Зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэвуБрай Адэлбий 1937 гъэм Щхьэлыкъуэ жылэм къыщалъхуащ. Къуажэ школыр хъарзынэу къиуха нэужь, ар 1954 гъэм щIэтIысхьащ Налшык дэт пединститутым. ЕджапIэм щыщIэсхэм щыгъуэ абы и усэхэр печатым къытехуэу хуежьат. Езыр щIалэ жант, хэлъэт зиIэти, еджэнри тхэнри дэгъуэу зэдихьырт. Университетыр къыщиуха 1959 гъэм Адэлбий и усэ хъарзынэхэмкIэ куэдым фIыуэ къацIыхуат. АтIэми, ар нэхъри цIэрыIуэ щыхъуар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щыщылэжьа лъэхъэнэрщ. Брайр нэгъуэщIхэм я Iэрытхыу тхылъ тедзапIэм кърахьэлIэхэм я редактор къудейтэкъым - щIэныгъэфIи зыбгъэдэлъ, зи Iэзагъэми хэхъуэ зэпыт щIалэм езыми зиузэщIырт, и усэхэри сабийхэм яхуитх рассказхэри нэхъыбэрэ къытрадзэ хъуат. Абыхэм щытхъу псалъэхэр къыхужаIэрт. Ауэрэ дунейм къытехьащ и усэхэр щызэхуэхьэса и япэ тхылъыр («Щхьэгъубжэ нэху», 1963 гъэ). Критикхэри и тхакIуэгъухэри гуапэу зыIущIа а тхылъым куэд дэмыкIыу къыкIэлъыкIуащ Брайм сабийхэм яхуитха рассказхэр зэрытыр («Чэфыщрэ Щэуейрэ», 1966 гъэ). ИтIанэ, кIэщIу зым и ужь адрейр иту, 1975 - 1976 гъэхэм къыдигъэкIащ «СынокIуэ уи деж», «ХъуэпсапIэ» усэ тхылъхэр, прозэ тхыгъэхэр зэрыт «Пшапэ уэзджынэхэр» зи фIэщыгъэцIэ тхылъыр (1980 гъэ). Брайм адыгэ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ и цIэр лъэпкъ щэнхабзэм къыхэнащ. «Адэлбийрэ сэрэ дызэкъуажэгъу пэтми, гъунэгъуу дыщызэрыцIыхуар университетыр къэзухыу лэжьэн щIэздза нэужьщ. Ауэ школым сыщыщIэсми куэдрэ абы и цIэ зэхэсхат, фIыуэ зэреджэм папщIэ щытхъу хужаIэу. ЕпщIанэ классыр къиуха нэужь, ар занщIэу институт зэрыщIэтIысхьэфам егъэджакIуэхэр иригушхуэу, иригуфIэу тепсэлъыхьырт, - къыхощыж Мэзыхьэ Борис и гукъэкIыж тхыгъэм. - Лэжьэн щыщIэздза япэ махуэ дыдэхэм сэ сахэхуащ адыгэ щIалэ гуп дыгъэл, я гугъэр лъагэрэ я гуащIэр мафIэу жьэражьэу, езыхэм япэ лъэбакъуэхэр литературэм хачэу, тегушхуауэ, яхузэфIэкIынур зыхуэдизыр ящIэжу. Псом япэу ахэр КхъуэIуфэ Хьэчим, Къэжэр Петр, Къэрмокъуэ Хьэмид, Брай Адэлбий сымэт. Адэлбий ныбжьэгъу гъунэгъу зэрысхуэхъуар дызэрызэкъуажэгъуми ди анэхэр зэрыгъэныбжьэгъуу зэрыщытами къыхэкIауэ къыщIэкIынт. Псом япэри, нэхъыщхьэри Брай Адэлбий зэрыусакIуэрт. Апхуэдэу тхылъ пIащэ куэди къыдигъэкIакъым абы, ауэ и дэтхэнэ усэри гум дыхьэу, псэм къищтэу итхащ. Итхащ зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэву. Арагъэнщ Адэлбий «адыгэ ЕсенинкIэ» деджэу щIыщытар. Ар псалъэ егъэлеяуэ зыми къыщремыхъу - «Щхьэгъубжэ нэху» тхылъ цIыкIум ихуа усэхэр адыгэ поэзием, адыгэ лирикэм зэи къыхэмыхьахэм ящыщщ, абы и дыщэ гъэтIылъыгъэщ. А тхылъ пIащIэ цIыкIур тхылъ Iув нэд куэдым япоув. Апхуэдэу дигу къинэжащ «СынокIуэ уи деж» (1975 гъ.), «Пшапэ уэзджынэхэр» (1980 гъ.) тхылъхэри. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ усакIуэхэм я тхыгъэхэр ди щIэджыкIакIуэхэм я деж нэхьэсыным сытым хуэдэу хэлIыфIыхьат Адэлбий! Сабийхэм яхуитха рассказхэр-щэ? НыбжьыщIэхэм я психологиер зыхищIэу, я дуней тетыкIэр къыгурыIуэу итха сабий рассказ кIэщIхэр школ учебникхэм ихуахэщ. Иужь илъэсхэм - «Нур» журналым щыщылэжьам - апхуэдэ тхыгъэ куэд Адэлбий и Iэпэ къыщIэкIащ. Апхуэдэт и Iэужь псори. Адэлбий IэхъуэгъуэтегъэкI лэжьэкIэ жыхуаIэр ищIэртэкъым, зыщIидза Iуэхур тэмэму и кIэм нигъэсырт - ар усэу щрет е газетым традзэ сурэтым щIатхэ сатыр зыбжанэ ирехъу. Ар си нэгу щIэкIащ «Ленин гъуэгу» - «Адыгэ псалъэ» газетым дыщызэдэлэжьа илъэс куэдым корреспонденту къудамэм щыщIэсами жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу щыщытами. Iуэху тынштэкъым тхыгъэхэр газет напэхэм дахэу, щыуагъэншэу игъэзэгъэнри. Псом хуэмыдэу сатыр къэс бдзапцIэ гъэткIуауэ линотипкIэ къащыпу щыщыта зэманым. Мы лэжьыгъэр техническэу къызыфIэщIыр щоуэ - абы елъытащ напэкIуэцIхэм я дахагъэр, нэхъыщхьэрщи, тхыгъэхэм я зэхэгъэувэкIэм къыбжаIэ гу нэхъ зылъытапхъэр. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ а IэнатIэр илъэс куэдкIэ Адэлбий ирихьэкIащ, къыщыщIэхуэ щымыIэу. ЦIыху Iейр усакIуэфI хъуркъым, жаIэ. А псалъэхэр Адэлбий деж щынэрылъагъут. Гу пцIанэт. Хьэлэлт. Зы тIэкIури и гум ежалIэрт. Ауэ щIэхыу теужырт. Ныбжьэгъум щхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым. Зыгуэрым дэIэпыкъун, и сэбэп иригъэкIын папщIэ и щхьэ Iуэхур къыщигъанэр мащIэрэтэкъым. Абы и фэтэрыр хьэщIэщым хуэдэт, апхуэдизкIэ цIыху куэд щызэблэкIырти. Зы махуэ-махуитI мыхъуу мазэкIэрэ ар псэупIэ зыхуэхъухэр щыIэт. Университетым щIэтIысхьэ дапщэм ядэIэпыкъуа? Сыт хуэдизым я тхыгъэ дуней ялъэгъуа Адэлбий и фIыгъэкIэ? А псори ныбжьэгъу-жэрэгъум ноби ягу илъщ. Ныбжьэгъухэм цIэ лей гуэр зрамыт цIыху куэд щыIэкъым. ИIащ Адэлбии апхуэдэ цIэ лей. «Ярэби, АдыгэлI умылъэгъуауэ пIэрэ? АдыгэлI дэнэкIэ щыIэу пIэрэ?» - жаIэу зэупщIыжмэ, зи гугъу ящIыр Адэлбийт. А цIэ лейр абы екIупст. ЕкIупст и цIэ дыдэ Шурэр, Адэлбий литературэцIэмкIэ зэрихъуэкIар, къыщалъхуа махуэм къыфIаща фIэкIа умыщIэну. (ЗэрыжаIэжымкIэ, «адыгэ щIалэ телъыджэм ШурэкIэ дауэ дыноджэн? Нобэ щыщIэдзауэ у-Адэлбийщ» - жиIэу КIурашын БетIал къыфIищат, цIэфIэщ джани къыхуищэхужат). ФIыуэ илъагъу, фIыуэ къэзылъагъу ныбжьэгъу куэд иIащ Адэлбий, къэзыгъэпэжи къэзымыгъэпэжыщи яхэту. Ауэ езыр а гурыщIэ иным - ныбжьэгъугъэм - псэкIэ хуэпэжу и гъащIэ Iыхьэр ирихьэкIащ».
Поделиться:
Читать также:
17.01.2025 - 13:00 →
Мэжэр щIэныгъэлIым и псалъалъэр
16.01.2025 - 14:23 →
Щэнхабзэр зи Iэпэгъу
15.01.2025 - 16:14 →
Си Iуэху зыхэмылъым сыхэIэбакъым
15.01.2025 - 14:08 →
ХьэщIэм и пщIэр лъагэт
15.01.2025 - 12:26 →
Мэлыхъуэ башым и пщIэр лъагэ хъуат
|