Псы цIыкIур псышхуэм здехь

         Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэм къыхэкIри, Хэкум къэIэпхъуэжауэ щытащ Шымыгъашхэ Зигъу. И щхьэгъусэ Маисэрэ (абазэхэщ, Гъышхэ япхъущ) абырэ бынибл зэдапIащ. Псоми адыгэцIэ дахэхэр яIэщ: Азер, Нэхунэ, Маржэ, Димахуэ, Аслъэн, Синэ, Сипсэ (иужьрейхэр зэтIолъхуэныкъуэщ). 

         Зигъу илъэс куэдкIэ инженеру щылэжьащ щIы дагъэ къыщIэзыш IуэхущIапIэм.

         - ДыкъыщыкIуэжагъащIэм цIыхухэм хъарзынэу зыкъытщIагъэкъуащ. Мы зэманым щIым тIэкIу долэжь, джэдкъаз догъэхъу. Гъунэгъухэм я гугъу пщIымэ, цIыху хъарзынэ дыдэхэщ, ауэ щхьэж и Iуэхумрэ зэрыпсэунымрэ егъэбыдылIащи, сэлам зэтхыф къудейщ, - жеIэ Зигъу.

         «ФыхущIегъуэжакъэ фыкъызэрыкIуэжам?» - жыпIэу ущеупщIкIэ, абы къыхегъэщ: «Иджыри къэс сыкъызэрымыкIуэжаращ сызыхущIегъуэжыр. Нэхъ пасэу зэфIэдгъэкIын хуея Iуэхущ. Сэ жысIэращ: Сирием щыдлэжьар Хэкум деж щытщIауэ щытамэ, куэдкIэ нэхъыфIу иджыпсту дыпсэунт. Зауищым дыкъелащ, щэнейрэ зэхэзехуэн дащIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лъапсэ бухуэныр Iуэху псынщIэгъуэкъым.  КъызэрыгуэкI цIыхум и гъащIэм къриубыдэу зы щхьэегъэзыпIэ иухуэф къудейщ. Дэ апхуэдэ гъэунэхуныгъэ щэ дихуащ. ЦIыхум и къаруми гъунапкъэ иIэщ. Дэ ди ныбжьыр кIуащ. Ауэ жыгым лъабжьэ едгъэгъуэтмэ, адэкIэ ди бынхэм абы псы щIакIэурэ хъер къыпахынщ. Дызыщыгугъыр аращ. Ди адэ тхьэмыщкIэр хамэщI дыщыпсэун хуейуэ ди натIэ зэрыхъуам ирибампIэурэ дунейм ехыжат. Дауи мыбампIэнрэт, бзу цIыкIурэ пэт, и абгъуэр къелъыхъуэж.

         Зигъу и шы нэхъыжь Пэрыти Кременчуг-Константиновкэ къуажэм дэтIысхьэжащ. Щыгъуазэ дызэрыхъуамкIэ, Пэрыт Сирием ЕгъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу илъэс 11-кIэ лэжьащ, хьэрып-нэмыцэ псалъалъэ зэхэзыгъэувахэм яхэтащ. Япэ дыдэ ар Урысейм къихьауэ щытащ Дунейпсо Олимп джэгухэр Москва къалэм щыщекIуэкIам. Ауэ нэхъыбэу ар нобэ зытепсэлъыхьыр къызыхэкIа лъэпкъымрэ я нэхъыжьхэмрэщ.

         - Ди адэм и адэшхуэращ Хэкум иIэпхъукIауэ щытар. Абы щIалитIрэ зы пщащэрэ къыхуэхъуат, арщхьэкIэ зыр пасэу дунейм ехыжащ. Шымыгъашхэхэ зэи къыщыхъуакъым я щIэблэм адыгэцIэ фIамыщу. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ иритырт ди адэми, - жеIэ Пэрыт. - Сэ къыскIэлъыкIуэр хъыджэбзхэрати, абы зым Iыхьэмахуэ адрейм Дыщэмахуэ яфIищащ, си къуэш нэхъыщIэхэм - Зигъу, Нарт, Щауэмахуэ. Ар дэ хабзэ тхуэхъури, дэ къытщIэхъуэжахэми  зыми хьэрыпыцIэ еттакъым. Зэпымыууэ жызоIэ адыгэм лIэщIыгъуэкIэрэ зэтриухуа и гупсысэм къытекIуэн зэрыщымыIэр. Зи гугъу сщIыр цIыхум ухэзышэ икIи укъыхэзышыж ди хабзэ-бзыпхъэрщ. Уэрамым дэт сабийхэр адыгэбзэкIэ псалъэу зэхэсхамэ, апхуэдизкIэ ар си гум йодэхащIэри, IэфIыкIэ хъуми, ахъшэ тIэкIуми зыгуэр язот. Сотхъэж абыхэм я макъыр зэхызохри. Зэрыхабзэщи, псы цIыкIур псышхуэм здехь. Дэри дызыхэс лъэпкъышхуэм ди гупсысэр хэшэпсыхьыж хъуащи, аращ нэхъыбэу дызыгъэгузавэр. 

         Пэрыти быниплI иIэщ: хъыджэбзищыр унагъуэ хъужауэ Сирием щопсэу, и щIалэ Бибэрс езым и Iуэху къызэригъэпэщыжауэ Тыркум щыIэщ.

         Хэхэс гъащIэр зылъэгъуар нэхъ хэкупсэ мэхъу жыхуаIэрщи, Пэрытрэ и щхьэгъусэмрэ къызэрыкIуэжа къудейм щогуфIыкI, щIым хуаIэ лъагъуныгъэр я хадэмкIэ нэрылъагъущ. Жыг хадэр пхъэщхьэмыщхьэм къекъутэ, хадэхэкIхэмкIи къулейсызкъым, уеблэмэ гъэщIэгъуэн тщыхъуащ СириемкIэ шхыныгъуэхэр ирагъэIэфIыу зэрахьэ «млюхие»  удз лIэужьыгъуэри унэгуащэм и хадэм къызэрыщигъэкIыр. Арагъэнщ, Хэкур зи плъапIэм сыт хуэдэ лэжьыгъэри фIэIэфIынущ, щIыжаIэр.

БАГЪЭТЫР Луизэ.   

          

 

Поделиться: