Редакторхэм я натIэ хъуарТхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Даур Жэхьфар илъэс 50-кIэ щылэжьа «Черкес хэку» газетыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу лэжьыгъэ хьэлэмэт утыку кърихьащ. Абы зэхуихьэсыжащ а лIэщIыгъуэм къриубыдэу газетым и редактор нэхъыщхьэу щытахэм я хъыбархэр. «1967 - 1969 гъэхэм Ленинград парт еджапIэм сыщеджати, лъэкIыныгъэ сиIащ Салтыков-Щедрин и цIэр зезыхьэ библиотекэм сыщылэжьэну. Абы щIэлът Къэрэшей-Шэрджэсым япэ дыдэ къыщыдэкIахэм къыщыщIэдзауэ иужькIэ къыдэкIа газету хъуар. СфIэгъэщIэгъуэну зэманым гъуэжь ищIа газетхэм сахэплъэрт, икIи ди щIыналъэм печатым зэрызыщиужьар IупщIу ахэм къахэщт. Мис, 1924 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м къыдэкIа адыгэ газетым и япэ номерыр. Ар хьэрыпыбзэкIэ тхати сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ: «Хэту пIэрэ редактору щытар?» Хьэрыпыбзэр сщIэртэкъыми, ар зыщIэ библиотекэм и лэжьакIуэм селъэIури къезгъэджащ. Япэ дыдэ дунейм къытехьа газетым и редактору зи Iэпэ щIэлъыр Ботэщ Ибрэхьимт. «Хэту пIэрэ а Ибрэхьимыр, дэнэ щыщ?» - упщIэхэр зэуэ къысхуэуващ. УпщIэхэм я жэуапыр Шэпар Айшэт - Тхьэстокъуэ Кушыку и пхъум - Налшык къыщыдигъэкIа «Два века отразились в них» тхылъым, е XIX-XX лIэщIыгъуэхэм псэуа адыгэ аристократхэм ятеухуам, къизгъуэтащ. Абы итт Ибрэхьимрэ абы и щхьэгъусэ Тхьэстокъуэ Нанурэ я сурэтхэри. КъызэрыщIэкIамкIэ, Ботэщ Мырзэ и къуэ Ибрэхьим Ботэщей къуажэм щыщт, пщым и къуэт. Ар къалъхуат 1883 гъэм. Нэхъапэ мыдрисэр къиухат, иужьым Петербург ухуэныгъэ академием щеджэри инженер-ухуакIуэ дипломыр иIэу къигъэзэжащ. Ауэ и IэщIагъэмкIэ лэжьэн зэуэ къыхудэхуакъым. 1922 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс автоном областыр къыщагъэщIым, Ботэщыр облоном и унафэщIу ягъэуващ. Лэжьащ 1924 гъэм нэгъунэ. Иужьым, «Адыгэ псэукIэ» газетыр къыдэкIыну хьэзыр щыхъум, партым и обкомым и бюром и унафэкIэ, Ибрэхьим газетым и редактору трагъэхьащ. А лъэхъэнэм Ибрэхьим хуэдэу щIэныгъэкIэ фIыщэу зытегъэпсыхьа щыIэтэкъым, хьэрыпыбзэр уэрсэру ищIэт. КъыхуащIа дзыхьыр гъэзэщIэным ар жыджэру иужь ихьащ, хьэрыпыбзэр зыцIыху, газетым щылэжьэфынухэр къигъуэтащ, газетыр зыщIыну типографием и лэжьакIуэхэр иригъаджэу щIидзащ. Гугъуехь ин дыдэхэм пэщIэхуами, ищIэфыну зыри къигъэнакъым лъэпкъым езым и газет иIэн папщIэ. Арами, газетыр къызыхудигъэкI адыгэхэм къахэкIащ ар пщым зэрикъуэм теухуауэ партым и обкомымбзэгу зыхьахэр. Ибрэхьим нэхъри тефыщIыхьу щIадзащ Беслъэнеипщым ипхъу Тхьэстокъуэ Нану къыщишэм. Апхуэдэуи, илъэситI нэхъ мылэжьауэ, газетыр хьэлэмэту къыдигъэкIыу щIидза къудейуэ, редактор IэнатIэм къытрагъэкIащ. А зэманым, 1926 гъэм, Черкес, Къэрэшей областхэр зэхэкIыжауэ щхьэхуэ-щхьэхуэу лэжьэн щIадзэжати, Къэрэшей областым и унафэщIу трагъэхьа Курджиев Къурмэн-Алий Ибрэхьим иригъэблэгъащ Микоян-Щыхьэр къалэр зыщIыну IуэхущIапIэм и инженер нэхъыщхьэу. Ауэ мыбдежми щагъэзэгъакъым, кIэщIэтхыхьыныр щагъэтакъым. Зэхэзехуэн ящIынкIэ шынагъуэ щыхъум, 1928 гъэм Дагъыстаным Iэпхъуащ, и IэщIагъэмкIэ лажьэу щIидзащ. Иджы лъэмыжт нэхъ иухуэр Апхуэдиз къэзэуатым хэту ягъэпсэу, ямыгъэлажьэ Ботэщ Ибрэхьим и гум хуэшэчакъым мыхъумыщIагъэу къращIар. И ныбжьыр илъэс 48-рэ фIэкI мыхъуауэ, 1931 гъэм дунейм ехыжащ. БынитI къыщIэнащ - Залымхъанрэ Инессэрэ. Ботэщ Ибрэхьим адыгэ газетым и илъэсищэ тхыдэм къыхэнащ япэ дыдэу абы и гъуэгу гугъур хэзыша редактору. Ботэщ Ибрэхьим трагъэкIа нэужь, «Адыгэ псэукIэ» газетыр редакторыншэу къэнат. Партым и обкомыр тегъэчынауэ лъыхъуэрт газетыр ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын цIыху. Апхуэдэуи, я нэIэр техуащ Зеикъуэ щыщ ДыщэкI Мухьэмэд. ЖыпIэ хъунут, ар редакторыным тегъэпсыхьауэ. Ибрэхьим лэжьакIуэхэр къыщыхихым, газетым и лэжьакIуэу Мухьэмэди къригъэблэгъат. Ар журналист хьэзырт. Хьэрыпыбзэр фIыуэ ищIэрт, а бзэмкIэ итхт рассказхэр, ахэр газетым къытрадзэрт, и цIэри адыгэ къуажэхэм яхэIуат. Партым и обкомым и унафэкIэ, 1926 гъэм ДыщэкIыр редактору трагъэхьащ. Тыркум кIуэуэ зи щIэныгъэм фIыуэ хэзыгъэхъуа, ищхьэ щIэныгъэ зиIэ Мухьэмэд фIыуэ щыгъуазэт партым, къэралым и политикэм, экономикэм. ЦIыхухэм щIэныгъэ яхыхьэнымкIэ газетым мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыгурыIуэт. Абы къыхэкIыу, зыпэрыува IэнатIэм пщэрылъу щихьыр зэрыиныр зыхищIыкIти, зэуэ и иужь ихьащ газетым и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным. Хьэрыпыбзэ гугъур еджапIэхэми щаджыфын папщIэ зэреджэ тхылъ зэхилъхьат, ар газетым щылажьэхэми хуабжьу къащхьэпат. Газетыр гъэщIэгъуэн, еджэгъуафIэ ищIат. Редактору зэрыщылажьэм къыдэкIуэу, «Пшэплъ» роман гъэщIэгъуэныр абы и Iэдакъэ къыщIокIри, Мухьэмэд япэрей адыгэ тхакIуэхэм яхохьэ. Ауэ сыт фIыуэ имыщIэми, и жагъуэгъухэм зыри ялъагъутэкъым. ШэщIауэ къыпаIэтт Тыркум зэрыщыIар, и лъэпкъым епцIыжауэ къыхукъуагъэщт, ккIщIэтхыхьт. Щымыхъуххэм, партым и обкомым и бюром и унафэкIэ, I928 гъэм мазае мазэм ДыщэкI Мухьэмэд и IэнатIэм къытрагъэкIащ, илъэситI нэхъ ямыгъэлажьэу. Пэжщ, зэуэ зэхэзехуэн ящIакъым. ЕджапIэхэм щригъэджащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и педагогическэ институтым щылэжьащ. Уеблэмэ «Горскэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым» Iутащ. ЩIэныгъэ, гъэсэныгъэ нэс зыхэлъ цIыхуу ар дэни къыщалъытэрт. 1934 гъэм ДыщэкIым и «Пшэплъ» романыр къыдэкIащ, а гъэми СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьащ. Лъэпкъымрэ къэралымрэ апхуэдэу хуэлажьэ щIалэ хьэлэмэтым сыт фIыуэ ищIами, дауэ мылэжьами, тхакIуэхэм я союзым зэрыхэтми еплъакъым. Тыркум зэрыщыIар къыхукъуагъэкIыжщ, цIыху акъылым имызагъэ къуаншагъэхэр къытралъхьэри, 1937 гъэм хьэпсэ ящIащ. «Тройкэ» жиIэу щыIа хьэкIэкхъуэкIэхэм Мухьэмэд и хьэкумыр кIэщIу ящIэри, Хэкум епцIыжа статьякIэ укI къытралъхьащ. Архив дэфтэрхэм ущыхэплъэкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIкъым «къэралым епцIыжа» зыфIаща цIыхухэм зэрабгъэдыхьэу щытар... Ростов хьэпсэм 1943 гъэм тхуэнейрэ лъэIу тхылъ щитхащ фронтым ягъэкIуэну. «Зы нэмыцэ сывгъэукIи итIанэ сэ сывукI», - яжриIэт. Ауэ, Мухьэмэд зы нэмыци ирамыгъэукIыу, зауэм и гуащIэгъуэ дыдэм - I943 гъэм езыр яукIащ. Апхуэдэу гухэщIу и гъащIэр ирагъэухащ адыгэ лъэпкъым, ди къэралым фIы куэд хуэзыщIэфыну щыта, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа щIалэ щыпкъэр, тхэным къыхуигъэщIа цIыху гъуэзэджэр».
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|