Нартыху жылапхъэр Белоруссием ирагъашэ![]() 2024 гъэм и мазипщIым къриубыдэу Россельхознадзорым и щIыналъэ управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм къипщытащ Къабэрдей-Балъкъэрым хамэ къэралхэм яхуригъашэ нартыху жылапхъэу тонн мини 2,6-м фIагъ яIэр зыхуэдэр. Ар тонн 200-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Республикэм и нартыху жылапхъэфIхэр нэхъыбэу зыщэхур Белоруссиерщ. Сату щIыпIэхэм я фейдэр Росстатым къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - фокIадэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым розницэ сатумкIэ ахъшэ сом мелард 219,3-рэ къилэжьащ е нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм проценти 107,7-кIэ хуэкIуэу (уасэ къекIуэкIхэм тещIыхьауэ). Сом мелард 219,3-м щыщу тыкуэнхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ процент 50,6-р, бэзэрхэмрэ жармыкIэхэмрэ – процент 49,4-р къалъос.
Поделиться:
Читать также:
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
| ||






