КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Анэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэ лъапIэхэ!
Анэм и махуэмкIэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!
Мы махуэшхуэм ди гум щыз ещI дэтхэнэ зым ди дежкIи лъапIэ цIыхум хуэгъэза гурыщIэ гуапэр, нэхур, IэфIыр. Анэ къалэныр пщIэшхуэрэ мыхьэнэшхуэрэ зиIэщ. Фи Iущагъымрэ пэжагъымкIэ унагъуэ жьэгум и хуабагъэр фохъумэ, щIэблэм я щхьэ Iуэху дагъэкIыжыфу, лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр яхэлъу фогъасэ. ФIыщIэ фхузощI гулъытэ, шыIэныгъэ фиIэу унагъуэм и зэIузэпэщыгъэм фызэрытелажьэм, Урысейм хуэфэщэн щIэблэщIэ зэрывгъасэм пап­щIэ.
Псом хуэмыдэу фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ дзэ Iуэху хэхам хэту ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм, шынагъуэншагъэм лIыгъэ къагъэлъагъуэу щIэзэу щIалэхэм я анэхэм. Хэкум и хъумакIуэ, хэкупсэ нэсхэр зэрывгъэсам папщIэ си щхьэр фхузогъэщхъ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу анэхэм сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, унагъуэ насып, зэIузэпэщыгъэ, фIыгъуэ яIэну.

Поделиться: