ФIыхэм я нэхъыфIыж Сэнэ Мухьэрбий

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и къежьапIэм деж щытахэм, псыпэр езышэжьахэм яхэтащ Сонэ Мухьэрбий. Япэ уитыныр, гъуэгугъэлъагъуэу ущытыныр зэрыкъалэн гугъур, жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр фIыуэ къыгурыIуэрт абы.

Ди лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа а цIыху гуащIафIэp, артист гъуэзэджэр нобэми цIыхубэм ящыгъупщэркъым. 1941 гъэм урыс режиссёр цIэрыlуэ Немирович-Данченкэ Налшык щыIэу «Фигаро и фызышэм» щеплъам, ди артист щIалэм къыхужиIауэ щытащ: «Си гугъакъым мыпхуэдэ артистхэр Налшык щыслъагъуну. Уэ утыкум ущоджэгу (Сонэрщ жыхуиIэр), мыдэ француз дыдэм и зыщIыкIэхэм хуэдэ дыдэу. Фигаро зэрыщытыпхъэр уи деж щыдолъагъу. Си гуапэщ дяпэкIи ебгъэфIэкIуэну». 

Дауи, Мухьэрбий дежкIэ ар гухэхъуэт. Артист щIалэми дэтхэнэ зы ролри, ар цIыкIущ, е инщ жимыlэу, игъэзащIэрт, и зэфIэкIи, и къаруи хилъхьэрт. IэхъуэгъуэтегъэкIыу ар зы щIыпIэ зэгуэр щыджэгуауэ зыщIэж щыIэкъым.
Сонэ Мухьэрбий лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэр къалъытэу, абы къыхуагъэфэщауэ щытащ Урысей Федерацэм и цIыхубэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ я артист цIэ лъапIэхэр. Апхуэдэ пщIэ къэзылэжьа цIыхум сценэм роли 120-м шIигъу щигъэзэщIащ, образ зэмылIэужьыгъуэхэр ди нэгу щIигъэкIыу. Ар лэжьыгъэшхуэщ. Апхуэдиз «лIыхъужьхэм» я шыфэлIыфэр къэбгъэлъэгъуэным, я сэфэтым уихьэным, абыхэм я гъащIэм «урипсэуным» гугъуехьу пылъыр фIыуэ къызыгурыIуэр абы дэпсэуамрэ къыдэлэжьахэмрэщ.
Нобэ фи пащхьэм ныдолъхьэ абыхэм я гукъэкIыжхэр.
Къаздэхъу СулътIан, КъБР-м и цIыхубэ артист: ФIыхэм я нэхъыфIыж
Артист нэсым утепсэлъыхьыныр, абы и лэжьыгъэр, и гъащIэр куууэ къэптIэщIыныр икъукIэ гугъущ. Ди япэ иту сценэм щыджэгуа ди нэхъыжьыфIхэр лIы я лIыжт. Ауэ абыхэми къахэщырт Сонэ Мухьэрбий. И гъащIэри апхуэдэу ирихьэкIащ. Гухэхъуэ, дэрэжэгъуэ къуитырт Сонэр сценэм иту щыплъагъукIэ. 
«Ревизорым» хэт Городничий и ролыр Мухьэрбий зэригъэзэщIар зылъэгъуарщ зыщIэр сыт хуэдэ артисту ар щытами. А ролыр абы къызэрехъулIам хуэдэу зыхуэгъэзэщIар куэд хъуркъым, къэралым и театр псори къапщтэми. Адыгэ театрым щагъэува «Ревизорыр» Москва щыщагъэлъэгъуам, къалэдэсхэм телъыджэ къащыхъуат Сонэм и джэгукIэр. Талантым и талантыж бгъэдэльщ мы артистым къыхужаIат абы щыгъуэ Сонэм критик нэхъ ткIий дыдэхэми. Сыт хуэдэ ролри фIыуэ къехъулIэрт Мухьэрбий. Театрым къыхуалъхуащ зыхужаIам хуэдэт ар, и псэм хэлът IэщIагъэр, псэемыблэжуи лъэпкъ щэнхабзэм хуэлэжьащ. 
Мухьэрбийрэ сэрэ унагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэу щытащ. Ныбжьэгъу зэбгъэгъуэтыныр аракъым нэхъыщхьэр, атIэ ар гъэпэжыныр, зэхэщIыкI, гумащIагъэ уи зэхуаку илъынырщ. ЦIыхугъэшхуэ хэлъу, куэдым щапхъэ дахэ яригъэлъагъуу дунейм тетащ Мухьэрбий.
БжэIумых Беллэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ: Псэ къабзэ
Сонэ Мухьэрбий и фIыгъэ хэльщ сэ сценем сызэрихьам. Ебгъуанэ, епщIанэ классхэм дыщIэсу, Сонэм «Аргуэрыжьу – тIу» зыфIища и пьесэм къытетщIыкIри спектакль ди школым щыдгъэувауэ
щытащ. Художественнэ самодеятельностхэм я зэпеуэ Нарткъала щрагъэкIуэкIыу ар дгъэлъагъуэри, япэ увыпIэр къэтхьат. ИужькIэ ар радиокIи къатат. Пьесам дыщелэжьым, Мухьэрбий къедгъэблагъэри ди къуажэ, Шэрэдж Ищхъэрэ, щыIащ. Чэнджэщхэр къыдиту, къыддэIэпыкъуу пьесэр къыддигъэуващ. Абы щыгъуэ Мухьэрбий ди деж щыхьэщIащ, си адам бгъэдэсащ. А зэманым си гум щызгъафIэрт артист сыхъуну. СызыщIэхъуэпс сценэм сызэрыщыджэгуфынум шэч къытрызимыгъэхьэжу сытезыгъэгушхуар, си гущIэм къыщыуша хъуаскIэр нуру къэблэнымкIэ къыздэIэпыкъуар Сонэрщ. Абы щыгъуэ си адэм жриIащ: «Мы хъыджэбз цыкIур еджакIуэ вгъакIуэ, артист хъунущ икIи лэжьэфынущ». 
Еджэныр къэзухыу сыкъэкIуэжа нэужь, си насып къихьащ Мухьэрбий сригъусэу зы спектакль сыщыджэгуну, зы утыку ситыну. Ар сэркIэ пщIэшхуэу къызолъытэ. Сэ зэи сщыгъупщэнукъым а цIыху телъыджэр, артист гъуэзэджэр. Псэ къабзэ зиIэт Сонэр. ЦыхуфIт, хьэлэлт, псалъэ гуауэ къыбжиIэнутэкъым. НэхъыщIэхэр фIыуэ дыкъилъагъурт, псалъэ дахэ къыджиIэрт, дигъэгушхуэрт, къыддэIэпыкъурт, ди щыуагъэхэм, дызыхунэмысхэм щабэу гу лъыдигъатэрт. Апхуэдэу IэфIу сигу къинэжащ а цIыху щэджащэр, адыгэлI щыпкъэр.
Къэжэр Борис, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъШР-м щIыхь зиIэ и артист: Сыт щыгъуи щапхъэ
Егъэлеяуэ лъэкIыныгъэшхуэ зиIэ защIэт дяпэ ита ди нэхъыжьыфIхэр. Зы махуэм нэхърэ адрейр нэхъ гъэщIэгъуэн къытщащIу, дащыгуфIыкIыу, дадэплъейуэ дыкъекIуэкIащ. А гупыр къыхэзыхам абыкIэ къигъэлъэгъуат Iэзагъэшхуэ зэрыхэлъыр. Зым ейр адрейм емыщхьу, щхьэж езым и хъэтI, утыку итыкIэ иIэжу апхуэдэт ахэр. Ауэ псори зэгъусэу сценэм къызэдихьамэ, мыдэ, удз дахэ зэмылIэужьыгъуэхэр Iэрамэу зэхалъхьам ещхь хъурт. 
Гугъущ ди артист нэхъыжьхэм уатепсэлъыхьыныр, зыгуэр къахэбгъэщхьэхукIыныр, увыпIэкIэ зэхэбдзыныр. Апхуэдэ къалэни си пщэ дэслъхьэжыркъым, ауэ жысIэфынущ Мухьэрбий егъэлеяуэ лэжьакIуэшхуэу зэрыщытар. Жэщ-махуэ псокIэ итыфынут ар сценэм, зыгъэпсэхугъуэ имыIэу. Телъыджэт образ къигъэщIхэр, гуимыхужт. ЩIэ щIэттэкъым Сонэм и лъэкIыныгъэм. И нэр уфIыцIауэ гъащIэм кIуэцIрыкIакъым ар. Абы къыгурымыIуэ, зыхимыщыкI Iуэхугъуэ утепсэлъыхьыныр Iэмал зимыIэт - фIыуэ ищIэрт къэралым и лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэми, хамэ къэралхэми я литературэр, драматургиер. 
Сэ Мухьэрбий щапхъэ тесхырт. Псалъэм папщIэ, тетрадыр тIууэ зэпигъэжырт абы, уи жыпым илъу къепхьэкI хъун хуэдэу. ИтIанэ игъэзэщIэну ролым жиIэн хуейхэр иритхэрти къыздрихьэкIырт. Зэман лей зыщыпIэ къыхукъуэкIамэ, къищтэурэ текстыр зригъащIэрт. Сэри ар къэзублащ. КъэувыIэпIэхэм ущытеткIэ, зыгуэрхэм уежьэн щыхъукIэ, зэман умыгъэкIуэду икъукIэ сэбэпщ ар.
ГъащIэр фIыуэ илъагъурт Мухьэрбий. СынэхъыщIэ цIыкIуу сригъусащ сэ абы, ерыскъы куэди зэдэтшхащ. Шыхэри, шыгъажэри фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар аращ. Сыт щыгъуи шыгъажэм сыздишэрт. Иджы ар сэ хьэл схуэхъуауэ зы блэзмыгъэкIыу соплъ. 
Нобэр къыздэсым театрым и утыкум
щызэхэтх хуэдэщ Сонэм и макъыр: зэм щабэу, зэми ткIийуэ, хэIэтыкIауэ - игъэзащIэ ролым, зытепсэлъыхьым теухуауэ. Езым хэлъа цIыхугъэшхуэр, адыгагъэр дэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм ягу ихуркъым.
Мысостышхуэ Пщызэбий, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артист: Тхьэр зыхуэупса
Артистышхуэу, цIыхугъэшхуи хэлъу щытащ Сонэ Мухьэрбий. ЩыIэщ езыр артистыфIу, дахэу джэгуу, ауэ щыхъукIи, цIыхугъэу хэлъыр зымащIэу. ЦIыхугъэрэ ээчийрэ зэгъусэу зритыр зырызыххэщ. АбыхэмкIэ Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщщ Сонэр. Сэ театрым сыкъыщыкIуам, Мухьэрбий и мызакъуэу, ди къуажэ щыщ нэгъуэщІ куэди щылажьэрт абы, артист бэлыхьхэу, щIалэгъуалэм щапхъэ яхуэхъухэу. Ауэ театрыр фІыуэ зылъагъу, абы хэзыщIыкI куэдым Сонэр а псоми къыхагъэщхьэхукIырт, псом хуэмыдэу и лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэкIэ. Гурэ псэкIэ бгъэдэтт ар и IэнатIэм. Куэдым ящIэу къыщIэкIынкъым Мухьэрбий пьесэхэр, рассказхэр, романхэр итхыу зэрыщытар. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм я нэхъыбэр дунейм къытехьакъым. Абы и щхьэусыгъуэри ар укIытэхыу, нэмысышхуэ хэлъу зэрыщытарщ... «Мыр къытевмыдзэнкIэ Іэмал зимыIэщ»,
жиIэу зэи зыми япиубыдакъым икIи лейуэ къакIэлъикIухьакъым. Пьесэ куэди зэридзэкIащ Мухьэрбий.
Абыхэм ящыщщ ди театрым щагъэувауэ щытахэу Мольер и „ЗалымыгъэкIэ ягъэІэза“, Шекспир и „Ромеорэ Джельеттэрэ“ пьесэхэр. ЩIалэгъуалэм я гуапэ ищIын фIэфIт Мухьэрбий. Езым и шынэхъыщIэ цIыкIухэм хуэдэу псоми гъэфIагъыцIэ зырызыххэ яфIищауэ абыхэмкIэ еджэрт. ЩIалэгъуалэм ди лэжьыгъэкIи гулъытэ къытхуищIырт. Апхуэдэу Мухьэрбий езым и жэрдэмкIэ ныбжьыщIэхэр дызэхуишэсри репертуарым хэмыту «ЗалымыгъэкІэз ягъэIэза» пьесэр дигъэгъэувауэ щытащ. Ар дэ апхуэдизкIэ къыдэхъулIати, цIыхур мыувыIэж жыхуаIэм хуэдэу театрым къекIуалIэрт а спектаклым еплъыну. Мазэм къриубыдэу махуэ 25-м ар дгъэлъагъуэрт, уеблэмэ, къару къытхуимыгъэнэжауэ дригъэзэшат. ИужькIи спектаклыр, фIы зэрыхъуар къалъытэри, репертуарым хагъэхьауэ щытащ. 
Сонэм игъэзэщIа ролхэм уатепсэлъыхьмэ, абы зэхуэдэу къехьулIэрт дыхьэшхэн ролри, драмэри, трагедиери. ТеатрыбзэкIэ жыпIэмэ, амплуа хэха иIакъым Мухьэрбий. И зэфэкIкIи хьэлщэнкIи хуэдэ уигъэлъыхъуэнт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, артистхэми тхэлъщ фыгъуэн-ижэн хьэл мыхъумыщIэр, ауэ Мухьэрбий апхуэдэтэкъым. «Мыр мыбы жиIати, мырати-морати», - жиIэу гузэрыдзэ зыми зыхуригъэщIыртэкъым, къигъэгубжьыртэкъым. ЛIы хьэл, адыгэлI хьэл хэльащ абы. Зыгуэрым зыгуэр къехъулIамэ, ар и гуапэ хъурт. АртиститIым зы роль ирату хабзэщ, абы къыхэкIыуи ахэр зэхьэрхуэрэгъу мэхъу, хэт нэхъыфIу ар имыгъэзащIэрэ жыхуаIэу. Псалъэм папщIэ, Мухьэрбий нэхърэ уэ ролыр нэхъ къохъулIамэ, и нэгур зэIухауэ, гу къабзэкIэ кьохъуэхъунут, уэ нэхъыфIу зэрыбгъэзащIэри къыхигъэщынут.
Мухьэрбий удэлэжьэну тынш дыдэт. За жыIэгъуэкIэ абы ебгъэщIэну узыхуейр къыгурыIуэрт. Утыкум ихьэрти зэрыджэгунури уигъэлъагъурт. АпхуэдизкIэ гурыхуэти, занщIэу къипхъуатэрт. Ар псоми къайхъулIэркъым. ИтIанэ Мухьэрбий зэи утыку укъринэнутэкъым. ЩыIэщ, псалъэм папщIэ, сценэм уиту зы псалъэ гуэр щыпIэщэху е армытэмэму щыжыпIэ. Апхуэдэм деж кузэд елъытащ уи гъусэу джэгум. Ар укъыгурыIуэрэ сценэм къыщригъэзэгъыжыфу, спектаклым еплъхэм гу лъаримыгъатэу адэкIэ къыпищэжыфмэщ ар щыгъусэфIыр, щыартист нэсыр. Мухьэрбий апхуэдэу щытащ. ИтIанэ, абы и нэгу иплъагъуэрт къигъэщI образыр зыхуэдэр, зы псалъэ жимыIэу щытми.
Гоголым и «Ревизорым» нэхърэ нэхъыбэрэ Урысейм и театрхэм щагъэува спектакль щыIэкъым. АтIэ, Сонэм и «Городничий» къытекIуэн образ къэзыгъэщIыфауэ ди къэралым артист ису къыщэкIынкъым. ЦIыхум гулъытэ хуищIу, дахэу дунейм тетащ Сонэ Мухьэрбий. И зэран зыми зэрыримыгъэкIыным хущIэкIуащ. НэхъыжьыфIу, ныбжьэгъу пэжу щытащ, цIыху куэди къыкIэлъыкIуэрт. Абыхэм я зэранщ жысIэркъым, ауэ адыгагъэр нэхъыбэрэ шыгъу-пIастэм щыхуагъакIуэм и деж, куэд пIэщегъэкI, пфIегъэкIуэд. Ар талант, зэман, е нэгъуэщІ зыгуэр ирехъу. Мис абы и лъэныкъуэкIэ куэд къыфIадыгъуащ Мухьэрбий. ГъащІэ екIу, гъащIэ дахэ къызэдагьэщIащ Мухьэрбийрэ абы и щхьэгъусэ Сибэч Быхуэрэ. Лъэпкъ театрым куэд хуалэжьащ абыхэм. Артистым дунейм къытринэр и цIэмрэ и ролхэмрэш. Мухьэрбий ди гум къинэжащ цIыху хьэлэлу, артист гъуэзэджэу, нэхъыжьыф Іущу.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: