ЩэкIуэгъуэм и 13 - 14 махуэхэм Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэ Владикавказ щекIуэкIащ «PRO-Кавказ» лъэпкъыбэ медиазэхыхьэ иныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы щыIащ «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Горянка», Советская молодёжь» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Жыласэ Заурбэч, Конаков Хьэсэн, Къаныкъуэ Заринэ, Суановэ Залинэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Гуртуев Расул, «1 КъБР» телеканалым и редактор нэхъыщхьэ Хъуэст Алим, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и журналист Беслъэней Ленэ сымэ.
Мы гъэм ещанэу екIуэкI зэхыхьэшхуэм хэтщ журналист, блогер, къэрал къулыкъущIапIэхэм я пресс-IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, хъыбарегъащIэ агентствэхэм я лIыкIуэу цIыху 400-м щIигъу. Япэ махуэм, зэIущIэр къыщызэIуахым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием и щIыгум Урысейм и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм къикIауэ щеувэха хьэщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ республикэм и Iэтащхьэ Меняйлэ Сергей. Абы жиIащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ «зауэ щрагъэкIуэкI» мы лъэхъэнэм журналистхэм я пщэм жэуаплыныгъэшхуэ къызэрыдэхуэр, абыхэм къэхъукъащIэм хуаIэ еплъыкIэр зэпэшэчауэ, егупсысауэ цIыхухэм я пащхьэ зэрыралъхьапхъэр. «Тхыдэр зытхыр цIыхухэрщ, фэри дэри дащыщщ абыхэм. Дэ хэкупсэу дыщытмэ, долъагъу икIи къыдгуроIуэ зауэ къызэрыдащIылIар. Аращ ди къэралым дзэ Iуэху хэхар иригъэкIуэкIынми щхьэусыгъуэ хуэхъуар.
Мы зэхыхьэм и къалэн нэхъыщхьэр Кавказ Ищхъэрэм, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щылажьэ журналистхэр зэкъуэгъэувэнырщ. Дэ, псом хуэмыдэу журналистхэм, фIыуэ къыдгурыIуэн хуейщ дунейм щекIуэкIхэр псори, ахэр екIуу къагъэлъэгъуэжу, я пащхьэ къиувэ къалэнхэм пэлъэщу щытыпхъэщ. КъищынэмыщIауэ, мы зэхуэсым гупсысэ купщIафIэ куэд утыку къыщрахьэну, дэтхэнэми и щIэныгъэм щыхэхъуэну, и Iэзагъым зыщиужьыну согугъэ», – жиIащ хэгъэгу унафэщIым. УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий форумым хэтхэм зэрызахуигъазэм къеджащ РСО-Аланием федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу щыIэ Гончаров Сергей.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъэну, мастер-классхэр щрагъэкIуэкIыну кърагъэблэгъащ театрымрэ киномрэ я актер цIэрыIуэ Пореченков Михаил, «ТАСС Кавказ» хъыбарегъащIэ щIыналъэ центрым и тхьэмадэ Гаджибалаев Низами, Япэ каналым и тележурналист Смол Александр, эксперт, политолог, военкор, теленэтын езыгъэкIуэкIыу 40-м щIигъу.
Абыхэм пэш зэпэщхьэхуэхэм лекцэ къыщеджащ, утыку хэхахэм мастер-классхэр щрагъэкIуэкIащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, журналистхэм нейросетыр я лэжьыгъэм тыншу къызэрыщагъэсэбэпыфыр, езыхэм къагупсыса медиа Iуэхум псынщIэу зэрызрагъэужьыфынур ягъэлъэгъуащ, пресс-конференцхэр екIуэкIащ, зэманым къигъэув гугъуехьхэм, ахэр къызэнэкIа хъунымкIэ хэкIыпIэхэм тепсэлъыхьащ.
Куэд дихьэхыу едэIуащ зауэм щыIэ корреспондент Сладков Александр и къэпсэлъэныгъэми, езыхэри зыщIэупщIар мащIэкъым: зауэлIхэр камерэм къищу къопсэлъэн ядэрэ, къулыкъущIэхэр дзэ Iуэхум зэIухауэ тепсэлъыхьрэ, сюжетхэмрэ статьяхэмрэ хэт ирагъэплъыжын хуей хъур? Урысейм и журналистхэм гурагъэIуащ социальнэ сетхэм зэрызебгъэужьынур, эфир занщIэм узэрыщылэжьэн хуейр, тыншу утхэу, дахэу упсалъэу зэрызебгъэсэнур. Мы зэхыхьэр хуабжьу IэмалыфIщ лэжьыгъэм и пIалъэкIэ узэчэнджэщыным, щIэ куэд къэпщIэным теухуауэ.
Абыхэм я гугъу ящIащ нобэ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ящыщу хъыбарыпцIхэмрэ пэжхэмрэ зэхэбгъэкIыфу зэрызебгъэсэнум. Ди зэманым сыт хуэдэ хъыбарегъащIэ IэмалымкIи щхьэж зыхуейр къет. Зыгуэрым сыкъигъэпцIэнкIэ, сыщигъэуэнкIэ хъунущ жыпIэу, хъыбарыщIэхэм уеплъын, уедэIуэн щыбгъэт хъунукъым, дауи, атIэ ахэр зэхэбгъэкIыфу зебгъэсэн хуейуэ аращ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «PRO-Кавказ» лъэпкъыбэ медиазэхыхьэ иныр Осетие Ищхъэрэ - Аланием и Iэтащхьэ Меняйлэ Сергей и жэрдэмкIэ илъэс ещанэ хъуауэ йокIуэкI. АбыкIэ я мурад нэхъыщхьэр медиа IэнатIэм щылажьэхэр зэрыгъэцIыхунырщ, зэкъуэгъэувэнырщ, хъыбарегъащIэ IэнатIэ лъэщ, пэж ухуэнырщ, ар иджырей бжьыгъэхэр зи лъабжьэ жыпхъэм игъэувэнырщ. Ар хъарзынэу къазэрехъулIэр къалъытащ ди республикэм щыщу абы хэта журналистхэми.