Урысейм и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкIа Къэрал Советым и зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ. Ар теухуауэ щытащ Урысей Федерацэм и унагъуэхэр дэIыгъыным.
Къэрал УнафэщIым къыхилъхьащ унагъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ жэрдэмыщIэхэр, апхуэдэуи къыхуриджащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ япэу урысей унагъуэхэм, псом хуэмыдэу бынунагъуэшхуэхэм, я Iуэхур дэгъэкIыным хуаунэтIыну.
«Унагъуэр щIыщыIэр, абы и мыхьэнэр, псом япэрауэ лъэпкъым къыпыщэнырщ, апхуэдэ щIыкIэкIи лъэпкъыбэу зэхэт Урысейм и цIыхухэм къахэгъэхъуэнырщ. Унагъуэм - абы хохьэ нэхъыжьхэри, адэ-анэ ныбжьыщIэхэри, сабийхэри - къэрал политикэм пэрыт увыпIэр щиубыдын хуейщ. Абы щыгъуэщ демографие и лъэныкъуэкIэ щыIэ гугъуехьхэр ехъулIэныгъэкIэ щызэфIэтхыфынур, адэ-анэхэм бын нэхъыбэ зрагъэгъуэтыным тегушхуэнымкIэ щытыкIэ псори къахузэдгъэпэщыпхъэщ», - къыхигъэщащ Президентым.
ЗэIущIэм къыщапщытэжащ а унэтIыныгъэмкIэ иужьрей илъэситхум ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр, Унагъуэм и илъэсым зэфIагъэкIахэри хэту. Мыхьэнэшхуэ ирату къыхагъэщащ «Унагъуэ» лъэпкъ проектыщIэр. Ар цIыхухэм я зэIузэпэщ псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ, я узыншагъэр хъумэнымкIэ, жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ лъэпкъ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ иужьрей илъэситхум къэралым щыпсэу бынунагъуэшхуэхэм я бжыгъэм процент 27-кIэ зэрыхэхъуар. Апхуэдэу щытми, Президентым къигъэлъэгъуащ къалъхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIыным хуэунэтIа Iэмал щхьэхуэхэр адэкIи Iуэхум къыхэлъытэн зэрыхуейр. Лъэныкъуэ куэдкIэ унагъуэр дэIыгъынырщ а къалэным и хэкIыпIэ нэхъыщхьэр.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий мин 220-рэ щопсэу, ар жылагъуэм и процент 24,3-рэ мэхъу. Сабиищ къэс еплIанэр бынунагъуэшхуэхэм щопсэу, ахэр адэкIи нэхъыбэ хъун хуейщ. А IуэхумкIэ щIэгъэкъуэн хъарзынэщ социальнэ ахъшэхэр зэрыхухахыр, курыт еджапIэхэр, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэм папщIэ гъэсапIэхэр зэраухуэр, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм анэмрэ сабиймрэ папщIэ иджырей IуэхущIапIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщыр, нэгъуэщI куэди. Мыхьэнэшхуэ иIэщ унагъуэ лъапIэныгъэхэм жылагъуэм гулъытэ щыхуэщIыным. Унагъуэм и илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым а Iуэхум хуэунэтIауэ зэхыхьэ 800-м щIигъу щекIуэкIащ. Дэ ди унагъуэхэр щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм я мызакъуэу, къэрал зэпеуэшхуэхэми ехъулIэныгъэхэр щаIэу хэтащ. Лъэпкъ проектыщIэхэр ди щIэгъэкъуэну дэ адэкIи а Iуэхухэм къыпытщэнущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм зи гугъу щащIахэм теухуа и еплъыкIэр къыщигъэлъагъуэм.