Керенскэм и хъыринэхэр

Урысейм ПIалъэкIэ иIа правительствэм и унафэщIу щыта Керенский Александр властыр зэрыIэщIэлъар махуи 109-рэщ. Тхыдэм нэхъ къызэрыхэнари ЩIымахуэ унэ уардэм цIыхубз щыгъынкIэ хуэпауэ зэрыщыщIэпхъуэжарщ. Абы иужькIэ хъыринэм ещIэм ещхьу небэ-къебэу гъащIэшхуэ къигъэщIащ.
ГъэщIэгъуэнращи, ар мазае революцэм зэрымыщIэкIэ хэпщIа цIыхут: артист хъуну щIэхъуэпсат, ауэ и адэ Федор къыхуимыдэу юрист IэщIагъэм зритын хуей хъуащ. ЖытIэнщи, и адэмрэ Ульянов (Ленин) Владимир и адэ Ильярэ зы къалэм дэсащ зэлэжьэгъуу, уеблэмэ унагъуэкIэ зэкIэлъыкIуэу щытащ. А тIум я бынхэр зэрыцIыхут. ИужькIэ дунейпсо пролетариатым и вождь хъуар илъэс 11-кIэ ди тхыдэр зытедухуам нэхърэ икIи къэхутакIуэхэм ятхыж ар абы «Том дадэ и тэхъуанэ» тхылъым къыхуеджауэ, зэрыщытар, ауэ ари къахуэсэбэпыжакъым  лIэн-къэнэну щызэпэщIэувам.
АдэкIэ къэхъуар дызыщыгъуазэ Iуэхухэщ, арщхьэкIэ щIэпхъуэжа иужь Керенскэм и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ тщIэр мащIэщ.
1918 гъэм и мэкъуауэгъуэм Александр и хэкур ибгынащ и щхьэгъусэ Ольгэрэ и къуэхэу Олегрэ Глебрэ Петроград къыдинэри. ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэсыху ар Европэм, нэхъыбэу Франджым щыпсэуащ икIи хущIэкъуащ Урысейм иIэпхъукIа демократхэр зэкъуигъэувэну. 1936 - 1940 гъэхэм Париж къыщыдигъэкIащ «УрысеищIэ» политикэ журнал. И щхьэгъусэм хуиIэ нэчыхьыр 1932 гъэм судкIэ иригъэкъутэжа иужь, абы къыдэкIуащ Австралием щыщ журналистикэ Трито Эллен Лидие (1899 - 1946). Австралием къыщыдэкI журналхэм ящыщ зым и корреспонденту ар 1925 гъэм къыщыщIэдзауэ Европэм щылажьэрт. Урысейм иIэпхъукIа цIыхухэм яхэзэрыхьа бзылъхугъэр Дзэ Хужьым и офицеру щыта уэрэджыIакIуэ Надеждин Николай и фызу щытат, арщхьэкIэ къыбгъэдэкIыжат ар егъэлеяуэ зэрефэм къыхэкIыу. Нэмыцэбзэми, франджыбзэми, итальяныбзэми хуиту ирипсалъэрт, урысыбзи ищIэрт.
Керенскэр ехъулIат: Нелль (арат къишар зэрызэджэжыр) ар гулъытэкIэ щIигъэнат, сыткIи щIэгъэкъуэн къыхуэхъурт ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щIидза иужь шынагъуэ къыкъуэкIащ Александр нацистхэм яIэрыхьэнкIэ. Нэмыцэдзэхэм Париж ямыубыд щIыкIэ, 1940 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м, Нелль ар къалэм дишащ. Махуэ 18 текIуэдащ Испанием и гъунапкъэм, арщхьэкIэ фашизмыр зымыдэ социалист цIэрыIуэу зэрыщытым къыхэкIыу абы ирагъэхьакъым. Нелль и фIыгъэкIэ ерагъкIэ яхузэфIэкIащ и хэкуэгъухэр ишэжын мурадкIэ Инджылызым и правительствэм игъэкIуа кхъухьым итIысхьэн. АрщхьэкIэ Лондон зыщамыIэжьэу 1940 гъэм шыщхьэуIум и 12-м Нью-Йорк нэсащ. Керенскэм къилъытэрт и щхьэгъусэм ар къригъэлауэ.
Зэщхьэгъусэхэм зауэм и илъэсхэр США-м щагъэкIуащ. Керенскэр цIыхухэр куэду щызэхуэс пэшхэм лекцэхэм къыщеджэрт, Нелль абы дэIэпыкъурт. ТIури насыпыфIэт.
Ауэ, хъыринэм хуэдэу, аргуэру псоми захъуэжащ: и щхьэгъусэр сымаджэ хьэлъэ хъуащ, абы жиIащ и хэку къэкIуэжыну зэрыхуейр. 1945 гъэм щэкIуэгъуэм и 19-м ахэр Австралием и Брисбен къалэм нэсащ икIи Неллль и адэ-анэм и унэшхуэм къыщIэхутащ. Абы щIэлIыхьащ Нелль. Дунейм ехыжыху и щхьэгъусэм къыбгъэдэмыкIыу бгъэдэсащ Александр.
Керенскэр хущIэкъурт США-м игъэзэжыну. Зэ еплъыгъуэкIэ, щыпIейтеиншэ Австралие жыжьэм щыIэми, ар шынэрт Сталиным и цIыхухэм яукIынкIэ. Лъабжьи иIэт: Троцкий Лев хы адрыщI Мексикэм щыIуахащ, апхуэдэу щыщыткIэ езыми къылъэIэсыфынущ. Ауэ Австралием укъикIыжыфынутэкъым: тенджыз транспортыр хунэс къудейт ягъэкIуэж американ зауэлIхэр ишэжыну. Александр хущIэкъуащ зыхэпсэукIын гуэрхэр къилэжьыну. И цIыхугъэхэр къыдэIэпыкъури, ар Мельбурн и университетым лекцэхэм къыщрагъэджащ урыс революцэм теухуауэ. АрщхьэкIэ цIыхуу екIуэлIар мащIэт.
Мази 6 дэкIа иужь Керенскэм США-м игъэзэжыфащ. Александр даIуэгъу къыщигъуэтакъым я хэкур ябгынауэ Америкэр хэщIапIэ зыщIа урысхэми я дежи. Абыхэм я нэхъыбэр пащтыхьым хуэлэжьа цIыхут. «Сэ мыбы сыщыхамэщ си лъэпкъэгъухэм сащыхэтми,жиIэрт абы. АрщхьэкIэ псом хуэмыдэу игу къеуэр цIыхубз щыгъын щыгъыу ЩIымахуэ унэ уардэм щыщIэпхъуэжауэ пцIы зэрытралъхьэрт 1966 гъэм Боровик Генрих къыщепсалъэм ар къелъэIуат, пэжыр итхыжыну.
Пэжынущ, арщхьэкIэ Керенский Александр и пщIэр зыгъэлъэхъшар Австралием егъэджакIуэ къулыкъу къызэрыщыхуамыгъэфэщаракъым, атIэ мис а кIэралъхьа пцIырщ.
Езыр пIалъэ кIэщIкIэ фIэкIа империем и унафэщIу щымытами, ар псэуащ Брежнев Леонид властыр IэщIыхьа иужьи, дунейр щибгынари 1970 гъэрщ.

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: