Адыгэм и лъэпкъ къафэхэрЛъэпкъ къафэхэр, зэдэжэныр, шыгъажэр, Iэпщэрыбанэр, мывэ е гъущI зэдэдзыныр, шыгъэуджыр, зэбэныныр, хьэлъэ къэIэтыныр къыдогъуэгурыкIуэ адыгэм. А псоми я фIыгъэкIэ ди адэжьхэм я ныбэр къежьауэ плъагъунутэкъым, псори къудант, щхьэпэлъагэт, Iэпкълъэпкъ быдэт. Абыхэм я щIэинрэ щэнхабзэм и унэтIыныгъэ гъэфIауэ къытхуэнар къафэрщ. Адыгэхэм я лъэпкъ къэфэкIэхэр къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я къэфэкIэхэм ещхькъым. Адыгэ къэфакIуэм и Iэхэр щIагъуэу дриIэтейкъым, хъыджэбзми зэи иIэтыркъым, и щхьэмрэ шхужьымрэ игъэджэгуркъым. А псори адыгэ лъэпкъ къэфэкIэ хабзэм идэнукъым икIи хэзэгъэнукъым, хабзэми къекIуркъым. КъафэкIэ адыгэм къигъэлъэгъуэфырт и щIыхьыр, хабзэр, щэныр здынэсыр. ЛIыгъэкIэ утыку къытешэныр, зэтIыркъыныр, зэрызелъэфэныр ящIэххэтэкъым. Зи ныбжьыр фIыуэ хэкIуэтахэм къищынэмыщIауэ, псори хьэгъуэлIыгъуэм къыщофэ. Адыгэ хъыджэбзхэм дыщэ пыIэ ящхьэрыгъыу е данэ щхьэтепхъуэ хужь ятеубгъуауэ, щIалэхэми хъурыфэ пыIэ ящхьэрыгъыу джэгум кIуэрт. ЩхьэпцIэу укъэфэныр хабзэм идэркъым. КIагуэ зыщыгъым и щIыIур ипхэрт, пщы е уэркъ къыщыфэкIэ, псори къызэщIэтаджэрт. Пщы щIалэ е пщы хъыджэбзхэр къыщыфэкIэ, езыхэм щхьэкIэ хузэхалъхьа къафэм еуэрт. Жьы хъуамрэ тетыгъуэ зиIэхэмрэ къыщыфэкIэ, псори зэщIэтэджэныр хабзэт. ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ къыщызэдэфэкIэ, я щIыбагъ зэхуагъэзэртэкъым, щIалэр хъыджэбзым къыщыдэфэкIэ, и закъуэ къигъанэу, нэгъуэщI щIыпIэхэмкIэ хэтIэхэсэ щищIыну хуиттэкъым, ар емыкIушхуэт. И кIагуэр имыпхауэ зыми урихьэлIэнутэкъым пасэрейм. КъыщыфэкIи псалъэртэкъым икIи гушыIэртэкъым. Хъыджэбзхэр Iэгу еуэркъым, Iэгу еуэр щIалэхэращ. Адыгэ бзылъхугъэм щIыхь хуэщIыныр щэныфIагъэм и нэщэнэт. Джэгур хьэтиякIуэм и унафэм щIэту йокIуэкI. Абы къыпэувыни къыпэрыуэфыни щымыIэу хабзэм хищIыкIын хуейщ, джэгум и унафэщIыр аращи. Абы и Iуэхум зыри хэзэрыхьыфынукъым. ХьэтиякIуэр сыт щыгъуи цIыхухъущ. ХьэтиякIуэм щIыхьышхуэ хуащI, тыгъэфIхэмкIи куэд къыхуоупсэ. Адыгэхэм лъэпкъ къафэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIэщ. Ауэ нэхъыбэу къызэрыфэр Лъапэрышэ-лъапэрыфэ, Къафэ кIыхь, Ислъэмей, Апсыуэ (абхъаз къафэ), Шэщэн, Удж, Уэркъ къафэ, Къафэ, Гуащэ удж, Удж хэш, Удж пыху, Удж хъурей хуэдэхэрщ. Къафэ къуаншэр Думэныщ Iэулэдин Хэкум къихьыжри, мыкIуэдыжыну лъэпкъым яхилъхьэжащ. Мы къэфэкIэр ТыркумкIэ щыIэ адыгэхэм ямыгъэкIуэдауэ нобэм къахьэсащ, хъыджэбзитIымрэ щIалитIымрэ ягъэзащIэ. Лъапэрышэ-лъапэрыфэр псынщIэ дыдэу ягъэзащIэ, лъапэкIэ къызэрыфэхэращ и цIэри къызытехъукIар. Зы щIалэмрэ зы хъыджэбзымрэ ягъэзащIэ. Гуащэ удж жыхуиIэ къэфэкIэм зы щIалэм и бгъуитIым хъыджэбз зырыз къыщыту, нэгъуэщI щIалэ къапэщыту зэхуокIуэри, и закъуэу къафэ щIалэр, хъыджэбзхэм язым къритыну IэпэтэрмэшкIэ къолъэIу мыдрейм. ЩIалэм зыкъомрэ хъыджэбзхэр иримыту зригъэлъэIуа нэужь, тIури иретри, езыр абы и пIэ йоувэ. Апсыуэ жыхуиIэр абхъаз къэфэкIэщ. ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ псынщIэу ягъэзащIэ, я хэтIэхэсэр зыщ, щIалэм и вакъэр и ныбжьэгъухэм лъахамэ, хъыджэбзми хабзэмкIэ лъихын хуей мэхъу. Къэфэныр яуха нэужь, джэгур зейм тIуми лъэпэд зырыз яритынри хабзэщ. Шэщэн къафэм и фIэщыгъэцIэм лъабжьэ хуэхъуар «шэ-щэн» псалъэрщ. Адыгэ хъыджэбзхэр джэгум, хьэгъуэлIыгъуэм хыхьэфын щхьэкIэ ягъэзащIэ гъэунэхупIэм къытехъукIащ. ХэкумкIэ яIэщIэхуауэ къэфэкIэ гъэщIэгъуэнщ. Зы щIалэмрэ зы хъыджэбзымрэ ягъэзащIэу псынщIэрыкъафэщ. ХьэтиякIуэ псалъэр къызытехъукIар адыгэхэм иљэс 4500-рэ ипэ Анэдолэм щаухуа Хьэт къэралыгъуэм епхащ. Хы ФIыцIэм и Кавказ Iуфэм щыпсэу адыгэхэр Анадолэм щыIэ я къуэшхэм деж щыкIуэкIэ, гъуазэу яхэтым ХьэтиякIуэкIэ еджэрт. Ислъэмейр зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ ягъэзащIэ къафэ псынщIэщ. Уджыр лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу, дэтхэнэми езым и мыхьэнэрэ щагъэзащIэ дауэдапщэрэ иIэжщ. Арами, псоми зэщхьу зы къэфэкIэ яIэщ: щIалэхэм я ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ хъыджэбзхэр ягъэува нэужь, я Iэхэр зэрыубыдауэ утыкум йохьэхэри, псори я Iэхэр зэрыIыгъыу къызэдофэ. ЩIалэгъуалэ 30-40 хъууэ къызэдэуджу урохьэлIэ. Я лъакъуэ ижьыр ипэ иту, сэмэгур иужькIэ къэнауэ, ижьырабгъумкIэ йокIуэкI. Зэзэмызи тIурытIу зэдоуври, зэкIэлъокIуэ, пшыналъэм зэрагъэкIуу, зэзэмызи псори хъурейуэ я Iэхэр зэрыдзауэ къофэ. Тхъэгъуэу зы къэфэкIэщ. Мы къэфэкIэр ныбжьым елъытакъым, хэт хуейми хыхьэу къэфэфынущ. Нобэ кIуэдыжыным нэса къэфэкIэ лIэужьыгъуэхэр, хэхэсхэм яхъумахэр, ди Хэкужьым къагъэсыжри, куэдкIэ нэхъыбэ хъужащ. Къамэрыфэ жыхуаIэ къэфэкIэм теухуауэ Баж Жэбагъы етх: - Илъэсихым ситу, 1953 гъэм, Тыркум щыIэ Хьэджымуратлы къуажэм Чэримхэ я хьэгъуэлIыгъуэм шыслъэгъуат къамэрыфэ жыхуаIэр. Адыгэ хьэщIэ щIалэ гуэрым къамитI къызэкъуихри, Чэримхэ япхъу Зулфие къафэ псынщIэ гуэрым къеуэу, хьэщIэ щIалэми къафэм и макъамэм зыдригъэкIуурэ, и зы лъакъуэр къиIэтым, къамитIыр диIуурэ, къамэхэр дыгъэм пигъэлыдурэ ди гъащIэм дымылъэгъуа къэфэкIэ гъэщIэгъуэн дигъэлъэгъуат. Абы лъандэрэ илъэс 62-рэ дэкIащи, мыхуэдэ къэфэкIэр зэи слъэгъужакъым. Ауэ ар щIалитIым ягъэзэщIэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
02.12.2024 - 15:00 →
Благъуэр ежьэжынущ
02.12.2024 - 11:46 →
Зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэву
02.12.2024 - 11:44 →
Нобель и саугъэтыр зратахэр
29.11.2024 - 14:28 →
ФIыхэм я нэхъыфIыж Сэнэ Мухьэрбий
27.11.2024 - 15:25 →
Театр гъуазджэм и хормейстер гъуэзэджэ
|