Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и езыджэ комиссэм хэтхэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я езыджэ комиссэхэм хэтхэу 2024 гъэм фокIадэм и 26-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Указ №83-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и езыджэ комиссэм хэтхэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я езыджэ комиссэхэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «2024 гъэм и бжьыхьэм цIыхухэр дзэ къулыкъум еджэныр къызэгъэпэщыным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2024 гъэм фокIадэм и 26-м къыдигъэкIа Указ №83-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и езыджэ комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:
Тогузаев Т.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ псэуныгъэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министрыр хэгъэхьэн;
Асанов А.О. хэгъэкIын;
б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я езыджэ комиссэхэм хэтхэм:
Налшык къалэ округым и езыджэ комиссэм и резерв гупым хэтхэм:
Къэзакъ А.Н. - Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Налшык къалэ округымкIэ и управленэ №1-м полицэм и участкэ уполномоченнэхэмкIэ и къудамэмрэ полицэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэмрэ я унафэщIыр хэгъэхьэн;
Къалэ А.Хь. хэгъэкIын;
Прохладнэ къалэ округым и езыджэ комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:
Кожухов К.В. - Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (комиссэм и унафэщIщ) хэгъэхьэн;
Архангельский В.Н. хэгъэкIын.
3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м
№127-УГ
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 16:27 →
Псалъэ щабэр гущабэщIщ
10.07.2026 - 13:04 →
Жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ
09.07.2026 - 10:57 →
Дэнэ Хэкур здэщыIэр?
20.06.2026 - 10:01 →
ФIым ущызыгъэгугъ куэд къыхощ
17.06.2026 - 17:35 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
| ||




