Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэФэтэр куэду зэхэт унэхэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур нэгъэсауэ къагъэщIэрэщIэжыным теухуа щIыналъэ программэм хагъэхьахэм я техникэ щытыкIэр къэхутэныр къызэрызэрагъэпэщыну ЩIыкIэмрэ фэтэр куэду зэхэт унэхэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур нэгъэсауэ къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа щIыналъэ программэм хагъэхьахэм я техникэ щытыкIэр къызэрахутам кърикIуахэр къызэрапщытэну ЩIыкIэмрэ, апхуэдэ программэр щагъэхьэзыркIэ икIи къыщащтэкIэ е абы зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьэкIэ, гъэувыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ 2024 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м Налшык къалэ №159-ПП Урысей Федерацэм и ПсэупIэ кодексым и 167-нэ статьям и 6-нэ Iыхьэм и 3-нэ пунктыр и лъабжьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. Гуэдзэнхэр къэщтэн: Фэтэр куэду зэхэт унэхэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур нэгъэсауэ къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа щIыналъэ программэм хагъэхьахэм я техникэ щытыкIэр зыхуэдэр къызэрызэрагъэпэщыну ЩIыкIэр; Фэтэр куэду зэхэт унэхэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур нэгъэсауэ къагъэщIэрэщIэжыным теухуа щIыналъэ программэм, апхуэдэ программэр щагъэхьэзыркIэ икIи къыщащтэкIэ е абы зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьэкIэ, хагъэхьахэм я техникэ щытыкIэр къызэрахутам кърикIуахэр къызэрапщытэну ЩIыкIэр. 2. Мы унафэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуныжь М.А. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2024 гъэм щIышылэм и 22-м къыдигъэкIа унафэ №3-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м Налшык къалэ №176-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2024 гъэм щIышылэм и 22-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгу фондым хуаутIыпщ бюджет ахъшэр 2024 - 2026 гъэхэм хэщIхэм я унэтIыныгъэхэмкIэ тегуэшэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №3-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться:
Читать также:
17.01.2025 - 10:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
14.01.2025 - 10:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
13.01.2025 - 15:05 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
10.01.2025 - 11:40 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
09.01.2025 - 12:54 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
|