Республикищым я цIыхубэ тхакIуэ

ТхакIуэ, усакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ зыхэпсэукI лъэхъэнэм узэрыщыпсэум къыпхилъхьэ гушхуэныгъэм, и усэ сатырхэм гур зэригъэушэм, и тхыдэ романхэм укъызыхэкIа лъэпкъыр къузэригъэцIыхум, езыр уи цIыхугъэрэ и лъахэ уихьэху и псалъэ Iущхэмрэ тхылъыщIэхэмкIэ къызэрыбдэгуашэм си дежкIэ уасэ иIэкъым.
Зи ныбжьыр илъэс 94-м ит тхакIуэшхуэм къалэм къызэрищтэрэ и хэкумрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ я беягъыр, дахагъыр хъуэпсэгъуэу къызэригъэлъагъуэр, и бзэр, гъатхэ жыг хадэу, къызэрызэрытIэпIыкIыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Дэнэ-тIэ а къалэмыпэр къыщежьэр, тхакIуэ щэджащэм езым хиша лъагъуэм пэщIэдзэ хуэхъур? Ар, дауи, и адэжь лъапсэрщ, Краснодар крайм и Успен районым хыхьэ Щхьэщэхуж къуажэрщ.
Анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр къыгурыIуэу дунейм зы цIыху тетмэ, МэшбащIэр етIуанэщ. Сыту жыпIэмэ, апхуэдиз щIэныгъэ бгъэдэлъми, урысыбзэр фIы дыдэу ищIэми, зэи хамэбзэкIэ тхакъым, и анэдэлъхубзэращ и къалэмыр зэригъабзэр. Мис ар фIыгъуэ нэхъыщхьэу бгъэдэлъхэм ящыщщ абы. «ТхакIуэр щыпсэун хуейри щылэжьэн хуейри къыщалъхуа и лъахэрщ. И адэжь хэкум гурыщIэ къабзэ хуимыIэмэ, абы и тхыдэм щымыгъуазэмэ, и блэкIамрэ и щыIэкIэмрэ имыщIэмэ, лъэпкъ таурыхъхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ щIамыпIыкIамэ, и анэдэлъхубзэр имыгъэшэрыуэмэ - лъэпкъ тхакIуэ щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Сэ сытхакIуэщ, сылъэпкъ тхакIуэщ. Сэ сызэреплъымкIэ, тхакIуэр и лъэпкъ хэсыжын хуейщ, и лIыхъужьхэм къаухъуреихьу, арыншамэ, купщIэ зиIэ гуэри IэщIэтхыхьынукъым», - жеIэ Исхьэкъ.
Къыпхуэмылъытэн хуэдизу куущ МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ, урысей, дунейпсо литературэхэм яхуищIа хэлъхьэныгъэр. СатыриплI хъу усэхэм щегъэжьауэ, адыгэ тхыдэм куууэ дризыгъэплъэж романхэр зэрыт тхылъи I00-м щIигъу къыдигъэкIащ абы. Къыщалъхуа лъахэмрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ я къуэ пэжу къыщIэкIа тхакIуэм и тхыгъэхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Нобэ абы и зэфIэкIымрэ адыгэм и цIэр жыжьэ зэригъэIумрэ дагъэгушхуэм и закъуэкъым, атIэ абы и тхыгъэхэм дерс къыхыдох, блэкIар ди нэгу къыщIэдгъэхьэжыфын хуэдизу къытхуеIуатэ, ар ди нобэрей гъащIэм едгъапщэурэ лъагъуэ пхытшыну Iэмал къыдет. Абы къыдэкIуэуи къыхэгъэщыпхъэщ адыгэм и псэкупсэ къулеягъыр нэгъуэщIхэм зыхегъэщIэнымкIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр зэфIэувэнымкIэ а тхыгъэхэм къалэнышхуэ зэрагъэзащIэр. И усэхэращи, гущIэм нэс защIэщ. ГъэщIэгъуэнракъэ, сатыриплI къудей фIэкIа мыхъуми, зы гъащIэ Iыхьэ къыщыгъэлъэгъуа гупсысэ зыщIэлъ е философие куу зыхэплъагъуэ яхэтщ абыхэм. КIэщIрэ купщIафIэу, захуэрэ пхыкIыу матхэ Исхьэкъ. Усыгъэр ар езыр талантышхуэщ. Гъуазджэм и дунейм ухыхьэныр зэчийм и закъуэ елъытакъым, атIэ уемызэшу улэжьэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, егъэджакIуэ нэхъ лъэщ дыдэм – гъащIэм - узыхуигъасэхэр зыхэплъхьапхъэщ, цIыхубэм я гурыгъу-гурыщIэхэм ущыгъуэзапхъэщ. Мис ахэр Iэрыхуэу дебгъэкIуфрэ уи зэчийм – итIанэщ лъэныкъуэ куэдкIэ зызыужьа, псэкупсэ къулеягъ зыбгъэдэлъ иджырей тхылъеджэм ущызыхищIэнур. Исхьэкъ бгъэдэлъщ а псор, аращ усыгъэри прозэри зэгъусэу къыщIехъулIэр, цIыхубэм я гущIэм щIынэсыфыр.
Езым и IэдакъэщIэкIхэм къадэкIуэу Исхьэкъ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ «Слово о полку Игореве», апхуэдэуи «Медный всадник», «Скупой рыцарь», «Моцарт и Сальери» (А. С. Пушкин), «Беглец» (М. Ю. Лермонтов), «Железная дорога» (Н. А. Некрасов), «Двенадцать» (А. А. Блок), «Анна Снегина» (С. А. Есенин), «Облако в штанах» (В. В. Маяковский) тхыгъэ телъыджэхэр. НэгъуэщI тхакIуэхэр и гъусэу КъурIэныр адыгэбзэм къригъэзэгъащ. МэшбащIэ Исхьэкъщ Адыгэ Республикэм и Гимным и авторыр. 
Апхуэдизу купщIафIэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэшэча романхэр птхыныр мыбдеж щылъкъым, а жанрым къалэн гугъу къыпхуегъэув. Абы къыхэкIыу роман зэхуэмыдэхэм иужь итурэ Исхьэкъ щылэжьащ Москва, Ленинград, Краснодар, Тбилиси, Ставрополь, Истамбыл, Париж, Тегеран, Дамаск, Каир щыIэ архивхэм. Ар хэплъащ лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэхэм ятхахэм, блэкIа жыжьэм къыщыхъуа-къыщыщIахэм ехьэлIауэ ятхыжа дэфтэр гъэщIэгъуэнхэм, щIэныгъэлI ехьэжьахэм я IэдакъэщIэкIхэм. 
ИтIанэ хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ Кремлым щыщыIа илъэсхэр, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату лажьэрти, зыри пэрыуэгъу къыхуэмыхъуу, урыс офицерхэм, генералхэм я гукъэкIыжхэр щIиджыкIащ, хамэ къэралхэм щыщ авторхэм, дипломатхэм я IэдакъэщIэкIхэм хэплъэфащ. Ахэр куэдым дзыхь хуамыщI архив дэфтэр телъыджэщ. 
Исхьэкъ и романхэм къызэщIаубыдэр зы лIэщIыгъуэм къыщыхъуахэракъым, атIэ X лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ адыгэм и тхыдэр къыщыгъэлъэгъуэжащ. ЩIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирилъхьащ адыгэпщхэм, дзэзешэхэм, къэрал лэжьакIуэхэм я гъащIэм къыщыхъуахэр, Урысей къэралыгъуэм адыгэм щигъэзэщIа къалэныр. Урыс-Кавказ зауэм теухуа тхылъитху и Iэдакъэ къыщIэкIащ Исхьэкъ, дэтхэнэри архив дэфтэрхэм къыщигъуэта фактхэмкIэ щIэгъэбыдауэ. Абыхэм къахощыж адыгэм и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэ куэд. «Ауэ щыхъукIи, тхыдэм сыщыхуеплъэкIыжкIэ, сэ си сэр зыгуэрым хуэзгъэдэлъэну зэи яужь ситакъым, зыри згъэкъуаншэркъым адыгэм къыщыщIамкIэ. Си гугъэщ дэфтэрхэм къахэсхыж пэжыр художественнэ теплъэ иIэу я пащхьэ зэрислъхьэр къагурыIуэу. Уи лъэпкъым и узыфэхэмрэ и гурыфIыгъуэхэмрэ умыщIэмэ, уи дыгъуасэмрэ нобэмрэ зумыгъэпщэфмэ, тхакIуэ, лэжьакIуэ, политик е цIыху зэпIэзэрыт къыпхэкIыну? Сэ сызыхуейр зыщ - адыгэм и тхыдэ пэжымрэ и щэнхабзэ къулеймрэ къыдэкIуэтей щIэблэм ящымыгъупщэнырщ», - жеIэ МэшбащIэм. 
Нобэ Исхьэкъ Адыгэ Республикэм и жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтщ, и лъахэм и щэнхабзэ-тхыдэ щIэиныр хъумэным, нэхъ бей щIыным и гуащIэ хелъхьэ, адыгэбзэкIэ къыдэкI «Зэкъошныгъ», «Вагъуэбын», урысыбзэкIэ къыдэкI «Литературная Адыгея», «Родничок» журналхэм я редактор нэхъыщхьэщ. 
Зэкъуэтыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм, зыужьыныгъэм сыт щыгъуи хущIэкъуу къекIуэкIащ Исхьэкъ. Апхуэдэуи мамырыгъэр, зэныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ пщIэр, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэфIхэр и тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ дигъэлъэгъуащ. ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ, зи хэкум хуэпэж хэкулI нэс МэшбащIэ Исхьэкъ хуэдэ цIыху къызыхэкIа лъэпкъым насыпыфIэу зыкъилъытэжын хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар цIыху къызэрымыкIуэщ. Абы и щыхьэт нэсщ езыр къыщалъхуа Щхьэщэхуж (Урупское) жылэм фэеплъ зэрыщыхуагъэувар. Фэеплъыр къызэIуахауэ щытащ Краснодар крайм и губернатор Кондратьев Вениаминрэ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрийрэ. Краснодар крайм и унафэщIым къыхигъэщат лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ щIыналъэхэр зэдэлэжьэнымрэ ехьэлIауэ адыгэ тхакIуэм хузэфIэкIым и инагъыр пщалъэ гуэркIи къызэрыпхуэмылъытэнур. 
ТхакIуэм и Iулыджым и лъагагъыр иджыри зэ щIигъэбыдэжу 20I9 гъэм МэшбащIэм къратащ «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. А дамыгъэр къэралым хуащIа Iуэху инхэм папщIэ яту аращ. Ар къэралым ис лъэпкъхэм я литературэ щIэиныр гъэбэгъуэным, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ егъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ МэшбащIэ Исхьэкъ ищIа лэжьыгъэшхуэм и уасэщ. 
Илъэс 95-м нэблэгъами, Исхьэкъ и лэжьэкIэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым, мурадыщIэхэр ещIри, дахэу гъащIэм хепщэ. Лъэпкъми хэкуми я пащхьэ щиIэ къалэныр куэд щIащ МэшбащIэ Исхьэкъ зэригъэзащIэрэ, итIани и зэфIэкIымрэ къарумрэ мыкIуэщIу зыужьыныгъэм иджыри хуолажьэ. Абы иджыблагъэ итхащ дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI, къэхутакIуэ, тхакIуэ, щIэныгъэлI да Винчи Леонардэ и анэм теухуа роман. «Уафэнэ» («Голубоглазая») тхылъым и лъэтеувэр япэу Налшык къыщызэригъэпэщащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. МэшбащIэм журналистхэм яжриIащ романыр итхын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр, сурэтыщIым и анэр адыгэу зэрыщытар цIыхубэм ящIэн зэрыхуейр. «Романым щIэныгъэ къэхутэныгъи, дэфтэри, профессор Вечче Карлэ къигъуэтыжахэм щыщи лъабжьэ хуэсщIакъым. Сюжетри абы хэт лIыхъужьхэри (езы Катеринэ къищынэмыщIа), си гупсысэм къыхэкIауэ аращ», - жиIащ тхакIуэм. 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: