Спорт хъыбархэрЕщанэ хъуауэ къагъэзэж «Фэ топыр - сабийхэм» фIэщыгъэр зэрихьэу футболымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Волгоград областым и Волжск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №3-м и «Iуащхьэмахуэ» топджэгу командэр икIи ныбжьыщIэхэм яхузэфIэкIащ домбеякъ медалхэр абы къыщахьын. Зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм икIын папщIэ бахъсэндэс цIыкIухэр яIущIащ Дагъыстэным и командэм, ауэ пенальтикIэ ар ирагъэхьащ. ИужькIэ, домбеякъ медалым щхьэкIэ, ахэр дэджэгуащ «Ростов-Волгоград»-м. Мыбдежым Бахъсэн къалэм и лIыкIуэхэр щынэхъ лъэщащ икIи ещанэ увыпIэр яубыдащ. «Iуащхьэмахуэ» топджэгу командэм дэлажьэхэр Сыжажэ Арсенрэ Аслъэныкъуэ Хьэжсетрэщ.
Мейкъуапэ щызэхуос Урысей Федерацэм кикбоксингымкIэ щIыхь зиIэ и тренер Сиихъу Казбек и фэеплъ щIыналъэ зэхьэзэхуэ Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI я зэфIэкIхэр абы щагъэлъэгъуащ Краснодар крайм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я спортсмен 360-м, я ныбжькIэ илъэси 10-м къыщыщIэдзауэ 18-м нэсыху. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Олимп джэгухэм хэмыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и спорт еджапIэм и гъэсэнхэм хъарзынэу зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ. Илъэс 15 - 16 зи ныбжьхэм я деж етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Таз Рашид (кг 60). Абы и тренерыр БецIыкIу Хьэзрэтщ. Илъэс 13 - 14 зи ныбжьхэм я деж ещанэ щыхъуахэщ Согаев Ахъмэтрэ (кг 39-рэ) Бэлэтокъуэ Имранрэ (кг 54-рэ). ЩIалэхэр зыгъасэр Къудей Алимщ.
Мэзкуу зыхуагъэхьэзыр Ипщэ федеральнэ округым, КИФЩI-м киокусинкаймкIэ я чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ къэралым и федеральнэ округхэм ящыщу бгъум я спортсмен 500-м нэблагъэ икIи ахэр зэпеуащ «кёкусин-ката», «кёкусин-ката-группа», «кёкусин-весовая категория» лIэужьыгъуэхэмкIэ. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, наIуэ къэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм дыщэ медалу 21-рэ, дыжьыну 27-рэ, домбеякъыу 20 къызэрихьар. КIэух зэпеуэхэм хэта ди спортсменхэм Iэмал ягъуэтащ УФ-м киокусинкаймкIэ и чемпионатымрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэмрэ я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Ар Мэзкуу къалэм щекIуэкIынущ дызыхуэкIуэ илъэсым гъатхэпэм и 21-м.
КунгфумкIи дылъэщщ «Цветок лотоса» фIэщыгъэр зэрихьэу кунгфумрэ цигунымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Воронеж къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м Шаолинь зауэ гъуазджэмкIэ и федерацэм и гъэсэнхэр икIи медаль зэхуэмыдэхэр щызэIэрагъэхьащ: 10-р дыщэу, 7-р дыжьыну, 5-р домбеякъыу. Абы нэмыщI, гуп зэпеуэхэми кубокитI къыщахьащ. Ди командэм хэтащ ПщыхьэщIэхэ Фарес, Ашэмэз, Абрэдж, Къуэшрокъуэ Дамир, Каргиновэ Еленэ сымэ. Абыхэм я тренерыр Бабаев Эльнурщ.
Вэрокъуэ СулътIан и бгырыпхыр ПауэрлифтингымкIэ 10-нэ дунейпсо чемпионатыр Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 85-м, хамэ къэралу 40-м я спортсменхэр - псори зэхэту 4000-м щIигъу. Зэхьэзэхуэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ дуней псом щыцIэрыIуэ Мэддокс Джулиус (килограмм 354-рэ зи хьэлъагъ штангэр щIым къытреIэтыкI щылъу), Кокляев Михаил, Сарычев Кирилл, Маланичев Андрей сымэ, нэгъуэщIхэри. Ди гуапэ зэрыхъущи, УФ-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, Къэрэгъэш къуажэм щыщ Вэрокъуэ СулътIан чемпионатым екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ, къэралым и рекорд щигъэуващ икIи чемпион бгырыпхыр къратащ. ЩIалэм и тренерхэр Гувэжыкъуэ Алим, Гъубж БетIал, Хьэщпакъ Муса сымэщ.
КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
29.11.2024 - 14:34 →
Ди щIалэхэм дагъэгуфIэ
28.11.2024 - 17:40 →
Къазмыхь Сэлими нэхъ лъэщщ
28.11.2024 - 17:30 →
Балэ Темырлан ятокIуэ
28.11.2024 - 17:00 →
«Тэрчым» и топджэгухэр ягъэлъапIэ
22.11.2024 - 16:11 →
Спорт хъыбархэр
|