Хьэлывэ сырПасэм зэрызэкIэлъыкIуэу, хабзэр зэрызэрахьэу зэрызэдэгушыIэу щытар уи нэгу къыщIэзыгъэувэ тхыгъэкIэ дывдогуашэ, КIэрашэ Михаил и гукъэкIыжхэр ди тегъэщIапIэу. - Урыху къикIа щIалэм къытхуихьа хъыбарыр фIыт: Албэчрэ Даухъанрэ Урыху дэс я Iыхьлыхэм я деж щыхьэщIэну ягъэкIуа япхъу нэхъыжь Рае яхьауэ арат. ХьэгъуэлIыгъуэр щэбэт гъунэгъум траухуат, хъыбарегъащIэм уасэIыхыр ишэну и пщэрылът. А псом зыхуэгъэхьэзырыным махуитI фIэкIа къэнатэкъым. Ещанэ пщыхьэщхьэм уасэIыхыр Урыху кIуэнут. Даухъан дэ тIум пщэрылъ тщищIащ пщыхьэщхьэ хъуху, Мэлгъэбэг цIыкIум дынэсу, уасэIыхым хэту Урыху ягъэкIуэну я Iыхьлыхэм хъыбар едгъэщIэну. Дэри дахэтт апхуэдэ пщIэ къызылъысахэм. А зэманым автобус щыIэтэкъыми, гъуэгу дытехьэн ипэ, Даухъан дригъэдзэкъащ, икIи дигъэIущащ адыгэ хабзэм къызэрезэгъым хуэдэу зэрызытIыгъыным теухуауэ. Ди къуажэм къыщыщIэдзауэ пхъэ лъэмыжыжьым нэсыхукIэ гъуэгур егъэзыхыгъуэт. Лъэмыжым деж абы мащIэу зыкъыщиIэтыжырти, ижьырабгъумкIэ Iуащхьэ лъагэхэр къытету, сэмэгурабгъумкIэ тафэу екIуэкIырт. АдэкIэ Мэлгъэбэг къуажэ цIыкIум унэсыным километр зыбжанэ хуэдэ дэлъщ. Лъэмыжым къыщыщIэдзауэ, зы дакъикъэ 40 хуэдэкIэ къызэднэкIащ ари. Даухъан зи цIэ къриIуа и Iыхьлыхэр къэдгъуэтащ. Пэжыр жыпIэмэ, зыпэмыплъа хъыбар гуапэт яхуэтхьар. Асыхьэту Iэнэр къаузэдри, нэхъыжьри кърагъэблэгъащ. ЛIыжьым къуэрылъху къыхуалъхуауэ гуфIэгъуэ Iэнэм къыпэрашауэ арати, мащIэу ефа нэхъыжьым занщIэу къыгурыIуэщакъым дыкъыздикIамрэ хъыбар къахуэтхьар зыхуэдэмрэ. Зэрыхъум хуэдэу хъуахъуэурэ, куэд дэмыкIыу Iэнэм пэрысу ар Iурихащ. Аргуэру къраджащ нэхъ гъунэгъуу хьэблэм дэс зы нэхъыжь. Ари зы хьэгъуэлIыгъуэ гуэр хэтагъэнти, Iэнэм деж куэдрэ зыщимыIэжьэу, къыхуагъэгъуну лъаIуэри, щIэкIыжащ. КъызэрыджаIам хуэдэу, Анатолэрэ сэрэ псы IэфI фIэкIа дефэртэкъым. Ди благъэхэм дзыхь ящIакъым ещанэ нэхъыжьыр къраджэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ари ипэ итаитIым хуэдэу гуфIэгъуэ Iэнэ пэрысагъэнкIэ зыхуэIуа щыIэтэкъым. ХьэгъуэлIыгъуэм ягъэкIуэнум и бжыгъэмрэ ар къызытехуэхэмрэ яубзыхухукIэ, жэщыр сыхьэт ещанэм нэблэгъат. Зыдгъэпсэхуну дагъэгъуэлъами, нэхъ щIэхыжу дыкъагъэушыжри, гъуэгу дыкъытрагъэувэжащ. Пщэдджыжьым сыхьэти 8-м дынэсыжащ Къаншыуей. ТхузэфIэкIам дрипагэу, Даухъан ди зекIуэр къызэрыдэхъулIам и хъыбар хуэтIуатэри, Толэ ди къуажэм и Iэгъуэблагъэр езгъэцIыхуну дэсшащ. СыпIащIэрт абы ди курпыпсыр, щхьэлыр, клубыр, ди щIыпIэ дахэхэр езгъэлъагъуну. КъыкIэлъыкIуэ махуэр щэбэтт. УасэIых кIуэнухэр къызэхуэсащ. Къуажэ колхозым иIэ «ЗИС» хьэлъэзешэ машинэшхуэ закъуэм зидгуашэри, дежьащ. Дызышэр машинэ псынщIэу къехуэкIыныр зи лъым хэт Гъыдэ Сэлэдинт. Ауэ ар нобэ нэхъ сакъырт. ЦIыху 30 хуэдэ зэрыс машинэр хуэму ихурт. Урыху дыщынэсам пщыхьэщхьэхуэкIуэ хъуат. ХьэгъуэлIыгъуэм хэт псори зэжьэр, дауи, дэрати, гуфIэу пшынэ макъамэкIэ къытпежьащ, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ нэфIэгуфIэу къызэдэфэу щIадзащ. ЦIыхухъухэр пэщ щхьэхуэмкIэ ирагъэблагъэри, нэхъ щIалэхэр лэгъунлеймкIэ дыщIашащ, япщэфIам щыщ къытIуагъэхуэну. Ди ныбэ из зэрыхъуу, Толэрэ сэрэ пщIантIэм дыкъыдэкIащ зытплъыхьыну. Урыху псы уэрым и Iуфэр зэдгъэлъэгъун хуейтэкъэ! Жэщ кIыфIым адэ жыжьэу къызэпхыIукIырт псым и ушэ макъыр. Куэд хуейт ди курпыпс чэнж цIыкIур абы щIэрыхьэным. Псыежэхым и даущ макъым дыщIэдэIукIыу дыздэщысым, Толэ къыдеджэ и ныбжьэгъухэр къыIухьащ. КIуэрыкIуэм тету шыпсэ гуэрхэр яхузэхэслъхьэурэ урысыбзэкIэ ахэр къезгъэдаIуэрти, сызэпаплъыхьырт къагурымыIуэу. Джылахъстэнейм сызэрыщыщыр зым къызэрищIэу, къызэрызэплъамкIэ къызгурыIуащ игу сызэрыримыхьар. КъызэрыщIэкIамкIэ, ари дэ дэщхьу зэгуэр уасэIыхым хэту Ботэщей къуажэ къэкIуауэ щытат. Къуажэ щIалэжь цIыкIухэм ар жэщым залымыгъэкIэ тутей жыгым драхуейри, зэи абы къыпымыкIа балийм ягъэлъыхъуат. ИужькIэ щыдыхьэшхыжу «балий мыхъу ухуейкъэ?» - жаIэурэ ягъэбэмпIэжат. Шэч хэмылъу, ар къищIэжат абы, Джылахъстэнейм сызэрыщыщыр щызэхихым. Зы тэлайкIэ ар къытIэщIэмылъагъуэжу ткIэщIэкIуэсыкIащ, арщхьэкIэ куэдри къэмыту, кIэртIофрэ кхъуейлъалъэрэ зыдэлъ хьэлывэ пщтырхэр иIыгъыу къыIухьэжащ. Урыху псы Iуфэм щызэхуэса щIалэгъуалэм къахуригуэшэкIыурэ си деж къыщысым, ар къызэупщIащ нэхъ сфIэфIымкIэ. ЖысIащ къуейлъалъэ зыдэлъыр нэхъ къызэрысщтэр. ПIырыпIыжу езыр пщтыррэ пщтыру абы зы къысхуишиящ. АпхуэдизкIэ абы си гурыIупсыр къигъэкIуати, занщIэу седзэкъащ. МафIэ къызжьэдадзами ярейт, си жьэ кIуэцIыр зыгуэрым кърисыкIырти. Си бзэгур схуэмыгъэхъеижу асыхьэтым сищIащ. Толэ къысIэщIэна хьэлывэ ныкъуэр къысIэщIипхъуэтри, залым къызэзыхыу щIэпхъуэжа щIалэ къуейщIейм кIэлъыжащ. Хьэлывэм шыбжий сыр дыдэ далъхьауэ къыщIэкIащ. АпхуэдизкIэ сигъэгузэвати, псыежэхым IэгукIэ псы къыхэсхыурэ сефэрт, нэгъуэщI Iэмал къысхуэмыгъуэту. Толэ жэри сэхуран дагъэ къысхущIихащ унэм. Си гуапэ хъуат ар къызэрысщхьэщыжар. КъызэрыщIэкIамкIэ, хьэлывэ ныкъуэр езы щIалэм абы иригъэшхыжат. АпщIондэху жэщыр хэкIуэтащ, сыхьэт 12-р екIуэкIыу къыщIэкIынт. Ди гупым ежьэжыну зигъэхьэзырами, бысымым куэдрэ даIыгъащ дыкъыдамыгъэкIыжу. Толэрэ сэрэ нэхъыжьхэр зыщIэсымкIэ драджэри, дунейм тет хьэпшыпыр (сабын, гъуджэ, дыху, лъэпэд, бэлътоку, мажьэ, н.) зыкIэрапха тепхъуэр къыткIэралъхьащ, а псом и щIыIуж сом щырыщ къытхутралъхьэжащ (а зэманым ар ахъшэфтI, зы гъуэншэджрэ кIэстумрэ къыщIэкIырт). УтыкумкIэ уплъэмэ, благъэщIэ зэхуэхъуахэр кIыхьлIыхьу зэпсалъэрт, къафэр зэпыуххэртэкъым. Сытми, жэщым сыхьэтищыр екIуэкIыу Урыху дыкъыдэкIыжащ, къуажэм дыкъыщысыжар нэхущырщ. Шыбжийм ирагъэса си бзэгур иджыри мафIэм илыгъуэрт, уеблэмэ махуэ зыбжанэкIэ бжьыбжьыр хэкIыжатэкъым. А уасэIыхыр сэ си гъащIэ псокIэ сигу къинэжынтэкъэ! Толэ хьэгъуэлIыгъуэм и ужькIэ зы илъэс 30 хуэдэкIэ слъэгъуауэ къыщIэкIынкъым. ЗэрымыщIэкIэ Арщыдан къуажэ дыщызэхуэзэжати, зы жьэу тIури дыкъэпсэлъат: «Кхъуейлъалъэ зыдэлъ хьэлывэ пшхынт?» - жытIэри… БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|