Дзэ Iуэху хэхам хэтахэм я тыншыпIэ къызэрагъэпэщ«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр УФ-м щыпэрытхэм яхэтщ дзэ Iуэху хэхам ныкъуэдыкъуагъэ хэзыхахэм я тыншыпIэ щыпсэу унэхэм къащыхузэгъэпэщынымкIэ, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ ядэIэпыкъунымкIэ. Псом хуэмыдэу гулъытэ хэха хуащI дэIэпыкъуэгъуншэу пэш кIуэцIхэм къыщызымыкIухьыфхэм, щымыIэбэфхэм. Мы Iуэхум ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI фондым и IэщIагъэлIхэм икIи дзэ Iуэху хахам и ветеранхэм, ныкъуэдыкъуэ хъуахэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъакъуэ. Зэраубзыхуам ипкъ иткIэ псори зэхэту Iуэхугъуэ 83-кIэ абыхэм ядэIэпыкъунущ.
Поделиться:
Читать также:
03.07.2026 - 11:43 →
ЩIыр къэушрэ?
02.07.2026 - 12:56 →
Нэхъ Iэзи щыIэщ
08.06.2026 - 14:27 →
Адыгэбзэм ича лъэбакъуэщIэ
05.06.2026 - 13:16 →
Си Хэкум сытоукIытыхь
27.05.2026 - 11:33 →
«Сэшхуэр» адыгэбзэм къыхэкIащ
| ||




