ЗыкъызыфIэщIыжар щIогъуэж

«Адыгэ псалъэжьхэр» тхылъым щIэх-щIэхыурэ ущIэджыкIмэ, зэ мыхъуми зэ укъэзыгъэуIэбжь, уеблэмэ иджырей адыгэбзэмкIэ зыгурумыгъэIуэжыф гуэрхэм уарохьэлIэ. Апхуэдэ псалъэжьхэм хыубжэ хъунущ «Пагэр мэгыз» жыхуиIэри. 
Сыт зыхуэпхьыфынур мы псалъэуха гъэщIэгъуэныр? Дэнэ езы псалъэжьхэр къыздикIыр? УзыхэпсэукI зэманым зыщуплъыхьрэ цIыхухэм нэхъ жаIэрей псалъафэхэм уапхыдэIукIмэ, ахэр жызыIар ящыгъупщэжауэ, усэ е уэрэд гуэрым къыхэкIауэ къыщIокI нэхъыбэм. Апхуэдэхэщ «Зэманым декIур лIыфIщ», «Жьыуэ къэтэджарэ пасэу къэзышарэ щIегъуэжакъым» хуэдэхэм ещхьу, Къэзанокъуэ Жэбагъы ирапххэр. Языныкъуэхэм деж псалъэ шэрыуэр зи жьэ къыжьэдэкIахэри щызэхэзэрыхь щыIэщ. ИтIани, анэдэлъхубзэм фIэкIа зигу имыгъэзагъэ цIыхухэр шэрыуэу псэлъэным хуэпабгъэу къэнэхущ ди бзэм и къарур зэрыхэхъуэри. 
«Пагэр мэгыз» псалъэжьыр дигу къэзыгъэкIыжар КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, Iимам Емкъуж Анзорщ. Муслъымэну зыкъэзылъытэжым пагагъэр зэремыкIур, уеблэмэ ар фIэщхъуныгъэм и Iэфыр зэхозымыгъащIэ ныкъусаныгъэу зэрыщытым теухуат абы и хъутIбэр. 
«Дапхуэдэу муслъымэныр зэрыщытын хуейр жытIэу, дэтхэнэ зыми укъыдэупщIмэ, жэуапхэр куэду зэщхьэщыкIынущ», - жиIащ Емкъуж Анзор. - Дызэрыт зэманым ислъамымрэ муслъымэнхэмрэ ятехуауэ мыхъумыщIагъэ куэд зэхыдох. ЦIыхухэр ислъамым щагъащтэ. Ауэ псом нэхърэ гур нэхъ хэзыгъэщIыр муслъымэныгъэр щIэпхъаджагъэм зэрырапхырщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъми, махуэ къэс ислъам диным цIыхухэр къохьэ. Диным и пщIэми ар зезыхьэхэм я бжыгъэми хохъуэ. Дапхуэдэу-тIэ муслъымэныр зэрыщытыпхъэр? Тхылъ лъапIэр зэтетхрэ «Iэл-Фуркъан» сурэм дыкъеджэмэ, жэуапхэм я нэхъ IупщIыр абы къыщыдогъуэт. Iиман куу зиIэхэм щатепсэлъыхькIэ, абы къигъэсэбэп псалъэхэм девгъэплъыт: «Алыхьталэм и пщылIхэу щIылъэм Iэсэу щызекIуэхэр». ФIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъхэр дэни щыщабэщ, адрей цIыхухэми епэгэкIыркъым. Сыт хуэдиз цIыху нобэ тлъагъурэ я пагагъыр нэм къыщIаIурэ адрейхэм нэхърэ зэрынэхъыфIыр къафIыдрихьейуэ?! ЦIыху дапщэ тлъагъурэ ябгъэдэлъ мылъкум, уеблэмэ я щIэныгъэм ириуэркъыу? Ауэ щыхъукIэ, муслъымэн нэсыр езым нэхърэ нэхъ лъахъшэхэм я пIэ иувэфу апхуэдэщ, абы бгъэдэлъ мылъкуми иIыгъ къулыкъуми елъытакъым цIыхум зэрыхущытыр. Аращ щIэныгъэ зыбгъэдэлъымрэ щIэныгъэншэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр. Уи пагагъым тхьэмыщкIэхэм сэлам епхыну е уепсэлъэну къыпхуимыдэмэ, шейтIаным и уридэIэпыкъуэгъуу аращ, сыту жыпIэмэ, япэ дыдэ пагагъэр утыкум къизыхьар Iиблисщ. 
   Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам жиIащ: «Зы хьэдзэ хуэдиз пагагъ зи гум илъыр Жэнэтым ихьэнукъым». 
  Iимамым дызыщигъащтэ хьэл мыхъумыщIэхэм Алыхьым дыщихъумэ, муслъымэным хуэфащэ купщIэрэ теплъэрэ дэтхэнэ зыми Тхьэм къыдит. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: