Еджэрыкъуейхэр

БзэщIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр зезыхьэ адыгэ лъэпкъым къагъэсэбэпыр кIэмыргуей диалектым и псэлъэкIэ щхьэхуэщ. Лъахэхутэхэм зэрыжаIэмкIи, лIакъуэм зэреджэр абы зэгуэр и пашэу щыта Еджэрыкъуэ и цIэм къытехъукIащ. 
Мейкъуапэ ипщэкIэ щыIэ къуэладжэхэм ящыщ зым деж щызэпыхьэрт абазэхэхэм, еджэрыкъуейхэм, мамхэгъхэм я щIы кIапэхэр. Абазэхэхэм я хасэ зэхуэсыпIэу ижькIэрэ яIари абы и гъунэгъут. Тхыдэджхэм зэратхыжымкIэ, иджырей Еджэрыкъуей къуажэм, илъэси 150-рэ ипэкIэ узэIэбэкIыжмэ, и хэщIапIэт мы зэманым Мейкъуапэ районым и къуажащхьэу къалъытэ Тульскэ урыс жылэр здэщыт щIыпIэр. Абдежым къыщыщIэдзауэ къуэкIыпIэмкIэ Лабэ псышхуэм нэсыху зыкъыщызэкъуэзых тафэм, хэукъуэдиикIауэ, еджэрыкъуейхэр исащ, 1849 гъэр къихьэху. 
Еджэрыкъуейхэр япэщIыкIэ хущIэкъуащ гъунэгъу закъыхуэзыщIа урысхэм зэрызыдрагъэкIуным, мамыру зэрахущытыным. АрщхьэкIэ, пащтыхьым и дзэпщхэм лей зэрахьэу щIадзат. 
Къэтхьынщ зы щапхъэ. XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм яхэса бгырыс ермэлыхэм 1838 гъэм генерал Засс (фон Зейсс) деж лIыкIуэхэр ягъэкIуат, «кIэмыргуейхэмрэ еджэрыкъуейхэмрэ дызэрыдакъузэм къыхэкIыу, фыкъытщхьэщыж» жаIэу, лъаIуэхэу. 
Дзэпщым и зауэлIхэр зэщIигъэуIуэри, Псыжь къызэпришащ икIи закъыхуэзыгъэза ермэлыхэр щызэщIикъуэщ, иришажьэри, иджырей Армавир къалэм деж щигъэтIысащ, гъуэгум зыщрихьэлIэ адыгэ къуажэхэр зэтригъасхьэурэ. А Iуэхуми абы къыкIэлъыкIуа залымыгъэ мыухыжхэми еджэрыкъуейхэр ирахулIащ Iэщэ къащтэным. ИкIи, тхыдэтххэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абыхэм ар ягъэтIылъакъым, Урыс-Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъэху. Еджэрыкъуейхэр зауэм и къызэщIэплъэгъуэм, къанэ щIагъуэ щымыIэу, Щхьэгуащэ и адрыщIымкIэ Iэпхъуат.
Тхыдэджхэм яхэтщ кIэмыргуейхэмрэ еджэрыкъуейхэмрэ зэгуэр зы лIакъуэу щытауэ жызыIэхэр, лъэныкъуитIри Болэтокъуэ унэцIэр зезыхьэ пщыхэм я IэмыщIэ зэрилъамрэ зэрызэпащIамрэ къыхэкIыу. Ауэ, языныкъуэ лъахэхутэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, еджэрыкъуейхэр лIакъуэ щхьэхуэщ. Апхуэдэу зэрагъэувыр къызыхахри гурыIуэгъуэщ - я псэлъэкIэкIи, зэхэтыкIэкIи, гъунэгъухэм зэрахущыт-сытхэмкIи, зы мащIэ нэхъ мыхъуми, кIэмыргуейхэм къазэрыщхьэщыкIырщ.
Хэкужьым къина еджэрыкъуейхэм, абазэхэхэми натхъуэджхэми хуэдэу, иужьым къызэрагъэпэщыжар зы къуажэ закъуэщ. Ар Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ районым итщ, лIакъуэм и цIэр зэрихьэу. Абы мы зэманым цIыху мини 3,5-м нэблагъэ дэсщи, я гъунэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, щыпсэухэр зэрызэкъуэтым, зы унагъуэм исхэм хуэдэу зэрызэхущытым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. 
БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: