Хамэ щIыналъэм насып щыIэкъым. Ар къыгуроIуэ зи адэжь хэкур зыбгынахэм я нэхъыбэм. «Узыдэмыхьа къуэладжэ лыжь дэлъщ» - адыгэ псалъэжьым къыбжеIэ нэхъыфI къэплъыхъуэу уежьэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэр. АрщхьэкIэ уи лъахэр IэмалыншагъэкIэ убгынэн хуей хъумэ-щэ? Мис апхуэдэ щытыкIэм къихутауэ щытащ 1864 гъэм зи унэр зрагъэбгынэу Тыркум залымыгъэкIэ ягъэIэпхъуа адыгэхэм. КъыкIэлъыкIуэ лIэщIыгъуэм и тIощI гъэхэм абыхэм я лъэужьым ирикIуащ барон Враниль и хужьыдзэм хэтахэр. Абы щыгъуэми, пащтыхь офицерхэр, хуэщIа лIакъуэлIэш унагъуэхэм къыщыхъуа бзылъхугъэхэр, зыхуей зыгъуэту къэгъуэгурыкIуа нэгъуэщIхэр езыхэм къалэжьыжымкIэ псэуфу есатэкъыми, егъэлеяуэ щытыкIэ гугъум къихутат. Ахъшэ хэкIыпIэу къамыгупсыс щыIэтэкъым. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ цIыхухэр Iэпщэ къарукIэ лэжьэн хуей хъурт. Нэхъ хьилэшыхэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагупсысырт. Булгаков Михаил и «Бег» пьесэм хэтщ тараканкIэ дызэджэ хьэпIацIэхэр къызэрызэдагъажэр. Къатежынур къэзыщIэм саугъэтышхуэ къихьырт.
Хужьхэр Константинополь (Истамбыл) пIалъэ кIыхькIэ фIэкIа щымыIами, абы къигъэлъэгъуащ «хьэщIэхэр» дэнэ щIыпIи зэрыщымытыншынур. Псом хуэмыдэу ахэр гугъу ехьащ 1930 гъэр къэсыху. Абы щыгъуэми, укIытэхэрт зэрыкъулейсызыр, зыхэпсэукIыни зэрамыIэр хэIущIыIу ящIын.
Я Iуэху Iейтэкъым Европэм и пащтыхь унагъуэхэмрэ лIакъуэлIэш лъэпкърэ IыхьлыгъэкIэ ягухьэхэм. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэри яхэзэгъат, хьэрычэтыщIэхэм ящыщхэм IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэIуахат. Ауэ адрейхэм я нэхъыбэр хэкIыпIэншэт. Куэдым къахуэнэжыр фабрикэхэрт, IуэхущIапIэхэрт, губгъуэхэрт. Ауэ абыхэми ущылэжьэфын хуейт. Ар къайхъулIэртэкъым игъащIэм мыжьыщIа цIыхубз гъэфIахэм я мызакъуэу дыгъуасэрей офицерхэми. Зрагъэсэн хуей хъурт.
Зылъэгъуахэм зэратхыжымкIэ, США-м къыщыхута урысхэр лэжьапIэфI къалъыхъуэурэ еша иужь, зыщIэхъуэпсыр IэфIыкIэ фабрикэм къыщIэхутэнырт. ЩIакхъуэ Iыхьэ зэпымыууэ къызэралъыхъуэм куэдым Iэмал къаритыртэкъым гупсэхуу инджылыбзэ зрагъащIэу американ псэукIэ дыдэм хыхьэну.
Зи теплъэкIэ къикI хъыджэбзхэм ахъшэ къыщалэжьыр къэхьпэщхэрт. Ахэр дунейм и къэрал псоми щыплъагъунут. Китайм и Шанхай къалэм и къэхьпэщым и закъуэ урыс цIыхубзу мини 8-м щIигъу «щылэжьауэ» къалъытэ. Зи щхьэгъусэхэмрэ шыпхъухэмрэ «урыс унэхэм» (арат зэреджэр апхуэдэ къэхьпэщхэм) щыIэ офицерхэр езыхэри а унэ дыдэхэм Iэнэзехьэу, нэгъуэщI Iэпыдзлъэпыдзхэу щылажьэрт.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ щытыкIэм къимыгъэщIынкIэ Iэмал иIэтэкъым щIэпхъаджащIэ, пцIыIуэпцIышэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
Абыхэм Iэмалу къамыгъэсэбэпыр укIуэдыжт. Хэбгъэзыхьмэ, къыпфIощI иджы телефонкIэ цIыхухэр зыгъэщхьэрыуэхэм абыхэм щапхъэ трахауэ.
Америкэми Европэми куэду къыщыхутащ хьэгъэщагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэзыгъэсэбэпхэр, хьилэшыхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, апхуэдэ зы гъэпцIакIуэм I926 гъэм тетхыхьащ газетхэр. Езыр Бунин Ивану жиIэри ар псэлъащ литераторхэр зи кIамэлъамэ дохутырым и деж. Гъыным хуэдэу зищIурэ, жриIащ тхакIуэ Андреевыр сымаджэщым щIэхуауэ. Абы къеIэзэн щхьэкIэ доллар 350-рэ итын хуейщ, ар яIэкъым. Доллар 200 къыхуагъуэтри, иратащ мыгувэу къэкIуа «Андреевым». Дохутырым етIуанэ махуэрщ игу къыщыкIар Буниным и дэIэпыкъуэгъум зыпищIэну. ИкIи сыт? Мы Iуэхум Буниным зыри химыщIыкIыу икIи Андреев лъэпкъи имыцIыхуу къыщIэкIащ! Нэхъ гъэпцIагъэ Iуэхушхуэ 1932 гъэм щызэфIахащ Санкт-Петербург полицмейстеру щылэжьа Добринский Борисрэ химиемкIэ профессор Снадлевский Аркадийрэ (цIэ-унэцIэхэр, дауи, нэпцIщ). Абыхэм рестораныр зейр къагъэдэIуащ доллар мин 25-рэ къахуихьыну. Профессорым къигупсыса Iэмал телъыджэмкIэ а ахъшэхэм зэрыхъуу тет бжыгъэр порошоккIэ игъэбагъуэрт. Порошокым и къарум иригъэплъыну хьэку плъам щытрадзэм рестораныр зейр къэмэхащ, зыкъыщищIэжам ахъшэхэри, и псэлъэгъухэри щыIэжтэкъым.
АрщхьэкIэ щIэпхъуэжахэм я нэхъыбэ дыдэр цIыху хьэрэмыгъэншэт. Абыхэм зыхэпсэукIын хьэлэлу къалэжьырт. Париж и такси мини 8-р зезыгъакIуэр Урысейм икIахэрт. Я напщIэ телът ябгынэн хуей хъуа я хэкур, щагъэзэжынуми пэплъэрт. Я гугъэр щыхахыжар ЕтIуанэ дунейпсо зауэр иуха иужьщ.