Хэку сурэтыщIДыгъу Айтэч Тыркум къикIыжауэ куэд щIауэ Мейкъуапэ щопсэу, нэгъуэщI щIыпIэ къызэрыщалъхуари щыгъупщэжауэ, и хэкужь щолажьэ, щошхэж, уеблэмэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуещI. НэщIэпыджэ Замирэ: Айтэч, дызэхуэмызами, уи цIэкIэ, уи IэдакъэщIэкIхэмкIэ удоцIыху, хэкужьым укъыщалъхуами ярейуэ, ухэсыхьыжауэ адыгэ хэгъэгум ущопсэу. Дауэ къэбгъэзэжа хъуат адэжь щIыналъэм? Дыгъу Айтэч: Ди унагъуэкIэ хуабжьу дыхэкупсэщ. Иджыри хэкум къакIуэ-кIуэж щымыIэу, ди хъуэпсапIэ нэхъыщхьэт адэжь щIыналъэм дыкъэкIуэжыныр. Абы щыгъуэм ауи нэгум къыщIэгъэхьэгъуейт мыбы дыкъэIэпхъуэжыфыныр. Ар 70 - 80 гъэхэрат, итIанэ 90 гъэхэр къосри, мы къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр къыщохъу. Си адэм унафэ ещI хэкужьым сыкъэкIуэжу, еджэным щыпысщэну. Тыркум къикIыу Мейкъуапэ япэ дыдэу къэкIуа студентыр сэращ. Зы илъэсрэ ныкъуэрэ дэкIри, си адэ-анэри, къыздалъхуахэри къэIэпхъуэжауэ щытащ. Самсун университетым ХудожествэмкIэ и факультетым графикэм сыщыхуеджэу сыкъыщIэкIыжри, Мейкъуапэ дэт колледжым сыкъыщIэтIысхьат. Ауэ Совет Союзым и егъэджэныгъэ ухуэкIэр апхуэдизкIэ нэхъ зэгъэпэщати, колледжым къыщыдат щIэныгъэр куэдкIэ нэхъ куут, тырку университетым ейм нэхърэ. Абы къыхэкIыу зыкIи сыхилъэфакъым. СыкъызэрыкIуэжу, «Налмэс» ансамблми къэфэн щыщIэздзат, ар сызэрыцIыкIурэ си хъуэпсапIэти. 90 гъэхэр тыншу щытакъым мы къэралым дежкIэ, сэри ахъшэ къэзлэжьын мурадкIэ, ди деж лэжьыгъэ IуэхукIэ къакIуэ тырку хьэрычэтыщIэхэм тэрмэшу садэлажьэу щIэздзащ. Ауэрэ Москва сыкIуэри, Тырку компанием Урысейм щиIэ IуэхущIапIэм и унафэщIу илъэс 12-кIэ сыщыIащ, къали 196-м дадэлажьэу. Сыт хуэдэ Iуэху сыпэрымытами, си сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ фIыуэ слъагъу IэщIагъэм си Iэр хуэкIуэрт, сытым дежи сурэт сщIырт. Уеблэмэ, а компанием сыщыщылажьэм алэрыбгъу къыдэзгъэкIауэ щытащ. А лъэхъэнэм тыркухэм я алэрыбгъухэр Бельгием ейхэм тращIыкIыу арат. Ауэ си дизайныр къызэралъагъуу, езы бельгийцхэм япхъуэтауэ щытащ сэ сщIар. Аслъэныкъуэ Мадинэ: АтIэ хьэрычэт Iуэхум укъыхэкIыу дауэ ухуэкIуэжа сурэт щIын IэщIагъэм? Дыгъу Айтэч: А зэманым сщIы сурэтхэр си ныбжьэгъухэм яхузэбгрезгъэхырт, ауэрэ социальнэ сетьхэми къралъхьэу хуежьэщ, си IэдакъэщIэкIхэр куэдым ягу дыхьэри, къызэлъэIуу хуежьащ. АхъшэфI къэблэжь щхьэкIэ, абы насыпыфIэ уищIыркъым, уи псэр нэгъуэщI зыгуэрым щыхуэхъуапсэм деж. Сэ къызгурыIуащ насыпыфIэ сызыщI Iуэхум сыпэрыхьэжын зэрыхуейр. ИкIи 2013 гъэм Адыгейм къэзгъэзэжри, сурэт сщIыуэ щIэздзащ, гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэзгъэпэщу екIуэкIащ. Ар цIыхухэм зэрафIэгъэщIэгъуэным нэхъыбэжым сытригъэгушхуэрт. НэщIэпыджэ Замирэ: Сыт хуэдэ Iуэхугъуэм утетхыхьыныр уи псэм нэхъ къищтэрэ, сыт хуэдэ сурэтхэра уи IэдакъэщIэкIхэм нэхъ къебэкIыр? Дыгъу Айтэч: Ар, дауи, адыгэ Iуэхуращ. СыкъызыщIэтэджари сурэт IэщIагъэм сыхуэзышари адыгэ, лъэпкъ Iуэхурщ. Ди хабзэр, щэнхабзэр зыми ещхькъым, адыгэ мэзхэр, къуршхэр, къуажэхэмрэ жылэхэмрэ си нэгу щIэт зэпытщ. Спенсер Эдмунд, Белл Джеймс, Кавказым къэкIуа нэгъуэщI зыплъыхьакIуэхэм ятха куэдым тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, урысыбзэкIэ сыкъеджащ сэ. Си щхьэм щызэзгъэзахуэрт, си нэгу къыщIэзгъэхьэрт адыгэхэм я псэукIар, цIыхухэм я дахагъыр, гуапагъыр. Сэ сыщыцIыкIум зэхэсхащ тыркухэм дакъызэрыщхьэщыкIыр, лъэпкъ дахэу дызэрыщытыр, шэч хэмылъу, абыхэм си гупсысэр зрагъэуIуащ. А псори си сурэт хужь-фIыцIафэхэмкIэ, графикэмкIэ, къэзгъэлъэгъуэжащ сэ. 2008 гъэм Налшыки щекIуэкIауэ щытащ си гъэлъэгъуэныгъэр, ар къызэригъэпэщат модельер цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ. Аслъэныкъуэ Мадинэ: Уи IэдакъэщIэкIхэм цIыху сурэт куэду хэтщ... Дыгъу Айтэч: Абы къигъэлъагъуэр гъащIэрщ. ЦIыхухэм я нэхъыбэми тхыдэ мыхьэнэ яIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пасэ зэманым сурэтыщIхэр, сурэттеххэр диIэу щытакъым, абы къыхэкIыу ди адэжьхэм я теплъэу, я шыфэлIыфэу ди деж къэсар мащIэщ. Сэ сыкъызэджэхэм си нэгу къызэрыщIагъэхьэм хуэдэу сощI а сурэтхэр. Адыгэхэм я закъуэкъым. Сыт хуэдэ лъэпкъым щыщ цIыхури Iуэхури аращ - а псори упсэуну къару къозытщ. Сэ зыплъыхьакIуэ сыкIуэну сфIэфIщ. Италие, Испание, Португалие къэралхэр фIыуэ солъагъу, щIэх-щIэхыурэ Бельгием, Франджым сокIуэ, нэгъуэщI куэдми сыщыIащ. Италием и закъуэ и къалэ 42-м къыщыскIухьащ, псори зэхэту къапщтэмэ, къали 120-м сыщыхьэщIащ. Сыт абы къызитыр? А зекIуэхэм псэукIэр щызыбогъэлъагъу, лъэпкъ щыIэкIэр, бзэхэр щызыбогъащIэ, щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызыбогъэцIыху, гупсысэкIэр ешэщI. Уи къэухьым зрегъэужь абы икIи сэбэпышхуэ къыпхуохъу. Абы къыхэкIыу цIыхум си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ - и плъэкIэм, и псэлъэкIэм, и хьэлым. Ар зыгуэрым иужь иту къэзгъэлъэгъуэныр сфIэфIщ, псалъэу, къафэу, джэгуу, къикIухьу е Iуэху ищIэу. Мис аращ гъащIэ хъужыр. НэщIэпыджэ Замирэ: Лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр солъагъу блыным тещIыхьауэ, «Адыгэ макъым» и хьэщIэщми щытлъэгъуащ уи IэдакъэщIэкI...
Аслъэныкъуэ Мадинэ: Вампирхэм, удхэм ятеухуауэ пщIа сурэтхэр утыку къыщипхьам куэдым телъыджэ ящыхъуат. - Дуней псом щыцIэрыIуэ зыплъыхьакIуэ Челеби Эвлия етхыж 1600 гъэхэм Кавказым удхэр, къэзылъэтыхь вампирхэр щилъэгъуауэ. Дуней псом мелуан бжыгъэкIэ фильмхэр щытрахащ абы, доллар мелард бжыгъэхэр трагъэкIуадэу. Илъэс 300 ипэкIэ Челеби итхащ Кавказым апхуэдэ образхэм щрихьэлIауэ. ИужькIэщ абыхэм ирланд тхакIуэ Стокер Брэм щытетхыхьар. Адрей тхыдэ сурэтхэр си нэгу къызэрыщIэзгъэхьэм хуэдэу, Челеби итхыжахэм къахэсхауэ аращ а сурэтхэри. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
02.12.2024 - 15:00 →
Благъуэр ежьэжынущ
02.12.2024 - 11:46 →
Зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэву
02.12.2024 - 11:44 →
Нобель и саугъэтыр зратахэр
29.11.2024 - 14:28 →
ФIыхэм я нэхъыфIыж Сэнэ Мухьэрбий
27.11.2024 - 15:25 →
Театр гъуазджэм и хормейстер гъуэзэджэ
|