Театр гъуазджэм и хормейстер гъуэзэджэ
КъБР-м гъуазджэмкIэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бицу Юрэ Музыкэ театрыр къыщызэIуаха зэманым япэ дыдэу къыхуагъэфэщащ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ хормейстер нэхъыщхьэ къулыкъур. Макъамэр зи псэм хэлъ Бицур Музыкэ театрым илъэс 50-м нэблагъэкIэ щылэжьащ, а IуэхущIапIэр къыщызэIуаха зэманым щыщIэдзауэ. - Зы ноти сымыщIэу сыщIэтIысхьат училищэм. Насыпышхуэ сиIэти, Хьэсанэ Мусэ, Похомов Николай, КIуэкIуэ Мае егъэджакIуэ нэсхэм сапэщIэхуащ, фIыуэ слъагъу IэщIагъэм абыхэм сыхуагъэсащ. Сызэреджа илъэсиплIым сэ макъамэм и гъэр сащIам пцIы лъэпкъ хэлъкъым, – жеIэ Юрэ. 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м зэхьэзэхуэ щIыкIэм тету къыхашауэ щытащ Музыкэ театрым и хорым хагъэхьэнухэр. ЦIыху 26-рэ къащтэн хуейти, 18 къудейт абы щыгъуэ ягъуэтар, ахэри хэт самодеятельностхэм къыхэкIауэ. Ауэ абыхэм щыщ зыми нотэр ящIэртэкъым, макъамэ IэщIагъи яIэтэкъым. Япэ махуэм къыхахахэм щыщу нобэ театрым и хорым хэтыжыр зы цIыху закъуэщ – Сафаровэ Тамарэщ. Пэжщ, мазитI-щым къриубыдэу къабгъэдыхьат куэд, икIи ахэри хорым хагъэхьат. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Нало Зое, Темыркъан Женя, иужьыIуэкIэ Ажэдыгъу Лидэ, Елчэпар Жаннэ, Къардэн Михаил, нэгъуэщIхэри. 1972 гъэ лъандэрэ хорым къыхыхьат Согуэ Данил, Джыназ Нурбий, Урыс Iэмырбий сымэ. Хуэм-хуэмурэ хорым и цIыху бжыгъэр зэрыщытын хуей цIыху 26-м нагъэсат, иджыпсту абы хэтщ цIыху 40-м нэс, къанэ щымыIэу псори уэрэд жыIэкIэм хуэIэзэу. Республикэм и радиокомитетым, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми я хорхэр зэхыхьэри «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ, «Травиатэр» къыкIэлъыкIуащ. Театр хорыр адрей хорхэм ещхькъым, и къалэнри нэгъуэщIщ. Музыкэ театрыр къызэIухыным, абы хор иIэным ерыщу яужь итащ а зэманым ди республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн. ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ Жырыкъ Зауррэ Бицу Юрэ хужаIа псалъэ гуапэхэр адэкIэ къыдохь. ЖЫРЫКЪ Заур (КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор): - Музыкэ театрым и лэжьыгъэхэм увыпIэфI щызыубыд хорыр Юрэ езыр-езыру къызэригъэпэщащ икIи уэрэджыIакIуэхэр иригъэджэжащ. Нотэ зыщIэхэм я дежкIи къалэн тыншкъым дуней псом и композитор лъэщхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, макъиплIу зэхэкIыу хорым и уэрэджыIакIуэхэм ягъэзэщIэн хуей партиехэр. А лэжьыгъэхэр ехъулIэныгъэхэр яIэу оперэм зэрыхэтым хуэдэу игъэхьэзырырт Бицу Юрэ, языныкъуэхэр и хорым зэрагъэзэщIэным хуэдэу нотэм иригъэзагъэу щыхэлэжьыжыхьыжи щыIэу. Хорым зиужьурэ профессиональнэ зэрыхъуар зи фIыщIэр аращ. Абы Юрэ и зэфIэкIрэ къаруушхуэрэ ирихьэлIащ. Ар и IэнатIэм гукIи псэкIи бгъэдэтащ. Адыгэ уэрэдыжьхэр зэманым декIуу нотэм къызэрыригъэзэгъэжар уасэншэщ. «Обработки народных песен для хора» и лэжьыгъэр республикэм и хорхэмрэ уэрэджыIакIуэ ансамбльхэмрэ ноби я дэIэпыкъуэгъущ. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ пщэрылъ къыщащIми, нэгъуэщI щIыпIэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэн хуей хъуми, Юрэ и лэжьэгъухэм я чэнджэщэгъут икIи гъуэгугъэлъагъуэт. Профессиональнэ хор дирижёру, щIэныгъэ зыбгъэдэлъу республикэ гъуазджэм япэ дыдэу къыхыхьахэм ящыщщ Бицур. Абы КъБР-м и театр гъуазджэм зригъэужьащ, хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Музыкэ театрым къыщIэувэ щIалэгъуалэми Юрэ чэнджэщэгъу яхуэхъурт. Абы езым игъэхьэзырри и пIэм иригъэувэжащ консерваторэр къэзыухыу къэзыгъэзэжа КIуащ Заретэ. ПщIэшхуэрэ нэмысрэ къыхуащIу, хьэл-щэн дахэхэр зыбгъэдэлъ цIыхуфIу и лэжьэгъухэм япэ итащ республикэр зэрыгушхуэ Бицу Юрэ. Иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм ди япэ иригъэт! ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил (УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ): - ЦIыхум и IэщIагъэр Тхьэм къыдигъэщIу къалъытэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Бицу Юрэ къызыхуигъэщIар, дауи, музыкэрт. КъБР-м и Музыкэ театрым и япэ унафэщIу щыта Хьэсанэ Мусэрэ Шейблерырэ къыхащыпыкIащ республикэм и нэхъ тхьэкIумафIэ, макъамэр нэхъ зигу изыубыдэф щIалэгъуалэр. Ди искусствэм зезыгъэужьар абыхэм музыкэм хуащIа хэлъхьэныгъэрщ. Я цIэр къипIуэмэ – ахэр Бэрэгъун Владимир, Бэгъуэтыж Светланэ, Iэщнокъуэ Розэ, Гъэсашэ Наталье, Бицу Юрэ, Молэ Владимир сымэщ. Юрэ сэ нэхърэ тIэкIу нэхъыжьт, ещанэ курсым сыщыщIэтIысхьам абы еджапIэр къиухат. ИужькIэ ар щIэтIысхьащ Москва Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ институтым. Профессиональнэ музыкэ IэщIагъэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI. Юрэ хорым и дирижёрт. Лъэпкъым насып диIэти, Бицу Юрэ хуэдэхэр адыгэм къыдитащ. Псэемыблэжу зи IэщIагъэм зы цIыху бгъэдэту срихьэлIамэ, ар Бицу Юрэщ. Москва Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ институтыр къиуха нэужь, Налшык и Музыкэ театрым и хормейстер нэхъыщхьэу пенсэм тIысыжыху щылэжьащ. Опереттэ, оперэ, комедие жыпIэми, театрым щагъэува лэжьыгъэм хорым зыкъыщигъэлъагъуэмэ, абы и зэфIэкIым гу лъомытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. «Профессионал» жыхуаIэм хуэдэу, и лэжьыгъэм псэемыблэжу бгъэдыхьэрт. Юрэ дирижёр къудейтэкъым, цIыхубэм къахэкIа уэрэд куэди зэхуихьэсыжурэ итхыжащ. КъигъэщIэрэщIэжа адыгэ уэрэдыжьхэр къыдигъэкIын и пэ къысхуихьри, си гуапэу пэублэ псалъэ хуэстхат. Ар композитор IэщIагъэм хуемыджами, цIыхубэ уэрэдхэм щыхэлэжьыхьыжым, композиторым къигъэсэбэпын хуей гъэпсыкIэр, макъ зэщIэжьыуэхэр телъыджэу къехъулIащ. Бицу Юрэ итхыжа уэрэдхэр Мэремыкъуэ Хъусен игъэзащIэу щыIэщ. Абыхэм ущедаIуэкIэ апхуэдизу гукIи псэкIи зыхыбощIэри, уи щхьэфэцыр мэтэдж. Уэрэдыпсэу къэхъуа адыгэ щIалэм уэрэд къэс щхьэхуэу пкърилъхьэфар си щхьэкIэ схузэфIэмыкIынкIи хъунт. И IэщIагъэм апхуэдизкIэ хуэIэзэщи, и пэ иту ищIэрт хорым папщIэ зыхэлэжьыхьыжа и уэрэдхэр зэрагъэзэщIэну щIыкIэр. Адыгэм къыдалъхуа дахагъэ гуэр дунейм къытенэнумэ, Бицу Юрэ адыгэ уэрэдхэм яхилъхьэжа псэр къэнэнущ. Си гъащIэм сроплъэжри, срогушхуэ Юрэ хуэдэу зэфIэкI зиIэ музыкант ди лъэпкъым къызэрыхэкIам. ЗэрытщIэщи, мы дунейм зыми къигъэзэжыркъым. Псори токIуэдыкIыжри, уэрэдыр къонэ! Юрэ куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэу, и уэрэдхэр щIыгъуу! ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
02.12.2024 - 15:00 →
Благъуэр ежьэжынущ
02.12.2024 - 11:46 →
Зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэву
02.12.2024 - 11:44 →
Нобель и саугъэтыр зратахэр
29.11.2024 - 14:28 →
ФIыхэм я нэхъыфIыж Сэнэ Мухьэрбий
27.11.2024 - 12:30 →
Адыгэм и лъэпкъ къафэхэр
|