КъызыхэкIа лъэпкъыр сыт щыгъуи иригушхуэнущ

Шортэн Аскэрбий ТIэхьир и къуэр 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ, Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэр (Налшык), Театр гъуазджэм и институтым и режиссер къудамэр (Москва) къиухащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэтащ, зэуапIэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ орден, медаль зыбжанэ къратащ. Зауэм и ужькIэ Аскэрбий щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым - къэбэрдей литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ я къудамэм я унафэщIу. Абы и зы дэтхэнэ  тхыгъэми лъэпкъ литературэм увыпIэ щхьэхуэ щиубыдащ.

 

«Аскэрбий и драмэ  тхыгъэхэм нэхъ гу зылъозыгъатэу хьэлэмэтагъ хэлъхэм ящыщ зыщ и бзэр зэIубзу, тэрэзу IуэрыIуатэм  и «хьэл» хэту зэрыщытыр, бзэм къулейгъэу иIэр IэкIуэлъакIуэу къызэригъэсэбэпыфыр,  персонажхэм дэтхэнэ зыми  псэлъафэ яIэжу, зыр адрейм  и псэлъэкIэкIэ  темыхуэу зэрыщытыр, - жеIэ КIурашын БетIал. -  Абы къищынэмыщIауэ, и IэдакъэщIэкIхэм я кIыхьагъкIэ, вагъуэр уафэм зэрипхъам хуэдэу хэпхъауэ, идиоматическэ жыIэгъуэхэр, куэд къызэрыкI, щIагъыбзэ зыщIэлъ  псалъэхэр, псалъэжьхэр хъушэу хэтщ. Ахэр  лъэрызехьэу авторым  къызэригъэсэбэпым къешэ хьэл зэхуэмыдэ зиIэ цIыху зэмылIэужьыгъуэхэм я  образхэр, хужыпIэ мыхъун  жыхуаIэм хуэдэу, нэгъэсауэ зэрызэхилъхьэр, дэгъуэу къызэрыритхэкIыфыр.

         Зи гугъу тщIа хьэлхэр къыщыбгъуэтынущ икIи а псори  епхьэлIэ хъунущ  Шортэным и дэтхэнэ пьесэми.

Драматургиер  литературэм  и жанр  нэхъ гугъу дыдэу къалъытэмэ, прозэр литературэм и жанр нэхъыщхьэщ. Литературэм игъуэта зыужьыныгъэр зыхуэдизыр, абы и къарур, и лIыгъэр псом хуэмыдэу къызэрапщытэр прозэрщ. Ари  фIыуэ къыгурыIуэрт Шортэным. Аскэрбий и  прозэм хэтщ  очеркхэр, гъуэгуанэ тхыгъэхэр, публицистикэр, фельетонхэр, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа статьяхэр. А псоми ебэкIыу къэплъытэ хъунур  рассказырщ. ГушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIа рассказ шэрыуэхэр япэу ди литературэм къыхэзыхьар Шортэнырщ. Абыхэм ящыщщ «Хэтхэ я унэ къанжэ тес?», «ФатIимэт пшынэр егъэгъуагъуэ», «МэцIыхъу зегъэхъу», «Телефон псалъэкIищ», «Уэлэхьи, пэжтэм», «Малъхъэтешэ», нэгъуэщIхэри.

         Аскэрбий и «Бгырысхэр» романым и джэлэсыр Нэгумэ Шорэ и гъащIэр къызэрекIуэкIарщ, ауэ тхакIуэм хузэфIэкIащ XIX лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ куэд къигъэлъагъуэжын,  адыгэ лъэпкъым и  тхыдэм и щхьэтепхъуэр трихын. Шэч зыхэмылъыжращи, «Бгырысхэр» романыр Шортэн Аскэрбий  и гъащIэм и гуащIэ  нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунущ.  Апхуэдэуи IуэрыIуатэм  хэт мифологием  япэу тхылъ тезытхыхьауэ  щытар  шэрджэс щIэныгъэлI Мыжей Михаилрэ къэбэрдей щIэныгъэлI  Шортэн Аскэрбийрэщ. IуэрыIуатэм къыдэкIуэу, Шортэным куэд хузэфIэкIащ ди лъэпкъ литературэм зиужьын папщIэ. Шортэным критикыу е  литературоведу зэи зилъытэжу  щытакъым, ауэ ди тхакIуэхэм я тхылъыщIэ къыдэкIахэм теухуауэ  пIалъэ-пIалъэкIэрэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ «Ленин гъуэгу» газетымрэ тхыгъэ хьэлэмэхэр къытригъадзэрт.  Ди литературэм и тхыдэр  зыджыжхэм  сыт щыгъуи къащхьэпэнущ Аскэрбий и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэу «Япэ лъэбакъуэ зычахэр», «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм теухуа очеркхэр» тхылъхэр.

Хэт  дежкIи гурыIуэгъуэщ Шэртэн Аскэрбий  емышыжу ди лъэпкъ  гъуазджэм  зэрыхэлэжьыхьар. Ар драматург лъэщт, режиссер хъарзынэт, театровед цIэрыIуэт. Шортэныр хуабжьу набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъырт ди театрым и лэжьыгъэм,  ягъэув спектаклхэм хъуамрэ мыхъуамрэ зэхигъэкIыу рецензэ яхуитхырт. Абы къищынэмыщIауэ, артистышхуэхэу ДыщэкI КIунэ, Сонэ Мухьэрбий, Болэ Мурат сымэ къакIуа творческэ гъуэгуанэр иубзыхуу художественнэ очерк хьэлэмэтхэр итхырт, Къэбэрдей-Балъкъэрым и драматургиемрэ гъуазджэмрэ  ятеухуа тхылъ щхьэхуэ  итхырт, къыдигъэкIырт. А зи  гугъу сщIа псори  ди лъэпкъ  щIэныгъэ  тхыдэм и пхъуантэдэлъ  нэхъыфIхэм ящыщщ.

         Шортэн Аскэрбий  творческэ гъуэгуанэшхуэ къикIуащ, куэд илэжьыну хузэфIэкIащ. Къэбэрдей литературэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм абы хэлъхьэныгъэ хуищIа лэжьыгъэшхуэхэм къызыхэкIа лъэпкъыр сыт щыгъуи иригушхуэнущ».

         Безрыкъуэ Данэ.

 

Поделиться: