ХузэфIэкIыр лъэпкъым хуилэжьащ

Адыгэхэм я тхыдэм, абы къыдэкIуэу лъэпкъыр щIэныгъэмрэ тхылъымрэ ирашэлIэн мурадкIэ блэкIа лIэщIыгъуэм Iуэхугъуэшхуэ зылэжьа цIыхухэм ящыщ зыщ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн. Лъэпкъ культурэм лъэужь куу къыхэзына адыгэлIым и гъащIэм зымащIэкIэ дыкIэлъегъэплъыж Сокъур Мусэрбий.
«Къуэдзокъуэ Лэкъумэн 1818 гъэм Абыкъухьэблэ (иджырей Кисловодск пэмыжыжьэу) адыгэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Мыхьэмэт уэркъ лъэпкът, лIы губзыгъэу къыщIэкIынти, щIэныгъэм хуэплъэрт. 1830 гъэм ар Бытырбыху макIуэ Кавказ бгырысхэм я эскадрон ныкъуэкIэ зэджэм къулыкъу щищIэну. 1848 гъэм Къуэдзокъуэ Мыхьэмэт и узыншагъэм къызэремызэгъым къыхэкIыу къулыкъур къегъанэ, куэд дэмыкIыуи, 1849 гъэм октябрым и 12-м, ар дунейм йохыж. Мыхьэмэт къыщIэнауэ щытащ и щхьэгъусэ ХьэIишэтрэ бынихрэ. Нэхъыжь дыдэр Лэкъумэнт. 
Къуэдзокъуэр языныкъуэхэм къалъытэ мэкъумэшыщIэм къыхэкIауэ, арщхьэкIэ щIалэм Московскэ университетым и унафэщIым деж иригъэхьа лъэIу тхылъым ар «шэрджэс тумэхэм» ящыщу итщ. 
Лэкъумэн илъэсихым иту урыс усакIуэ Хомяков А. С. и анэр Псыхуабэ къыщыхуозэри къан ещI, Москва здешэ,1830 гъэм чыристан диным йохьэри Дмитрий цIэр къыфIащ. Унагъуэ зыхыхьар щIалэм икъукIэ къыхуогумащIэ, быным ещхьу къалъагъу, а зэманым зэрыхабзэти, инджылыз гъэсакIуэ гуэри къыхуащтэ. Бынунэр СарэкIэ зэджэу щыта а цIыхубзым теухуауэ Къуэдзокъуэм итхыжыгъащ: «Абы гуапагъэрэ гумащIагъэу сэ къысхуиIар къызыбгъэдэкIын щыIэкъым, зи бын хуэгумыгъуэ анэм фIэкI».
ПIалъэр къыщысым, щIалэр ират а гъэхэм цIэрыIуэу щыта пансион гуэрым. Мыбы Лэкъумэн щедж урысыбзэр, латиныр, алыджыбзэр, франджыбзэр, нэмыцэбзэр, инджылызыбзэр, дин Iуэхур, физикэр, логикэр, риторикэр, географиер, статистикэр, тхыдэр, математикэр, щыгъуазэ зыхуещI сурэт щIынымрэ музыкэмрэ. Пансионыр 1834 гъэм зэпэщу къиуха нэужь, ар Московскэ университетым щIотIысхьэри еджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ мэхъу, урыс, хамэ къэрал литературэхэр куууэ зрегъащIэ, щIэныгъэшхуэ зэригъуэтыным йолIалIэ. 
Адыгэ щIалэр щеджа илъэсхэр Урысейм и цIыху пэрытхэр къыщыуш лъэхъэнэт. Ар революционнэ демократиер щызэрыубыд зэманти, пщылIыпIэр къутэн къалэныр псоми зыхащIэрт, ауэ сыт хуэдэ IэмалкIэ къутапхъэт? А упщIэм жэуап зэрырат елъытауэ мыбы къыщызэфIоувэ гупитI. Зыр «славянофилкIэ» зэджэрт. Мыбыхэм къагурыIуэрт Николай Езанэм и пащтыхьыгъуэм лей куэд зэрызэрихьэр, ауэ пщылIыпIэр тетхэм я унафэкIэ Iэдэбу Iуихын хуейуэ къагъэувырт, нэгъуэщIу жыпIэмэ помещикхэмрэ дворянхэмрэ «химылъэфащэу». Апхуэдэр зи мурадхэм ящыщт Къуэдзокъуэм адэ папщIэ хуэхъуа Хомяков А. С., нэгъуэщI зыбжанэ. НэгъуэщI зы гупи щыIэт пщылIыпIэр бэм я къарукIэ зэхэкъутауэ тхьэмыщкIэр щхьэхуит къэщIыныр, щIыр зэхуэдэу абыхэм яхуэгуэшыныр я гуращэу. Апхуэдэхэм «западник» фIащат. А гупитIыр зэныкъуэкъуурэ щызэщIэхъае «абгъуэм» ещхь хъуат Московскэ университетри. ГурыIуэгъуэщ гулъытэ жан зиIэ адыгэ щIалэр а псом лъэныкъуэкIэ зэрыхущымытар. Абы университетыр къеух «студент нэгъэса» цIэр иIэу, щалъхуа хэкум къегъэзэж икIи, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Кавказым щыхуозэ Лермонтов Михаил. Андроников И. къигъуэтащ 1840 гъэм Лермонтовым Кавказым къыщыздрихьэкIа альбом гуэр. Альбомым итщ: «Лукман Бек-Мурзин Кодзоков. Дмитрий Степанович Кодзоков. Пятигорск, 89». Ар Лермонтовым итхакъым, зытхар езы Къуэдзокъуэрщ, ауэ итхынкIэ щIэхъуа щхьэусыгъуэр иджыри зэIубзкъым. Кавказым зи гъащIэ псор епхауэ къекIуэкIа усакIуэшхуэм Къуэдзокъуэр хуэмыпэбгъэнкIэ Iэмал иIакъым, Москваи Бытырбыхуи щекIуэкI къэхъукъащIэ псоми ар щыгъуазэу зэрыщытар къэплъытэмэ. Хомяковым е Самариным хуэдэхэм я фIыгъэкIэ Лермонтовми зэхихагъэнщ Къуэдзокъуэм и хъыбар. 
1839 гъэм Къэбэрдейм къегъэзэж Къуэдзокъуэм, къыщIэкIуэжа мурадыр ди дежкIэ иджыри мыIупщIми. Лъагъунлъагъу къудейуи къыщIэкIынкIэ хъунщ. Къумыкъу Тыгъуэн зэрыжиIэмкIэ, Къуэдзокъуэм 1840 гъэм щыщIэдзауэ къигъэщIа псор Кавказым щрихьэкIауэ Андрониковым зэрилъытэр тэмэмкъым. Къумыкъум къигъуэтащ абы щыхьэт техъуэ тхылъхэр. Къапщтэмэ, 1856 гъэм Къуэдзокъуэм, Бытырбыху къулыкъу ищIэу здэщыIэм, коллежскэ асессор цIэр къыфIащ. 
Бытырбыху щыдэса лъэхъэнэм Къуэдзокъуэр литературэм пыщIа цIыхухэм гъунэгъу яхуохъури и дуней еплъыкIэри нэхъ зэроубыд. Абы теухуауэ 1911 гъэм Абаев М. итхыгъащ: Лэкъумэн «и щIалэгъуэр лIэщIыгъуэ блэкIам и 40 гъэхэм литературэм псэ хэзылъхьэ цIыхухэм япыщIауэ иригъэкIуэкIащ, щIэныгъэшхуи иIащ, и гупсысэхэри демократием хуэунэтIауэ щытагъэнущ». А зэманым и пэшэгъуу щыта цIыху пэрытхэр къэплъытэмэ, Къуэдзокъуэр щыгъуазэ мыхъуу къэнакъым Белинский В. Г., Лермонтов М. Ю. хуэдэхэм я тхыгъэхэм, 30-40 гъэхэм екIуэкIа бэнэныгъэм. А псом Андроников И. зэрыжиIэмкIэ, хэхъукIын хуеящ акъыл ехьэжьарэ щIэныгъэшхуэрэ зиIэ цIыху. 
Пэж дыдэуи, Лермонтовым и цIыхугъэу щыта щIалэм егъэлеяуэ зиужьырт. Ар хуэшэрыуэт Урысеймрэ къухьэпIэ къэралхэмрэ я литературэм, урысыбзэм апхуэдизкIэ хуэIэзэти, франджыбзэкIэ тха лэжьыгъэхэр щыстудентами зэридзэкIыфырт. 
А лъэхъэнэм Къэбэрдейм Iуэхугъуэшхуэ гуэри щекIуэкIакъым Къуэдзокъуэр хэмылIыфIыхьу. Пащтыхь унафэкIэ щIыр щIэрыщIэу щагуэшыжым щыгъуэ уэркъыгъэр зыбгъэдэлъхэм дестынэ 300-м щыщIэдзауэ 1500-м нэс хухахырти, Къуэдзокъуэм ар игу темыхуэу зыкъиIэтыгъащ. Ар япэщIэувэфырт пащтыхь дзэпщхэм, Кавказым щрагъэкIуэкI политикэр залымыгъэу къилъытэу, Кавказым и лъэпкъхэр Тыркум зэрагъэIэпхъуэр имыдэу. «Кавказ лъэпкъхэм я тхьэмыщкIагъэщ а Iуэхур, щыуагъэкIэ къагъэпцIа цIыхухэм ар я хьэдрыхэщ», – итхыгъащ Къуэдзокъуэм. 
Бгырыс гуащIэрыпсэухэм я гъащIэр куууэ къипщытэфырт Къуэдзокъуэм. Абы илъагъурт цIыхухэр мылъкукIэ зэрызэхуэмыдэр, тепщэхэр зэрыщыкIыр, тхьэмыщкIэхэр кIуэтэху зэрыдакъузэр, ауэ залымыгъэм пигъэув Iэщэу къигъэсэбэпыр щIэныгъэрт. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 30-60 гъэхэм Къэбэрдейм щIэныгъэр тепщэ щыщIын лэжьыгъэм бжьыпэр щызыIыгъар Нэгумэ Шорэрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэщ. Къуэдзокъуэр ягуохьэ абыхэм. 
Ар, лъэкI псори къигъэсэбэпурэ, куэдкIэ дамэгъу хуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэм: дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ хъумэ, пIалъэкIэ къригъэлырт, и тхыгъэхэр дунейм къытехьэнымкIэ дэIэпыкъурт. Къуэдзокъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ куэдрэ я чэнджэщ зэрахьэлIэрт хэкум и псэукIэмрэ и культурэмрэ егъэфIэкIуэным пыщIа лэжьыгъэхэмкIэ».

 

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться: