Адыгэ лIакъуэхэр

2016 гъэм КъБГКъИ-м и тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Зихьни Зэкерие (Баж Жэбагъы) и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэм и псэукIэмрэ и хабзэхэмрэ» тхылъыр. Абы тхакIуэр зэпкърыхауэ щытопсэлъыхь адыгэхэр пщы, уэркъ, лъхукъуэлI, пщылI жиIэу зэщхьэщыкIыу зэрыщытам. 
«Пщы» псалъэр европейхэм, урысхэм «князь» фIэщыгъэцIэхэмкIэ тэрмэш ящI. Адыгэхэр муслъымэн мыхъу ипэ, пщыхэм лъэкIыныгъэшхуэ яIат. Пшынэжын IуэхугъуэкIэ лъхукъуэлIым (хуитыныгъэ зиIэ къуажэдэс) щхьэ тIощI, уэркъхэм щхьэкIэ щхьэ щэщI япшынмэ, пщыхэм папщIэ щхьэуэ щэ япшынырт. Дэтхэнэ щхьэми и уасэр хуитхэм папщIэ выуэ 8 - 10-уэ ябжырт, пщыхэм - вы 18-р уасэ хуагъэувырт. Пщым и къуэхэр ягъэпшынэрт пщылI щIалэкIэ.
Пщыхэр, езым и блыгущIэтхэр и гъусэу, къуажэ хэхам дэст, «Къуокъу» жыхуаIэ къуажэдэсхэм пщым хуалэжьын хуейуэ Iуэхугъуэ гуэрхэр яIэт. Мис ар Мистер Белл зэритхыжар: «Пщыхэм я тетыгъуэ лъэхъэнэм, и блыгущIэт уэркъхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ и гъусэу, гупышхуэу зекIуэ кIуэныр и хабзэт. ЛъэпкъыфIым хабжэхэрат пщыхэм дэшхэфыну хуитыныгъэ зиIэр. Пщыхэр куэдрэ псэлъэныр хабзэм къемызэгъыу зэралъытэм щхьэкIэ, пщыр щагъахьэщIэ пэшым лъэпкъыфIым къыхэкIауэ щIалэ зытIущым щхьэгъэрыт IэнатIэр ягъэзэщIэныр я хабзэт. 
Пщы зиIэ къэбэрдей, бжьэдыгъу, кIэмыргуей, хьэтыкъуей лъэпкъхэм я пщым хеящIэм и IэнатIэр игъэзащIэмэ, цIыху зыукIахэр щэныр, нэгъуэщI тезыр тралъхьэныр пщы зимыIэ адрей лъэпкъхэм я хабзэм тет хуэдэу ящIырт. Пщыхэм я жылэхэм хьэкътын къыIахыртэкъым. А лъэхъэнэм Адыгэ Хэкум лъэпкъ зыкъому щыпсэуа тхьэмадэхэм ящIа зэIущIэмкIэ пщышхуэр хахти, мыбы папщIэ «Пщыхэм я пщыж» жаIэрт. 
Иналышхуэр пщым я пщыжт, псалъэм папщIэ. ЗэфIэкIыныгъэрэ хахуагъэрэ зыхэмылъ е мыхъумыщIагъэ зылэжьа пщыхэр трагъэкIуэтырт. Мыбыхэм трагъэкIуэта мыхьэнэ къикIыу Пщы техужакIэ еджэрт. 
ЛIакъуэлIэш жыхуаIэхэм я нэхъыбэр нобэ уэркъхэращ, зы лъэхъэнэ гуэрым пщыуэ щытахэу. «Уэркъ» псалъэм хуэщIауэ псэу, лъэпкъыфI жиIэу аращ къикIыр. Адыгэхэм я деж уэркъыгъэр апхуэдэу зы тетыгъуэщи, мы тетыгъуэр игъэзащIэ Iуэхугъуэм щхьэкIэ пащтыхьхэм ирата-хуагъэфэща тетыгъуэм зыкIи ещхькъым. Мыхэр хэкумрэ лъэпкъымрэ я пажэ пэтми, икъукIэ щэныфIэхэщ, гущIэгъу яхэлъщ, тэнкIэ къикIуэтхэкъым, лIыхъужьхэщ, икIи шыIэ яхэлъщ. Я щхьэм и пщIэр ящIэж, куэдрэ псалъэркъым, Iуэху къэхъугъэм и псалъэ химылъхьэу поплъэ, гупсэхуу йодаIуэ, зауэм щыкIуэкIэ, шу пашэщ, къыщигъэзэжкIи дзэм и шуукIэщ. 
Мыпхуэдиз хабзэ хэIэтыкIа зыхэлъ уэркъым и уэркъ напэр ихъумэу, губзыгъэу, мыбэлэрыгъыу, и лIыгъэр къигъэлъэгъуэным хуэмыпIащIэу, Iеягъэ яримыгъэлэжьу, езыми апхуэдэ къыIэщIэмыщIэу псэун хуейщ. Iуэху мыщхьэпэхэр зэгурыIуэныгъэкIэ зэфIигъэкIыу, жылэм щахэтым зы къуажэ щIалэжь хуэдэу, къызэрыгуэкI зы цIыхуу, езым ифI къимылъыхъуэу, и лъэпкъым, и хэкум щхьэкIэ мэлажьэ, и псэри ет. Уэркъхэм мы къедбжэкIа Iуэхугъуэхэр мыбэлэрыгъыу ягъэзащIэ. 
Уэркъхэм, мы къедбжэкIа Iуэхугъэхэм я нэIэ трамыгъэтмэ, зэуапIэм лIыгъэ къыщамыгъэлъагъуэмэ, нэгъуэщIхэм тегушхуэмэ, я щIыхьыр хэутэн ищIмэ, и уэркъыгъэри, и тетыгъуэри адыгэ псоми IэIэткIэ трахыж. Адыгэхэм я деж зы уэркъым ищIа емыкIур жылэм дежкIэ емыкIушхуэу ялъагъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уэркъхэм мыхъумыщIагъэ ямылэжьу ялъытэ. Абы щхьэкIэ дэтхэнэ уэркъри мыбэлэрыгъыу зыхуэсакъыжын хуейщ. Зэпымыууэ и щIыхьыр, и напэр ихъумэн щхьэкIэ IуэхугъэфI Iэджэми хон.
Уэркъхэм Iуэху ящIэкIэ я щIыхьри, я тетыгъуэри, я лъэпкъыфIагъри хэутэн хъуркъым. Жылэм дежкIэ и щIыхьыр нэхъ лъагэ мэхъу икIи хуэфащэ щытхъу къелэжь. Жылэм абыхэм я лэжьэкIэр щапхъэу къащтэ. ХуэщIами тхьэмыщкIэми абыхэм яхуэфащэ щIыхь хуещI, зэрыуэркъыр къэзыгъэлъагъуэ гуэр я бгъэми я дамэми телъкъым, я унэцIэхэмкIэ псоми яцIыху. Унагъуэ дамыгъэхэр яIэщ. ФащэкIэ къызэрыгуэкIщ. Лъэпкъым щыщу хуэщIа хъуам дыжьын зытебза къамэм дыщэпс тегъэлъэдэжауэ зэгуилъхьэнщ, шылэ джанэ щитIэгъэфынщ. Езым Уэркъ хабзэкIэ къызэрыгуэкI фащэ щыгъыну, дыжьын зытемыбза къамэ зэрихьэнур хабзэ зыщищIыжми ягъэ кIынукъым. 
ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIахэм нэмыщI, адыгэ щхьэхуитхэм щхьэкIэ лъхукъуэлI жаIэ. Пэжу, зыми и унафэм щIэтхэкъым, зыми и унафэм щIыхьэнукъым, я хуитыныгъэм щхьэкIэ я псэр ятынущи, «щхьэхуит» псалъэр пэж дыдэу яхуэфащэщ. Пщы, уэркъхэм лъхукъуэлIхэм благъэ зыхуамыщIыну хущIэкъу пэтми, къахэжаныкIа лъхукъуэлI унагъуэхэм пщы-уэркъыпхъу къэзышахэр ижь лъандэрэ куэду щыIэщ. Абазэхэхэм «УлIмэ, улIакъуэщ, лIыгъэ пхэлъмэ, улъэпкъ къабзэщ», – жаIэ. Мыр хабзэу зылъыта абазэхэхэм хуитхэр зыр зым къызэрыщхьэщыжыныр щIыхькIэ къалэжь, адрейхэр уасэ зимыIэ гуэру ялъытэ. Абы къыхэкIкIэ лъхукъуэлIхэми уэркъхэм хуэдэ къабзэу залъытэж. 
ПщылIыгъэр къызытехъукIа щхьэусыгъуэ зэмыщхьхэр къаIуэтэж, ятх. Мыбыхэм хыубжэ хъунущ япэм щыгъуэ лъэпкъхэр щызэзауэм къаубыду къахуа монгол, тэтэр, урысхэм къытраха гъэрхэр. ИпэжыпIэращи, мы пщылIхэм, лъэпкъкIэ уэркъыу цIыху зыкъомым я быныжхэри зэрыхэтым шэч хэлъкъым. Адыгэхэм пщылI псори зэхуэдэу ялъытакъым. 
ПщылIхэри тIууэ зэщхьэщокI. Зы гупыр унэIутщ. Ахэр унэм хуэлIыщIэхэр, унэгуащэм и унафэм щIэтхэращ. Мыбыхэм хабзэ хэхакIэ лэжьыгъэ зэрамыщIэм къыхэкIыу, зы хуитыныгъэ яIэкъым, унэ лэжьакIуэхэщ. Щхьэхуэу унэ къратыркъым икIи унэ ирагъэщIкъым, былыми мылъкуи яIэкъым. Унэр зейм и Iуэху псори елэжь. Я лэжьыгъэм пэкIуэжу зы Iыхьэ е зы уасэ иратыркъым. И бынхэр, езым емыупщIыжу, ящэф. Мыбыхэм пэкIуэжу, зейм егъашхэ, щытIэгъэн ирет. Мыпхуэдэ пщылIхэр мащIэ дыдэщ. Мыбыхэм япхъухэм къалъхунухэр, я анэр пщылIмэ, нэчыхь хуатх, ауэ бзылъхугъэр зейм и унэм, къыщрата зы пэш закъуэм щIэсщ, и лIыращи жэщкIэрэ и деж щIохьэф, ауэ и щхьэгъусэм и шхынымрэ и щыгъынымрэ и Iуэху хэлъкъым. ЛIым махуэкIэ унафэ къыхуащIа лэжьыгъэр елэжь. Мыпхуэдэ цIыхухъу пщылIхэр щхьэхуит цIыхуи хъуфынущ. Мы пщылIхэр нэхъ лъапIэщ. Сыту жыпIэмэ хабзэм зэрыхэмытым щхьэкIэ я лэжьыгъэм елъытауэ я бынхэм нэхъ Iуэхушхуэ къалэжь. 
ЕтIуанэрей пщылIхэр Xабзэм епхахэращ. Мыхэр пщылI дыдэу щымыту зейм и лэжьыгъэкIэ и дэрэгъу хуэдэщ. Зауэм текIуэныгъэ къэзыхьа лъэпкъыр езым хуэдэу илъытэну и щхьэм хуигъэфащэркъым. Апхуэдэ гъэрхэр зэхуагуэшри, «Зей щыIэщ» цIэр фIащащ. Мыхэр къуэды езыт пщылI хуэдэщ. Зейм и унагъуэм, и лъэпкъым халъытэри, бзылъхугъэми хъулъхугъэми я унэцIэмкIэ йоджэ. Унагъуи, хьэси, былыми яIэщ. Къалэжьа мэшым и ныкъуэр зейм, адрей и ныкъуэр езым къыхуонэж. IэщIагъэ зиIэ пщылIым къилэжьым и ныкъуэр зейм ирет, и ныкъуэр езым ейщ. ХьэщIэ зимыгъэхьэщIэ, тыгъэ тын хуэдэ хэщIыныгъэхэр зимыIэ пщылIхэр зейм нэхърэ нэхъ хуэщIауэ мэпсэу. Зейм хуэдэу зихуэпэну, Iэщэ зрихьэну, зауэм, хьэгъуэлIыгъуэм кIуэну хуитыныгъэ иIэщ. 
Мы Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ зейм хуит зыкъригъэщIын хуейкъым. Мистер Лонгворт гъэсэныгъэкIэ пщылIхэр зейм къазэрыкIэрыху щIагъуэ ямыIэу етхыж. Пэжыращи, зауэм кIуа пщылIхэр цIэрыIуэ хъуауэ, я цIэхэр уэрэдхэм хыхьауэ Iэджи щыIэщ. Мыбы теухуауэ Мистер Белл мыр итхыжащ: «Дэ дызэрегупсысым хуэдэу адыгэ хэкум пщылIыгъэ щыIэкъым». 
Адыгэхэр пщылIым иIэ хуитыныгъэм ебакъуэркъым. Мы хуитыныгъэ тIэкIум апхуэдизу я нэIэр трагъэтри, «ПцIэмэз дунейм щехыжа пщылIым и хьэдэIусу пщым мэлибгъурэ зыврэ зэриукIар, мыпхуэдэ щIыхьыр я гъэрми, я пщылIми зэрыхуащIыр Белл етхыж.

 

Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: