Дзэ-псэкупсэ диктантым зыхуагъэхьэзыр

ЦIыхум и зэхэщIыкIыр къэIэтыным, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм набдзэгубдзаплъэу яхэплъэрэ яхуэфащэ уасэ яхуигъэувыфу егъэсэным тхыдэм хуэдэу дерс щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. ЕкIуэкIар къызэрыщыхъуну щIыкIэм хэти хуитщ, ауэ а блэкIам курых хуэхъуа Iуэхугъуэхэм жылэр Iыхьэгъу хуэхъумэ, пщыгъупщэныр игъуэджэщ.

Тхыдэм зыкъомкIэ елъытащ лъэпкъым и щIэжри, и дуней лъагъукIэри, и гупсысэкIэри. Абы къещIэкIа щапхъэхэр, щIэныгъэм и бзэкIэ жыпIэмэ, мифологемэ хьэзыру къызэрокI, лъэпкъ гупсысэр къуэпсыбэу зэхиухуэнэжу. Псалъэм и хьэтыркIэ, Урыс-Кавказ зауэр къапщтэмэ, илъэси 100 зэрекIуэкIам, адыгэм жылэкIуэдыр къызэрыхуигъэкIуам, куэд дыдэм адэжь лъахэр ябгынэу хамэщI къызэрыщIидзам теухуауэ зэдауэ щыIэкъым. Ахэр мифологемэ хьэзырщ. Абыхэм я кIуэцIкIэ еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр щызэутэкIынкIи, бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрихьэлIэнкIи хъунущ.

Зыр зым зэран хуэхъуркъым, Iуэху еплъыкIэхэр нэхъыбэ хъуху, тхыдэм къыщыхъуа дыдэм нэхъ пэблагъэ дохъу. Мис апхуэдэ гупсысэкIэм къыхокI къытщIэувэ щIэблэм тхыдэ щIэныгъэ етыныр къэралым щекIуэкI егъэджэныгъэ политикэм курых хуэхъуныр. Аращ къызыхэкIари Урысейм илъэсищ лъандэрэ щекIуэкI, узэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэ «Дзэ-псэкупсэ диктант – 2024» диктантыр. Ар къызэзыгъэпэщри езыгъэкIуэкIри ЩIалэгъуалэм я псэкупсэ зыужьыныгъэмкIэ «Дзэпашэ» («Авангард») щIэныгъэ-методикэ центрырщ. Жэрдэмыр УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм диIыгъащ.

ЗэрытщIэщи, къэралыр лъэпкъыбэу зэхэт жылагъуэщ. Дэтхэнэми тхыдэ гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн къызэринэкIащ, иджырей щIэблэр щIэппIыкI, гъуазэ яхуэпщI хъуну. Интернетым зыIэщIиубыда щIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тезыгъэувэн «гъуэмылэ» хуэныкъуэщ. Тхыдэр абы зэрыщыщым къыхэкIыу, нэхъыжьхэм я пщэ къалэн къыдохуэ лъэпкъым къызэринэкIа тхыдэм и ныбжьыщIэхэр Iыхьэгъу зэрыхуэхъур зэхрагъэщIэныр, абы иригушхуэу, ириину къызэщIэгъэтэджэныр.

ЖэрдэмщIакIуэхэм къыхалъхьа Iуэхугъуэм хэтынухэм Iэмал яIэнущ я лъэпкъ тхыдэмрэ къэралпсо тхыдэмрэ ехьэлIауэ яIэ щIэныгъэр къыщапщытэжыну, ямыщIэр щызэрагъэщIэну, абы къыдэкIуэуи, я зэхэщIыкIым хагъэхъуэну, лъэпкъыбэу зэхэт къэралым и тхыдэ-щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэн икIи зегъэужьын зэрыхуей гупсысэм хуэкIуэну. Апхуэдэу Iуэхугъуэр къыхэзылъхьахэм зэрыжаIэмкIэ, пэхуэщIэр цIыхухэр зэрыщIэныр икIи зэлъэIэсыныр, зым и фIыгъуэхэр адрейхэм ягъэлъапIэу, ялъытэу щIэблэр къэгъэтэджыным телажьэ Iуэхущ. Абы, икIэм-икIэжым, мамырыгъэри къыдокIуэ.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэраубзыхуамкIэ, диктантым къызэщIиубыдэну Iуэхугъуэхэр щIэныгъэм хьэкъыу щыува, зэныкъуэкъу къызыхэмыкI щапхъэхэм тещIыхьауэ щытынущ, къэрал унафэщI цIэрыIуэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ я гъащIэм теухуа упщIэхэр къыхалъхьэнущ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я къэгъэщIыгъэ хьэлэмэтхэм яхуэгъэзауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэр къозыгъэIуатэ упщIэхэр хаухуэнэнущ. Диктантыр IыхьитIу зэхэтынущ. Зы Iыхьэр къэралпсо мыхьэнэ зиIэ тхыдэ-щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм яхуэгъэзащ. ЕтIуанэ Iыхьэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм хуагъэпсынущ. Ахэр щIыналъэ къэс зэщхьэщыкIынущ, лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр къытещу зэхагъэувэнущ.

«Дзэ-псэупсэ диктанткIэ дызэджэ пэхуэщIэр ди цIыхухэм я щIэныгъэр къыщапщытэж Iуэхугъуэ къудейуэкъым къызэрытлъытэр. Ар дэтхэнэми тхыдэм щиубыд увыпIэр къезыгъэлъыхъуэ, абы щекIуэкIа псоми зэрыхэпщIар къезыгъащIэ лэжьыгъэр догъэув. Дрогушхуэ ди жэрдэмым илъэс къэс зэрызиубгъум, цIыху нэхъыбэм зэрылъэIэсым. Тхыдэм мщIэми куэдми щыгъуазэ цIыхум укъигъэпцIэнукъым: къищтэну унафэхэм ар тегъэщIапIэ хуищIынущ, цIыхуми жылэми къахуэщхьэпэн гупсысэ къыхихынущ, нэхъыщхьэращи, укъигъэпэжынущ», – жеIэ ЩIалэгъуалэм я псэкупсэ зыужьыныгъэмкIэ «Дзэпашэ» («Авангард») щIэныгъэ-методикэ центрым и унафэщI Борисовэ Дарье.

Диктантым епха Iуэхугъуэхэр Урысейм и щIыналъэхэм щекIуэкIынущ, ар щатхыну щIыпIэхэр мин 20 нэхърэ нэхъ мащIэ хъунукъым. Мы гъэми Iуэхугъуэр къыщызэрагъэпэщынущ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм, лъэпкъ библиотекэхэм, щэнхабзэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэхухэм пыщIа къулыкъущIапIэхэм.

Диктантыр щекIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшыки, щIыналъэхэми, къуажэ пхыдзахэми. Абы хэтыну гупыж зыщIхэм щэкIуэгъуэм и 18-м сыхьэти 10-м ирихьэлIэу ВКонтакте (https://vk.com/avangard_patriot) интернет утыкум хыхьэу нэтын занщIэм зыпащIэ хъунущ.

Зи щIэныгъэрэ жэуап зэгъэпэщакIэ къыхэщынухэм фIыщIэ тхылъхэр иратынущ, тыгъэ лъапIэхэмкIэ ягъэгушхуэнущ. Iуэхугъуэм кърикIуахэмрэ къыхэжаныкIахэм я цIэхэмрэ хэIущIыIу ящIынущ дыгъэгъазэм и 9-м, Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: