Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIалэгъуалэм я 11-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Рязань къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ. Хабзэ хъуауэ ар къызэрагъэпэщ террористхэм пэщIэт «Альфа» гупым хэта, пщэрылъ къыхуащIа къалэныр лIыгъэ хэлъу игъэзащIэу зи псэ зыта майор Соловов Владимир и фэеплъу.
Зэхьэзэхуэм спортсмени 150 хуэдизын кърихьэлIат. Мыбы ди щIыпIэм щыщ щIалэхэри хэтати, я ехъулIэныгъэхэмкIэ дагъэгуфIащ. Килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр Къазмыхь Сэлим, 72-м нэсхэм КIыщ Аслъэнбэч ещанэр къыщахьащ.
Ди бэнакIуэхэр зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзыра гъэсакIуэхэр Нэгъуей Азэмэт, КIыщ Мурат, Къардэн Анзор сымэщ.
Дзюдом хэтхэри къикIуэтакъым
Совет Союзым и ЛIыхъужь Тихмянов Леонид фэеплъ хуащIащ Тулэ къалэм мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ щызэхэта урысейпсо зэпеуэр. Ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 24-м къикIахэр спортсмен 250-м щIигъурт. Ди республикэм щыщу мыбы щIалих хэтащ. Килограмм щэ ныкъуэ зи хьэлъагъхэр зыхэта гупым я деж Балэ Темырлан япэ увыпIэр щиубыдащ,
Ефэнды Астемыррэ (кг 46-рэ) Молей Алийрэ (кг 55-рэ) домбеякъ медалхэр къахьащ.
Ди боксерхэм нэхъ лъэщ яхэтакъым
СССР-м спортымкIэ и мастер, зи текIуэныгъэхэм дрипагэу щыта Зокаев Артур и фэеплъ ещанэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Налшык щекIуэкIащ. ЩIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 9-м боксери 120-м щIигъу къикIат. Ди командэм дэщIыну республикэм и Правительствэм щыщхэми, дзэ Iуэху хэхахэм хэтыну къулыкъу зыщIа зауэлIхэми, хабзэхъумэхэми, хьэрычэтщIакIуэхэми, зи текIуэныгъэхэми куэдым яцIыхуа спортменхэми мыбы зыкърагъэхьэлIат.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам япэ увыпIэр къызэрихьамкIэ дагъэгуфIащ.
Спортыр унагъуэм и Iэпэгъуу
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щызэхэта зи чэзу зэIущIэр узыншагъэр хъумэнымрэ спортым цIыху нэхъыбэ дегъэхьэхынымрэ теухуауэ щытащ.
Ар къызэIуихащ социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэмрэ спортымкIэ комиссэм и унафэщI Шинкарева Наталье.
Абы и къэпсэлъэныгъэр нэхъыщхьэу зытегъэщIауэ щытар унагъуэр гъэбыдэнымкIэ, цIыхум и узыншагъэр сэкъатыншэу щытынымкIэ спортым ди гъащIэм щиIэ мыхьэнэм и инагъымрэ ар нэхъри бэм хэпща зэрыхъунымрэщ.
«Дэтхэнэ зы сабийри Олимп чемпион мыхъункIэ, нэгъуэщI утыкушхуэхэм медаль къыщимыхьынкIэ Iэмал имыIэу щыткъым, ауэ щIэблэ узыншэ диIэн папщIэ ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэр спортым дедгъэхьэхыныр, абы и мыхьэнэр къагурыдгъэIуэныр. Абы щыгъуэщ пщэдейрей махуэр зеинухэр узыншэу, зэфIэкI ин яIэу къыщыхъунур», - къыхигъэщащ абы и къэпсэлъэныгъэм.
Зэхуэсым къыщаIэта Iуэхугъуэшхуэм хуэгъэпсауэ зэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ иубзыхуа къалэнхэмрэщ КъБР-м Спортымрэ физическэ гъэсэныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Балъкъэр Заур зэхуэсым хэтахэр щыгъуазэ зыхуищIар.
Комиссэм хэт Джэш ФатIимэ республикэм и куейхэм ит спорт IэнатIэхэр иджыри нэхъ убгъуауэ цIыхум яхуэлэжьэфын папщIэ щIэгъэкъуэн зэрыщыщIэм икIи абы теухуауэ щIэн хуейхэм къытеувыIащ.
Зэхуэсым кърихьэлIауэ псалъэ зылъагъэса адрейхэми спортым нэхъри зегъэубгъун папщIэ, езыхэр зэреплъымкIэ, лэжьыпхъэхэрщ зи гугъу ящIар.
Мы зэIущIэм нэхъыщхьэу гуапэ пщищIыр узыншагъэр, унагъуэр хъумэн, щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэн папщIэ спортым гулъытэ нэс игъуэтын зэрыхуейр, абы ди гъащIэм щиубыд мыхьэнэр зэрыиныр зэрызыхащIэрщ, Iэпэдэгъэлэл зэрамыщIырщ.