ГъащIэм къалэн зэхуэмыдэ куэд щигъэзэщIащКъэбэрдей тхакIуэ гъуэзэджэ Къардэн Бубэ лIыгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ гъэщIэгъуэн къикIуащ, и IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэмкIэ лъэпкъ литературэмрэ щIэныгъэмрэ увыпIэ пыухыкIахэр щиубыдыныр хузэфIэкIащ. Абы и творческэ гъуэгуанэм тетхыхьыжащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей. «Къардэн Бубэ пасэу и творческэ лэжьыгъэм щIидзакъым, зэманкIэ ар зытехуэр пединститутым иужьрей курсхэм щеджа илъэсхэрщ, езым къиIуэтэжу зэрыщытамкIэ, абы ар япэ къыхуэзыгъэушар а лъэхъэнэхэм цIыхугъэ зыхуэхъуа ЩоджэнцIыкIу Алийщ. Зауэм и пэкIэ зэридзэкIа урыс тхыгъэ зырызхэм я гугъу умыщIмэ, лъэпкъ литературэм япэ лъэбакъуэхэр абы щыхичар зауэ нэужь илъэсхэрщ. Адрей лъэпкъ тхакIуэхэм къащхьэщыкIыуи тхэн зэрыщIидзэрэ ар зыхуэпэжыр, зытетхыхьыр зы темэ закъуэщ – езыр и щхьэкIэ зыхэта Хэку зауэшхуэрщ, абыи нэгу щыщIэкIахэрщ. Хэку зауэшхуэм хэта цIыху куэдым я образ зэхуэмыдэхэр Къардэн Бубэ и тхыгъэхэм гукъинэжу щызэфIэгъэуващ. И лIыхъужьхэм языхэзри къызэригъэлъагъуэр, ар зыхуэдэр зищIысыр зэрызыхигъэкIыр хамэ щIыпIэ къикIа зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауэм зэрыхущытырщ, и лъахэм и щIыхьыр, и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжырщ, бий пащхьэм текIуэныгъэ къыщихьын папщIэ абы и щхьэкIэ илэжьырщ. Сыт хуэдэ лIэщIыгъуэми цIыхум и пэжагъыр, и фIагъыр къызэрапщытэр ар и адэжь щIыналъэм зэрыхущытырщ, лъагъуныгъэ абы хуиIэрщ, Iуэху щхьэпэ хуилэжьырщ. Къардэн Бубэ и повесть зыбжанэм щызэфIэгъэуващ хэкум къыщхьэщыж, абы и щхьэхуитыныгъэр хъумэжыныр зи гъащIэ къалэну зылъытэж ди лъахэм и ныбжьыщIэхэм я образ щыпкъэхэр. Апхуэдэщ «Сэри сэлэт сохъу» повестыр. Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм адыгэ щIалэгъуалэр зыгъэпIейтея гурылъ гурыщIэхэр, я лъахэм лъагъуныгъэ къабзэ хуаIэр, зылI и быну абы и щIыхьыр яхъумэжыну ахэр къызэрызэщIэтэджар къэгъэлъэгъуэнырщ тхакIуэм и етIуанэ повесть «ЩIэдзапIэ хьэлъэ» жыхуиIэр зыхуэгъэпсар. Япэ и тхыгъитIым Къардэн Бубэ къыщигъэлъэгъуэжыр зауэ емынэм и пэщIэдзэрщ, ныбжьыщIэхэм абы щача япэ лъэбакъуэ гугъухэрщ. Хэкум, абы и цIыхухэм я дежкIэ тыншакъым зауэм и пэщIэдзэр, хъийм икIа бий хьэщхьэрыIуэ къызыфIэщIыжам пэрыуэншэу лъахэм и щIыпIэ куэдыр щиубыда махуэ псэзэпылъхьэпIэхэр. ИлъэсиплI енкIэ а мафIэм хэта тхакIуэми ди зауэлIхэм я деж къыщыхъуа а зэхъуэкIыныгъэхэм гу лъимытэнкIи, и тхыгъэхэм абы и гугъу щимыщIынкIи Iэмал иIакъым. ЛIыгъэ, зэфIэкI бгъэдэлъхэм нэмыщI зауэм и щэхухэр къэзыхутэфа, сэлэтхэр зыгъэдэIуэф, текIуэныгъэм ахэр хуэзышэф, адэ папщIэу абыхэм ящхьэщыт дзэ унафэщI акъылыфIэм и образ уардэ Къардэн Бубэ щызэригъэпэщащ «КIыхьщ зауэ гъуэгур» повестым. 1945 гъэм ди Хэку иным зыIэригъэхьа ТекIуэныгъэшхуэм и зы хэкIыпIэу щытар къэралым ис лъэпкъхэм яку дэлъа зэныбжьэгъуныгъэрщ. Щеджэ зэманхэми зауаем и махуэ хьэлъэхэми зэшыгъэ нэсым щIапIыкIа, абы и къарур пасэу зыхэзыщIа Къардэн Бубэ и тхыгъэхэми сытым щыгъуи ар щегъэлъапIэ, а Iуэху еплъыкIэ тэмэмым тетщ. Лъэпкъ зэшыгъэм ар зэрыхуэпэжым и щыхьэту къэпхь хъунущ тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIахэу «Комбат», «Георгий Ликос» повестхэр. Япэрей и IэдакъэщIэкIхэм къащхьэщыкIыу мы тхыгъэхэм гъэщIэгъуэныгъэ гуэрхэр ядыболъагъу. Абы и лъэныкъуэкIи япэу гу зылъозыгъатэр мы повестхэм хэт лIыхъужьхэм зауэм и пэ къихуэ я гъащIэр нэхъ зыубгъуауэ къызэрыщыгъэлъэгъуэжарщ, етIуанэрауи, ахэр нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ зэрыщытырщ. Къардэн Бубэ Хэку зауэшхуэм рассказ зыбжани триухуащ. Абыхэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар езы тхакIуэм и нэгу щIэкIахэрщ е нэгъуэщIхэм къыхуаIуэтэжахэрщ. И повестхэми ещхьу, абыхэми егъэлеиныгъэ яхэлъкъым, къыщыгъэлъэгъуар гъащIэм и пэжырщ, щIыпIэ нэхъ ин щызыубыдри ауэ къызэрыгуэкI цIыхум и лъахэм, къызыхэкIа и лъэпкъым къулыкъу нэс хуищIэрщ, лIыгъэ, хьэл-щэн къекIу, цIыхугъэ лъагэ а зэман хьэлъэхэм абыхэм къагъэлъэгъуахэрщ. Абыхэм ящыщу нэхъ гукъинэжхэр «Насыпыншагъэ», «Жэщ разведкэ», «ЗэхэгъэкIыпIэ», «ГуфIэгъуэ зэIущIэ» рассказхэрщ. Акъыл куукIэ, зэфIэкI инхэмкIэ Тхьэр зыхуэпса Къардэн Бубэ гъащIэм къалэн зэхуэмыдэ куэд щигъэзэщIащ, абыхэм я гугъу умыщIынри ахэр гулъытэншэу къэбгъэнэнри къезэгъыркъым. Илъэс 40-м щIигъукIэ ар егъэджакIуэу пединститутымрэ университетымрэ щылэжьащ, абы щIэныгъэ куу зрита, гъуэгу тэмэм тригъэува куэд нобэ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытщ. Къардэным ехъулIэныгъэфIхэр иIэу кандидат, доктор диссертацэхэр пхигъэкIащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм щыщылэжьа илъэсхэм къриубыдэу Къардэн Бубэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр иригъэкIуэкIащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэхэм еджапIэхэм папщIэ абы учебник, хрестоматие куэд игъэхьэзыращ, анэдэлъхубзэм теухуа лэжьыгъэ Iэджэ къыдигъэкIащ. ЩIэныгъэлI гъуэзэджэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщщ «Урыс-къэбэрдей псалъалъэр», «Къэбэрдей-урыс фразеологием и псалъалъэр», «Къэбэрдеибзэм и глагол-сказуемэр», «Къэбэрдеибзэм и фразеологиер» лэжьыгъэхэр. А псом и щIыIужкIи урыс литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм лъэпкъ тхылъеджэхэр щыгъуазэ щIынымкIи Къардэн Бубэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. БзитIри - и анэдэлъхубзэри урысыбзэри - нэгъэсауэ, Iэзэу зыщIэ щIэныгъэлIым и IэдакъэщIэкIхэр адыгэ литературэм и хэлъхьэныгъэ хьэлэмэтхэщ, ахэр ноби къыздэсым абы щапхъэу къыщонэ. ТхакIуэм зридзэкIахэм ящыщу зи цIэ нэхъ къиIуапхъэр Лермонтов Михаил «Ди зэманым и лIыхъужь» и романымрэ Шолохов Михаил «ЩIыщIэ къэIэта» и тхыгъэ цIэрыIуэмрэщ. Зыхилъхьэ щымыIэу псэкIэ илъагъу и хэкумрэ и лъэпкъымрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ еш имыщIэу, и къарурэ и зэфIэкIрэ емыблэжу хуэлэжьащ Къардэн Бубэ. И лъахэр псэзэпылъхьэпIэм щихуам абы япэу къыщхьэщыжахэм ар яхэтащ, абы и щхьэхуитыныгъэр пщIэрэ щIыхьрэ иIэу ихъумащ, а зыхэта зауаем и щытыкIэ пэжыр Iэзагъышхуэ хэлъу и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ, анэдэлъхубзэм лъэпкъ щIэныгъэм я зыужьыныгъэм, къэхъу щIэблэщIэм щIэныгъэ нэс етыным, ар гъэсэным и гъащIэ псор щхьэузыхь хуищIащ».
Поделиться:
Читать также:
02.12.2024 - 15:00 →
Благъуэр ежьэжынущ
02.12.2024 - 11:46 →
Зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэву
02.12.2024 - 11:44 →
Нобель и саугъэтыр зратахэр
29.11.2024 - 14:28 →
ФIыхэм я нэхъыфIыж Сэнэ Мухьэрбий
27.11.2024 - 15:25 →
Театр гъуазджэм и хормейстер гъуэзэджэ
|