщIэ къэзыгъэщIыфынкIэ) хъунур анэдэлъхубзэм и хэхъуапIэхэмрэ и унэтIыпIэхэмрэ кIэлъыплъыф цIыхурщ, и щIэныгъэрэ и акъылкIэ пэлъэщыфауэ. Апхуэдэ щIэныгъи апхуэдэ акъыли зыбгъэдэлъа усакIуэщ КIуащ БетIал. Усыгъэхэм нэмыщI, БетIал къызэринэкIащ ноби зи мыхьэнэм хэмыщIа щIэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэт зыбжанэ: «История собирания и изучения кабардино-черкесского фольклора», «30 лет собирания и изучения кабардино-черкесского фольклора», «Стихосложение нартского эпоса», «Строение кабардинского стиха». Зэрынэрылъагъущи, КIуащым и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм щихутэр адыгэ IуэрыIуатэрщ, абы и хьэлэмэтагъхэмрэ и зэхэлъыкIэмрэщ. КIуащыр абыхэм щелэжьар аспирантурэм щыщIэса зэманырщ, зиужь ита диссертацэм лъабжьэ хуищIын мураду иIащ ахэр.
Зи цIэ къитIуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэм пыхьэн и пэ КIуащым щIипщытыкIауэ щытащ адыгэ ІуэрыIуатэм и тхыдэр - ар зэрызэхуахьэсамрэ зэраджамрэ. БетIал къызэрихутащи, адыгэ Iуэрыуатэм и фIыпэр нарт эпосырщ. Абы щыхьэт техъуа къудейкъым КIуащыр: ихутащ нарт
эпосым и купщIэр, абы и цикл нэхъыщхьэхэр, и хэкIыпIэхэр, и ныбжьыр, и льэпкъ фащэр, и зэхэлъыкIэр, нарт усэм и хабзэ-бзыпхъэхэр игъэбелджылащ. ЩIэныгъэ ин дыдэ уиIэн хуейт, ар пхузэфэкIын папщIэ. КIуащ БетIал апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлъащ.