ЦIыхум ягу къина къулыкъущIэ

Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, илъэс 24-кIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлажьэ «Хэку» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу илъэс 15-кIэ лэжьа, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къалэ къудамэм и тхьэмадэ къалэныр илъэс куэдкIэ зыгъэзэщIа Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр къызэралъхурэ нобэ илъэси 100 ирокъу. Ар 1924 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Аушыджэр, пасэм ДыгъужьыкъуейкIэ зэджэу щыта жылэжьым, къыщалъхуат. Илъэс 95-рэ псэуауэ 1919 гъэм и дыгъэгъазэм ар дунейм ехыжащ.

КъулыкъущIэ IэнатIэ куэд пэрытащ Ефэндыр, абыхэм ящыщу Iэпэдэгъэлэлу зыхущыта щыIэкъым, дэтхэнэми и гур, и псэр етауэ хузэфIэкI илэжьащ. Зы цIыху къыпхуэгъуэтынкъым Джылахъстэн щхьэхуещэу, мылъку щIэбэну, дэIэпыкъуэгъу зыгуэркIэ хъуфыну къигъэнауэ илъэгъуауэ е зэхихауэ. Абы къегъэлъагъуэ адыгэлI нэсу, щIэныгъэлIу, цIыху зэпIэзэрыту, губзыгъэу дунейм тета Джылахъстэн и напэ емыплъу зы лъэбакъуи зэримычар.

И къекIуэкIыкIамрэ и дуней тетыкIамрэ, и IуэхущIафэмрэ акъылымрэ, и хьэлымрэ и щэнымрэ куэд хужыпIэфынущ. Ауэ ар дэ нэхърэ нэхъыфIу къэзыIуэтэфынухэр, Ефэндыр и щхьэкIэ зыцIыхуу щытахэр, дэлэжьахэр щыIэщи, абыхэм я псалъэ къэтхьмэ нэхъ тфIэигъуэщ.

         Мыз Мае, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист: - Ефэнды Джылахъстэн къыщIэнащ архив телъыджэ, и IэдакъэщIэкI тхылъхэр, тхыгъэхэр, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщипсэлъахэр, сурэтхэр, нэгъуэщI куэди. Ахэр Архив IуэхущIапIэм и гъэтIылъыгъэ хъуащ.

И гъащIэ гъуэгуанэр къызэщIикъуэжу томитI хъууэ къыдигъэкIа «Илъэсхэр. КъэхъукъащIэхэр. ЦIыхухэр» тхылъыр сыт и уасэ?! Ар псалъэухаитI-щыкIэ пхужыIэнукъым. Тхылъым щызэхуэхьэсащ и гъащIэм къриубыдэу здэщыIа щIыналъэхэм кърата гупсысэхэри, зыщрихьэлIа цIыхухэри, зригъэкIуэкIа Iуэхухэри, ди республикэм щилэжьахэри къэзыгъэлъэгъуэж тхыгъэхэр. Дэтхэнэ и зы Iуэхуми удихьэхыу, купщIафIэу, дагъуэншэу, абы щыгъуэми егъэлеиныгъэрэ щхьэщытхъугъэ лъэпкърэ хэмылъу. Джылахъстэн икъукIэ цIыху щхьэпэу, цIыхушхуэу, гъащIэм и пIалъэ фIыуэ ищIэу, зэхэщIыкI лъагэ иIэу псэуащ.

Дау Марианнэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI: - Щэнхабзэм, лъэпкъым псэемыблэжу бгъэдэтащ Джылахъстэн. И щхьэ Iуэху зэрихуэу, улахуэ хъарзынэ къыIэрыхьэу и лэжьапIэ пэшым щIэсахэм е къулыкъукIэ къыхуагъэфэща машинэм ису зигъэлъагъуэу дэтахэм ар ящыщкъым. АпхуэдизкIэ лIы лъэщт, губзыгъэт, гъэсати, щIэлажьэр ищIэу, зыхуэлажьэр ищIэу, цIыхубэм къулыкъу зэрахуищIэр къыгурыIуэу, жылагъуэм щэнхабзэ яхэлъын зэрыхуейр къыгурыIуэу псэуащ. ИкъукIэ акъылыфIэт, цIыху дахэт.

Зырызыхэу, ди Iэпэр иубыдурэ дыкъыхишри, дригъэджащ, Хэкур зэрыгушхуэн, Музыкэ иухуэм театрым щылэжьэн IэщIагъэлIхэр иIэн папщIэ. ДыщIигъэтIысхьэкIэ и къалэныр абдеж щиухауэ зэи къилъытакъым, институтым, консерваторэм псэлъэнут, ди Iуэху зыIутым щIэупщIэнут. Зэчий зыбгъэдэлъ цIыхумкIэ егъэлеяуэ псэ махэт, цIыху угъурлыт. Абы зригъэхъулIэфам хуэдэ хузэфIэкIауэ, абы щыгъуэми ди республикэ цIыкIум хуэдэ щIыналъэм и деж, куэд щыIэу си фIэщ хъуркъым.

Профсоюзым псэуху хэмыкIауэ, и нэIи къыттримыгъэкIауэ дунейм ехыжащ Джылахъстэн, УФ-м и Профсоюзхэм я дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр, дыщэ бгъэхэIур, хуагъэфэщауи щытащ.

Я насыпщ сыткIи зэгъэпэща а лIы телъыджэр къызыхэкIа Ефэнды лъэпкъми, ар адэу къызыщхьэщыта и пхъуитIми, зи адэшхуэ пхъурылъхухэми. И ужьыр махуэ Тхьэм яхуищI!

ЩакIуэ Марьянэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, ЩоджэнцIыкIу Алий и унэ-музейм и унафэщI: - Ефэнды Джылахъстэн иригъэщIа ухуэныгъэхэм ящыщщ Лъэпкъ музейр. Хэкухутэ музей жаIэу диIэр Iейуэ фэншэт, лъэпкъым хуэмыфащэу. Арат ди республикэм абы щыгъуэ и унафэщI Мэлбахъуэ Тимборэ и жэрдэмыр щIрихьэлIар. Налшык дэт Музыкэ театрри, Пионерхэм я унэкIэ зэджэу щытауэ иджыпсту Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я уардэунэри, Культпросвет училищэр зыщIэсауэ иджыпсту Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтри езыгъэщIар Ефэндыращ.

Ди щIыналъэм и профессиональнэ щэнхабзэр дуней псом езыгъэлъэгъуар Джылахъстэнщ. Апхуэдэу республикэм, щэнхабзэм епхауэ Iуэху гуэр къаIэтмэ, абы и жэрдэмщIакIуэу, псори лъэпкъым хуищIэну хуейуэ псэуам, си щхьэкIэ фIыщIэ жыг хадэ хухэссэнт.

P. S. Ефэнды Джылахъстэн зыцIыхуу, лэжьыгъэ IуэхукIэ зыхуэзыгъазэу щытахэм сащыщщ сэри. Дэтхэнэ зы цIыхуми жиIам егъэлеиныгъэ мащIи зэрыхэмылъымкIэ щыхьэт сыхъуфынущ.

И щхьэ теухуауэ къысхуэпсэлъэну зэи идакъым Джылахъстэн, зыбжанэ селъэIуа пэтрэ. Ауэ и гукъэкIкIэ иригъэщIа, къызэIуригъэха щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм, уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутым, нэгъуэщIхэми и гуапэу къыпхутепсэлъыхьырт. ЗгъэщIагъуэрт абы и гурыхуагъэр. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа «Илъэсхэр. КъэхъукъащIэхэр. ЦIыхухэр» тхылъитI хъу лэжьыгъэм ит псори гукIэ ищIэжырт, зи унафэм щIэта къулыкъущIэхэм и мурад гуэр пхигъэкIыну хуейуэ защыхуигъазэкIэ, къыхищыпыкIыу щыта псалъэ дыгъэлхэр игу къыщигъэкIыжкIэ мащIэу пыгуфIыкIырти: «Апхуэдэу фIэкIа хъунутэкъым», - жиIэрт. Си зыгъэпсэхугъуэу къыдэкIат а тхылъри, си цIэ-унэцIэмрэ хъуэхъу псалъэрэ тритхэри ди редакторым, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, къритат къысIэригъэхьэжыну. АрщхьэкIэ темыпыIэу сыкъыщыдэкIыжа махуэ дыдэм къэкIуащ тхылъитIыр иIыгъыу: «ЗыгуэркIэ Мухьэмэд къыщыгъупщэмэ жысIэри къыпхуэсхьащ», - къызжиIащ. ХьэфIыцIэми щыгъупщэжакъым, иджы тIур унэм, тIур си лэжьапIэ пэшым щIэлъщ Ефэндым и гъащIэм, гукъэкIыжхэм, цIыху цIэрыIуэу зэгуэр Iуэху зыдищIахэм я IуэхущIафэм щIэх-щIэхыурэ сыщагъэгъуазэри.    

Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.       

   

Поделиться: