Лъэпкъыр щызыгъэIэ бзэр зыхъумэ, литературэбзэ къабзэм и джакIуэу унагъуэхэм ихьэ, анэдэлъхубзэм и IэфIагъымрэ беягъымрэ цIыхухэм зыхезыгъащIэ «Адыгэ псалъэ» газетым адыгэбзэкIэ хъыбархэр зэрызэбгригъэхым, бзэм и хъумакIуэ пажэу дызэриIэм, зи гугъу сщIа къалэнхэр игъэзащIэу къызэрыгъуэгурыкIуэм нэмыщI, сэ и гугъу сщIыну сыхуейщ абы дунейм адыгэу тетыр зэрызэпищIэм. Абы теухуа япэ лъэбакъуэр илъэс 40 ипэ ячауэ щытащ газетым щылэжьахэм. А зэманым къигъэувырт гъащIэм зэкъуиуда лъэпкъыр зэрызэрыцIыхужын Iуэху гуэрхэр лэжьын хуейуэ. Илъэс 14-кIэ «Адыгэ псалъэ» (»Ленин гъуэгу») газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Мэзыхьэ Борис и жэрдэмкIэ къыхилъхьэщ, ар Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Ленин нурым» и редактор нэхъыщхьэ Къардэн Мухьэмэд, АР-м къыщыдэкI «Социалистическэ Адыгей» газетым и унафэщI Мэрэтыкъуэ Рэмэзан сымэ къыдаIыгъри, мазищ къэс зэ къыдэкIыгъуэ зэхэт ягъэхьэзыру хуежьащ.
Зэрагугъам нэхърэ нэхъ лъэщу къыщIэкIащ кърахьэжьа Iуэхур цIыхухэм къазэрыщыхъуар. Псом жаIэми зы лъэIу хэтт: номер зэхэтхэр дяпэкIи къыдэвгъэкI!
Абы щегъэжьауэ япэ журналист зэIущIэхэр республикищым чэзууэ щрагъэкIуэкI хъуащ. Абыхэм, адыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэм я лэжьакIуэхэм я мызакъуэу, республикэхэм, районхэм я унафэщIхэри, тхакIуэхэри къахыхьэрт. ИгъащIэм зэрымылъэгъуауэ зэхуэзэжа зэкъуэшхэр апхуэдизу гуапэу, IэплIэешэкIкIэ зэIущIэхэрти, пщIэнтэкъым абыхэм ящыщ куэдыр зэгуэр зэрымыцIыхуххэу щытауэ.
Абы лъандэрэ номер зэхэтхэм нэхъ гъунэгъу зэхуищIащ республикэхэм щыпсэу адыгэхэр, ахэр зэкIэщIэчауэ псэуми, зы лъэпкъыу зэрыщытыр ягу къигъэкIыжащ, зэкъуэувэжын зэрыхуейр ягу ирилъхьащ. Адыгэ тхыдэр джыным, адыгэбзэм зиузэщIыжыным, хэкуищым я социально-экономикэ щытыкIэм, гъащIэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа цIыхухэм щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ щIынымкIэ газетхэм зэфIагъэкIым и мыхьэнэр здынэсыр нобэкIэ къэлъытэгъуейщ.
Мы Iуэху щхьэпэм и псыпэр езышэжьахэм ящыщу къыхэгъэщыпхъэщ, Мэзыхьэ Борис зэрытхыжымкIэ, езыр я пашэу, КхъуэIуфэ Хьэчим, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ТIымыжь Хьэмыщэ, Брай Адэлбий, Уэрыш Нурхьэлий, Уэрдокъуэ Женя, ЖьэкIэмыхъу Маринэ («Адыгэ псалъэ»), ди къуэш республикэхэм щылэжьа журналистхэу Мэрэтыкъуэ Рэмэзан, ХьэщIэмыз Биболэт, БрантIы Казбек («Адыгэ макъ»), Къардэн Мухьэмэд, Дэбагъуэ Мухьэмэд, Шорэ Ахьмэд, Къантемыр Тыркубий («Черкес хэку») сымэ.
Зи гугъу тщIы зэдэлэжьэныгъэм зиубгъу фIэкIа, зы илъэси зэпамыгъэуауэ номер зэхэтхэр мазищ къэс зэ къыщыдокI Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм. Мы Iуэхум хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ илъэс 24-кIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Республикищым къызэдащта Iуэхум нэхъри зригъэужьри, Мухьэмэд къыдэкIыгъуэ зэхэтхэм къахигъэхьащ хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я деж, Краснодар крайм, къыщыдэкI «Шапсугия» газетымрэ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм Истамбыл къыщыдагъэкI «Жьынэпс» газетымрэ, зыбжанэрэ мы Iуэхум хэтащ Абхъазым къыщыдэкI «Апсны» газетымрэ КъШР-м щыIэ «Абазашта» газетымрэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, адыгэр щыпсэу хамэ щIыпIэхэми далъэIэс, дапыщIа хъуащ.
А зэпыщIэныгъэм IэмалыщIэхэр къыхуагъэсэбэпу щIадзащ иужькIи. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ, 2007 гъэм, бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм дунейр щыхуэкIуэм, «Адыгэ псалъэм» псом япэ сайт къызэригъэпэщауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ хэкум къыщыдэкI адыгэ газетым еджэфырт дэнэ щыпсэу адыгэри. Зэ текъузэгъуэкIэ лъэпкъ газетым и архив къулейм узыхуейр къыщыщIэбгъэщырт, дунейм и сыт хуэдэ щIыпIэм щыIэми, нобэ къыдэкIа «Адыгэ псалъэм» къыщеджэрт, зыхуей тхыгъэр тыншу кърахыфырт. Ар хуабжьу къыщагъэсэбэпырт анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэми. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зи гугъу тщIы сайтыр зэхуащIыжащ, абы къыщIэупщIэри, хуэныкъуэри зэрыкуэдым, дунейм зэрызиужьым емылъытауэ.
- Мэзыхьэ Борис иригъэжьа Iуэху дахэм ипэ дыдэм щыщIэдзауэ сыхэтащ, абы номер зэхэт 27-рэ къыдигъэкIауэ сэ къулыкъум сыпэрыхьати, номери 105-м щIигъу къыдэзгъэкIащ, - жеIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. - Нэхъапэм тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ зэхъуажэу щытамэ, сэ къыдэкIыгъуэ къэс зы Iуэхугъуэ хэха гуэрым тезухуэрт. Апхуэдэу номер зэхэтхэр дунейм къытехьащ адыгэ тхыдэм, истамбылакIуэм, щэнхабзэм и цIыху пажэхэм, адыгэ лIакъуэ пщыкIутIым, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм, адыгэ къуажэ ехьэжьахэм, убыххэм, Израилым, Сирием, Иорданием, Тыркум щыщ ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм, гъуазджэм и цIыху телъыджэхэм, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм, Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэм, Зауэм и ЛIыхъужьхэм, Адыгэбзэм и махуэм, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ятеухуауэ. НапэкIуэцI 12 - 16 хъу номер 20-м нэс къыдэзгъэкIащ - Къалмыкъ Юрэ, МэшбащIэ Исхьэкъ, Темыркъан Юрэ, Нало Ахьмэдхъан, Нало Заур, КъардэнгъущI Зырамыку, Къэшэж Иннэ, КIуэкIуэ Валерэ, ЩоджэнцIыкIу Алий (нап 32-рэ), КIыщокъуэ Алим, Шемякин Къардэн Михаил, Омер Сейфетдин, IутIыж Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ ятеухуауэ.
«Номер зэхэтхэр къыдэгъэкIыным дяпэкIи пыщэн хуейщ, адыгэр зэрыубыдыжыныр ди щIасэмэ», – жиIат Мэзыхьэ Борис. Апхуэдэ гурылъ дэтхэнэ зыми зэриIэм щыхьэт тохъуэ нобэр къыздэсым а лэжьыгъэм къызэрыпащэм. Къыпащэ къудей мыхъуу, нэхъри зэрызрагъэужьым и щыхьэтщ мы гъэм яча лъэбакъуэщIэр. Газетищым я журналистхэр хэгъэгухэм чэзууэ ягъакIуэурэ тхьэмахуэкIэ щагъэлэжьэну, гъунэгъу республикэхэм ис зэкъуэшхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм нэрылъагъуу зыщагъэгъуазэурэ щхьэж и газетым хъыбархэр къытридзэжыну зэгурыIуащ редакцэхэр. Налшык къалэ щекIуэкIа зи чэзу зэхуэсым апхуэдэ гупсысэ хьэлэмэтыр къыщыхилъхьащ «Адыгэ псалъэ» газетым и журналист пажэхэм ящыщ Чэрим Марианнэ.
«Журналист зэдэлэжьэныгъэ» проектым и япэ зэIущIэгъуэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, «Черкес хэку» редакцэм къыщыщIэддзащ, редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ дригъэблагъэри.
ТхьэмахуэкIэ дыщылэжьащ къуэш редакцэм, зэдгъэцIыхуащ КъШР-м ис цIыху цIэрыIуэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, псэукIэм зезыгъэужь ди лъэпкъэгъухэм дахуэзащ. КъШР-м и къалащхьэми, адыгэ нэхъыбэ зыдэс жылэхэми дыщыIащ а махуэ бжыгъэм къриубыдэу, куэдым дахуэзащ, зэдгъэцIыхуащ, интервью къеIытхащ, Iуэхур нэхъ зытегъэщIауэ щыта «Черкес хэкум» и илъэси 100-м гулъытэ хэха хуэтщIащ. Абы «Адыгэ псалъэм» и зы къыдэкIыгъуэ хухэтхащ. Зы мазэ нэхъ дэмыкIыу, Адыгэ Республикэм драгъэблагъэри, махуитхум къриубыдэу цIыху гъэщIэгъуэн куэдым дахуэзащ, адыгэ Iуэхур дэзыгъэкI, АР-м и цIэр фIыкIэ зыгъэIу, ди лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм къахэзыгъахъуэ цIыхухъухэр, цIыхубзхэр, щIалэгъуалэр зэдгъэцIыхуащ. Чэзур Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы къэсри, ди редакцэм щылэжьащ «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм къикIа журналист пщащэхэр.