НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 25, блыщхьэ

ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъезыхьэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ пшынауэхэм я махуэр
1935 гъэм
СССР-м щагъэуващ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр.
1927 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шэвлокъуэ Пётр.
1933 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, публицист, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ЛIыхъусэжь Хьэжрэтбий.
1979 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик ХъуакIуэ ФатIимэт.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3, жэщым градуси 2 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псыр псэхэлъхьэжщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

15.12.2025 - 11:11 НОБЭ
12.12.2025 - 16:00 НОБЭ
12.12.2025 - 12:00 «Лъэбыцэжь» и махуэ
11.12.2025 - 09:00 НОБЭ
10.12.2025 - 11:11 НОБЭ