ЩIыбагъ быдэДзэ Iуэху хэхам хэтхэм къэралым яхуищI гулъытэм къищынэмыщIауэ, а щIалэхэр дэIыгъыным хуэунэтIауэ жылагъуэми лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. «Узэкъуэтмэ, улъэщщ» къыхуеджэныгъэм и мыхьэнэр нэсу ди цIыхухэм къазэрыгурыIуэр наIуэ къищIащ ди зауэлIхэм щIыбагъ быдэ зэрахуэхъум, ахэр зыхуей дэIэпыкъуныгъэхэр жыджэру къыхузэрагъэпэщкIэрэ. Ди къэралым и дэтхэнэ щIыпIэми икIыу абыхэм щIэх-щIэхыурэ яIэрохьэ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ. Апхуэдэ Iуэху щхьэпэ иджыблагъэ зэфIагъэкIащ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей жылэм щыпсэу ДзыхьмыщIхэ я лъэпкъым. Абыхэм я мылъкукIэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэр къызэрагъэпэщри, «ГАЗель» хьэлъэзешэ машинитIкIэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм хуашащ. Апхуэдэ жэрдэмыр, шэчыншэу, лъэпкъым и пщIэр зыIэтщ, ахэр зыщыщ жылэми и цIэр фIыкIэ зыгъэIунщ.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
17.07.2026 - 15:01 →
Быным епцIыжахэр
17.07.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




