Лъэпкъым и дахэр зыгъэлъагъуэ!

ГукIи, псэкIи, гугъэкIи, хъуэпсапIэкIи адыгэ Iуэхум хэтрэ, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэр зыхэзыщIэ режиссерщ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор. Ар псоми доцIыху «Кавказфильм» киностудием и лэжьыгъэхэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми ди гъунэгъу республикэхэми я театрхэм щигъэув спектаклхэмкIэ, трих адыгэ кинохэмкIэ, зэфIигъэкI лъэпкъ IуэхухэмкIэ. 
И IэщIагъэм хэлъ Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ, лъэпкъ гупсысэр ехъумэ ЕмкIужым. Адыгэ фильмым щытепсэлъыхькIэ, къыхегъэщ абы елэжь дэтхэнэри адыгэу щытын зэрыхуейр.
- Адыгэм и хьэл-щэныр зымыщIэм дэ ттеухуауэ кино требгъэхмэ, ар ещхь хъуркъым. Къэтщтэнщ щапхъэу гухэлъ къызыхэщ теплъэгъуэ. Урысым и гурыщIэ къэIуэтэкIэр куэду къыщхьэщыкIынущ дэ ар зэрыдгъэлъагъуэм. Ахэр нэIурыту гурыщIэм тепсэлъыхьмэ, адыгэ кином и лIыхъужьхэм я зэпсэлъэкIэм, езы тIум я зыхэщIэм щэху хэлъщ. Псалъэм папщIэ, ар къыхэщынкIэ хъунущ я плъэкIэм – я напIэр зэраIэтым, зэрырахьэхыжым куэд къеIуатэ. Мис апхуэдэ гупсысэхэр щIэлъу тумыхмэ, адыгэ кино пхуэгъэпсынукъым. Адыгэ зэхущытыкIэр фильмым нэсу къыщыхуэгъэлъэгъуэнукъым нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIам. Лъым хэтын хуейщ, жыхуэсIэщ, - къыхегъэщ Андзор. 
Адыгэ Iуэхум теухуауэ «Кавказфильмым» и лэжьыгъэхэр куэд мэхъу. Ар къызэрыунэхурэ къехъулIахэр цIыхур зыгъасэщ, гуапагъэм къыхуезыджэщ, лъэпкъым зыкъезыгъэцIыхужщ, зэзыгъэплъэкIыжщ икIи япэкIи зыгъэкIуатэщ. Ар дэ тлъагъуращ. Езы режиссёрыр нэхъ жыжьэ маплъэ:
- «Кавказфильм» киностудием и гугъу пщIымэ, ар жылапхъэ хуэдизщ иджыри зэрыхъур – къыщIэдзапIэщ. ЗекIуэну зи лъэ теувэ сабийм хуэдэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ. Дауи, ди лъэр быдэу дгъэувыным зэман ихьынущ. Мис а зэманым епхауэ зы гупсысэ хэплъэгъуэ къоунэху: бзэм и Iуэхур. Дэ адыгэ кинор лъэкIэ дгъэувыху, абы едгъэплъыну дызыхуейхэм я бзэр ящIэжыну пIэрэ, дакъыгурыIуэжыну пIэрэ?! Сыту жыпIэмэ, дэ ди бзэращ ди купщIэр, ди шыфэлIыфэр, ди дуней тетыкIэр. «Уадыгэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу щыткъым адыгэбзэр умыщIэнкIэ», - жызыIэхэм захуэзгъэзэнут: «Iэмал имыIэу пщIэн хуейщ уи бзэр!». ПцIыщ уадыгэу адыгэбзэ пщIэным ухуэмыпэбгъэныр. 
ЦIыхур - щIыуэпсыр - гупсысэр зэпхащ. Ари Андзор и деж щыболъагъу. ЩIыуэпсым и къарур зыхещIэ, абы и телъыджагъыр елъагъу, а телъыджэм хэзэрыхьа нэужьи зыкIи пхуэмыгъэутхъуэн гупсысэ къабзэхэр иIэу, езым гурыфIыгъуэ къызыхих, лъэпкъым къыхуэсэбэпын Iуэхухэм тогушхуэ. ГъэщIэгъуэнщ, лъэпкъ гупсысэр а щIыуэпс дыдэм къызэрырипх Iэмалри.
- ЩIы хъурейм жыг лIэужьыгъуэ куэд ущрихьэлIэнущ. Иджы девгъэгупсысыт, лъэпкъ къэс зы жыг лIэужьыгъуэ хуэдэу. Адыгэм ди жыгыр си нэгум къыщыщIэзгъэхьэкIэ, мыпхуэдэ теплъэ изот: и лъахъцхэм куэдыщэ хэгъукIарэ, псэууэ къэна зыбжанэм зэрафIэщкIэ щIым зыхаукIауэ. Жыгыр нэхъри хэхъуэху, ар зыIыгъ лъахъц мащIэм нэхъри къатехьэлъэу. Псы хуэлIэурэ гъуж жыгымкIэ сыт къэзгъэлъагъуэр жыпIэмэ, - бзэр, хабзэр, щэнхабзэр. 
Дэ мы зэманым мыпхуэдэ щытыкIэ дитщ: ди тхыдэм дропагэ, ди адэжьхэм я лIыгъэм дытепсэлъыхьыжурэ абы дыкъыкъуогушхукI, ди блэкIам лъапIэныгъэу хэлъар къыдгуроIуэ. Ауэ, дэ езыхэр, нобэ щыIэхэр-щэ?! Дыхэт, сыт тхузэфIэкIыр? Пэжым ухуеймэ, дэ иджыри диIэщ Iэмал ди лъэпкъ жыгым псэ хэтлъхьэжыну, къару еттыжыну. АбыкIэ жэуап дохь, - жеIэ режиссёрым. 
Хэку. ГурыIуэгъуэщ ди лIыхъужьыр абы быдэу зэрыпыщIар, зэрыщыщыр:
- Адыгэм и тхыдэ гуузым, илъэсищэ зауэм и гугъу пщIымэ, лъэпкъым Хэку иIэнымкIэ лIыгъэшхуэ къалъыкъуэкIащ лъахэм къинахэм, пэлъэщащ къалэн гугъум – лъэпкъым къыхэкIа, дэнэ щIыпIи щыIэ адыгэ цIыхум и екIуэлIэжыпIэр яхъумэным. Илъэсищэ зауэм и Iэужьыр ди дунейм къыхэнащ игъащIэкIэ. Абы махуэ къэс дытемыпсэлъыхьми, ди гупсысэм хэтщ. Адыгэ цIыхум ар и гум къыпхуитхъыжынкъым, - жеIэ. 
Адыгэм и гъащIэм щыщ Iыхьэ къыхэщу щыIэщ фильмхэр. Абыхэм куэдрэ къыщагъэлъагъуэ насыпыншагъэ гуэрхэр, IэщIыб щIын хуей мыхъумыщIагъэхэр, хьэл-щэн зэхуэмыдэхэр – фIыри Iейри – зыхэлъхэр. Пэжщ, лъэпкъыр зыщIэгупсысынрэ игъэзэкIуэжынрэ къыдокIуэкI. А псом езгъапщэу, ЕмкIуж Андзор и лэжьыгъэхэм я гугъу сщIымэ, мыращ си гупсысэр: мыбы игъэлъагъуэр ди фIырщ, ди дахэрщ, щэнхабзэрщ, хабзэ-нэмысырщ. Мыбыи мыхьэнэ иIэщ: Андзор и лэжьыгъэхэм нэхъыжьи нэхъыщIи тыншу еплъыфынущ, уи нэр щIэбгъэпщкIун е сабийм имылъагъупхъэ зы теплъэгъуи хэткъым – къабзэщ. ГъэщIэгъуэн тщыхъуащ «Невиновен» фильмым теухуауэ къыджиIэжа зы хъыбар:
- Орлов областым щыщ журналист бзылъхугъэ интернеткIэ къэпсэлъащ «Невиновен» фильмым и IуэхукIэ. «Фильмым деплъри дигъэпIейтеящ, абы хэлъ гупсысэр ди щIалэгъуалэм зыхащIэн хуейуэ къыдолъытэри, хуит дыкъэпщIмэ, щIыналъэм щеджэ студентхэр едгъэплъынущ, - жиIащ бзылъхугъэм, икIи и унагъуэм ар къазэрыщыхъуар къыпищащ. - Зы пщыхьэщхьэ быным сахэсу деплъащ абы. ИкIэм щынэблагъэм, илъэситху зи ныбжь си нэхъыщIэм жиIащ: «Сыту лъэпкъ дахэ мыхэр!».
 Мис а сабийм фильмым хуигъэува нагъыщэм нэхъ лъапIэ сыхуейкъым сэ. Арагъэххэт си мураду тесхар – лъэпкъым ди дахагъэр згъэлъагъуэну арати, сабий псэ къабзэм а псалъэхэр къыщыжьэдэкIакIэ, къызэхъулIащ. 
 ЕмкIужым и «Невиновен» фильмым и етIуанэ Iыхьэр («Невиновен 2») трихащ, мы зэманым ар зэхагъэувэ. Абы пэплъэхэр куэд дохъу! 
ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: