ЦIыхур щхьэхуимыт зыщI, хьэмэ?

Интернетым цIыхур зэрызыIэпишар, уеблэмэ нэхъыбэр я зэманым щымысхьыжу пщIэншэу абы зэрытрагъэкIуадэр зыми и дежкIэ щэхукъым. Интернетыр «дуней» шынагъуэншэу зэрыщымытыжри гурыIуэгъуэщ. Псом хуэмыдэу ди зэманым мащIэкъым абы и Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ щIалэгъуалэм я гупсысэр зэрыхуейуэ яунэтIын Iуэху зезыхуэр. 

Интернетым цIыхур щхьэхуимыт зэрищIыр уз лIэужьыгъуэу жыпIэ хъуну? Сыт хуэдэу ныбжьыщIэм и гупсысэр абы ихъуэжыфыну? Интернетыр къызэригъэсэбэпынум теухуауэ щIалэгъуалэр дауэ ущия хъуну? Мы упщIэхэми нэгъуэщIхэми я жэуап щыдогъуэт IэщIагъэлI зыбжанэм я деж.
Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Таукеновэ Лейлэ жеIэ «Интернет-щхьэхуимытыныгъэм» къишэ гугъуехьхэм иджыри 1995 гъэм дохутыр Голдберг Иван тепсэлъыхьауэ зэрыщытар, ауэ апхуэдэ узыфэ щыIэу медицинэр нобэр къыздэсым щыхьэт зэрытемыхъуар. 
- ЦIыхум и акъылыр зэтрихуу щыIэ лIэужьыгъуэхэм (фадэм, афияным, куэзыр, нэгъуэщI джэгукIэхэм) Интернетым узэрызэщIишэр иджыри хамыгъэхьами, зыщымысхьыжу абы махуэми жэщми «исхэм» я дуней еплъыкIэр нэгъуэщI мэхъу. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ наркотик зэзыхьэлIэхэр абы хуэныкъуэ зэрыхъум ещхьу, Интернетым «щыпсэухэми» хуэм-хуэмурэ я гъащIэр абы теухуа зэрыхъур. Къэбгъэлъагъуэмэ, махуэм сыхьэт 18 хуэдизкIэ компьютерым бгъэдэс цIыхум и хъуреягъкIэ къыщыхъур къыфIэмыIуэхужу, шхэну, жеину хуэмейуэ, зыкIэлъымыплъыжу мэхъу. Абы узыфэхэри къыхокI. Нэхъ шынагъуэращи, Интернетым щхьэхуимыт зэрищIар абы езым къыгурыIуэжыркъым икIи ар жепIэу къыпхуидэнукъым, - къыхегъэщ Лейлэ. 
ЩIалэгъуалэр а хъым имыхуэн щхьэкIэ IэщIагъэлIым хэкIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэлъагъуэ: псом япэу адэ-анэм я гуапагъэ я быным зыхрагъащIэу, унагъуэм зэгурыIуэ илъу къагъэтэджыпхъэщ, зым адрейм зэрызыщIигъакъуэм и сэбэпынагъыр егъэлъагъун хуейщ, мащIэ-куэдми, спортым гулъытэ хуегъэщIыпхъэщ, хьэуа къабзэм ирибэуэну щIэх-щIэхыурэ унэм къыщIэшынри зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Компьютерым зы сыхьэт-сыхьэтитI нэхъыбэ бгъэдэмысу егъэсапхъэщ. 
«Республикэр псоми ди зэхуэдэ Iуэхущ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт Табулдиновэ Камиллэ жеIэ: «ЗэрытщIэщи, адэ-анэхэр я быным теплъэкъукIамэ, махуэ псом компьютерым бгъэдэс сабийм абы къыщыIэрохьэ хъыбар нэпцIу, и гупсысэр зэблэзышу куэд дыдэ. Апхуэдэ сабийхэр нэхъыжьым емыдэIуэж, тэмакъкIэщI мэхъу. Аращи, щIалэгъуалэм Интернетыр шынагъуэншэу къызэрагъэсэбэпыну Iэмалхэр зэпымыууэ ди нэIэ зытетын хуей лэжьыгъэу къызолъытэ».
Сыт мы Iуэхум ехьэлIауэ тхуэщIэнур жыпIэмэ, зэлэжьыпхъэ Iуэхухэм ящыщу къыщIэкIынщ зэхуэсхэр къызэгъэпэщыныр, курыт школхэм абы теухуауэ дерсхэр щегъэкIуэкIыныр (адэ-анэхэри кърагъэблагъэу), еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIалэгъуалэм щIэупщIэныгъэхэр щадегъэкIуэкIыныр, Интернетым и сэбэпымрэ зэранымрэ зэхэгъэкIауэ теленэтынхэр техыныр, сайт мыхъумыщIэхэм ихьэну къэзыгъэувыIэ программэхэр сабийр зыбгъэдэс компьютерым трагъэувэным адэ-анэр къыхуеджэныр.
Апхуэдэуи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым медицинэм и лэжьакIуэхэми, щIэныгъэлIхэми, психологхэми зы жьэу зэрыжаIэр сабийм и ныбжьыр илъэсибл хъухункIэ компьютерым, планшетым, жып телефоным пэIэщIэу щыгъэтын зэрыхуейр. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: