УсакIуэ цIэрыIуэм и щIыхькIэ

Къэхъун дэт 2-нэ курыт еджапIэ №2-м Iуэху дахэ ще­кIуэкIащ. Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ уса­кIуэ ХьэхъупащIэ Амыр­хъан и фэеплъу къызэрагъэ­пэщащ пэщIэдзэ классхэм я деж щегъэжьауэ нэхъыжь­хэм щIэс­­хэри зыхэта зэ­хьэ­зэхуэ. Ди республикэм и мы­закъуэу, къэрал псом къыщацIыхуу щыта, лъэпкъ литературэмрэ IуэрыIуа­тэмрэ хэлъхьэныгъэ ин хуэ­зыщIа усакIуэм, джэгуа­кIуэм и художественнэ щIэи­ныр къыдэкIуэтей щIэблэм зэрыбгъэдалъ­хьэ­ным иужь итщ курыт еджапIэм и унафэщIымрэ егъэджакIуэхэмрэ. Ап­хуэ­дэуи ХьэхъупащIэхэ я лъэп­къыр зэры­гушхуэ цIыху цIэ­ры­Iуэм и лъэужьыр зэрыхамыгъэгъуэщэным и зы Iэмалу жэрдэм ящIащ зэ­пеуэм къыщыхэжаныкI­хэр ахъшэ саугъэткIэ ягъэ­лъэпIэну (ар зи гукъэкIыр Амырхъан и къуэрылъху Ерджынокъуэ Ксениещ). 

Зэпеуэм хэтыну жэрдэм зыщIа дэтхэнэ зыри къыхагъэхьащ Iуэхум. Егъэзыгъэ хэмылъу ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хэтыну гукъэкI зэращIам къегъэлъагъуэ абыхэм адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ хуаIэ лъагъу­ныгъэр. Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм сабийхэр дегъэхьэ­хыныр, хэкупсагъэмрэ гъэ-сэ­ныгъэ нэсымрэ ныбжьы­щIэхэм ябгъэдэлъхьэныр аращ зэпеуэм къалэн нэхъыщхьэ хуэхъужри. Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм къай­хъулIащ адыгэ тхыдэм, литературэм зи цIэр къыхэна лIы щэджащэм и творчествэр къыдэкIуэтей щIэблэм ирагъэцIыхуныр, усэ зэгъэ­щIэ­ным, къеджэным, художественнэ лэжьыгъэм, нэгъуэщI­хэми драгъэхьэхыныр. 
Зэпеуэр унэтIыныгъитхукIэ зэщхьэщыхауэ щытащ. ХьэхъупащIэм и гъащIэм и къе­кIуэкIыкIам, и лэжьыгъэ­хэр зы­хуэдам тепсэ­лъыхьащ, уп­щIэхэм жэуап иратащ ныбжьыщIэхэм; «УсакIуэм и ­псалъэ Iущхэр» зыфIаща унэ­­тIы­ныгъэмкIэ эссе ятхащ; усэ­хэм гъэхуауэ къеджащ; Хьэ­­хъупащIэм и творчествэр зыджа цIыкIухэм я IэпщIэ­лъапщIагъэр къызэрагъэ­лъагъуэ хьэпшыпхэр, сурэтхэр ящIащ. 
Мы Iуэхум хэта дэтхэнэ сабийми гулъытэ хэха хуэфащэт, я адыгэбзэм и шэрыуа­гъым, я Iэпэм дыщэ къызэ­рыпыщым, я акъылыр жану зэрылажьэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абыхэм утыку кърахьа зэфIэкIымрэ зэчиймрэ къапщытащ  Хьэ­хъупащIэхэ ящыщу МуIэед, Iэмин, Назирэт, Аслъэн сы­мэ, нэхъыжьыфIхэу, жыла­­гъуэ, щэнхабзэ лэ­жьа­кIуэхэу Тохъу Мухьэмэдрэ Гувэжок­ъуэ ДжэбрэIилрэ, Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид,  курыт еджапIэ      №2-м и уна­фэщI Джатокъуэ Риммэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэ­дзэ НэщIэпыджэ Замирэ, альпинист цIэрыIуэ Шыбзыхъуэ Казбек сымэ. 
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупыр зэчэнджэща нэужь, увыпIэхэр мыпхуэдэу ягуэшащ: ХьэхъупащIэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуауэ екIуэкIа Iыхьэм япэ увыпIэр къыщихьащ Абазэ Миланэ (8-нэ «б»), етIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Джатокъуэ Ислъам (9-нэ «а»), ещанэ увыпIэр лъагъэсащ Ташу Даринэ (11-нэ «а»). Эссе зытхахэм я деж щыте­кIуащ Къардэн Инал (10-нэ «а»), етIуанэ увыпIэр къихьащ Понэж Алинэ (9-нэ «б»), ещанэ увыпIэр иубыдащ Жамборэ Iэсият (7-нэ «б»). 
Гъэхуауэ усэ къеджэным хухэхауэ щыта унэтIыныгъэр Iыхьищу ягуэшащ, сабийхэм я ныбжь елъытакIэ зэщхьэ­щы­хауэ. Япэ гупым щыщу пашэ хъуар Къуэшы Са­лимщ, етIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ Шакъ Азрэтрэ Езий Сослъэнрэ (мыхэр 4-нэ «а» классым щIэсщ), ещанэ увыпIэр хуагъэфэщахэщ   ХьэхъупащIэ Даянэрэ (3-нэ «а») Гъащтэ Арианэрэ (3-нэ «б»). 
ЕтIуанэ гупым япэ увыпIэр щызэдагуэшащ Гъащтэ Юлианэрэ (5-нэ «б»), Къардэн Албэчрэ (5-нэ «б»), етIуанэ увыпIэр къихьащ Нэ­щIэпыджэ Дахэнур (7-нэ «б»). 
Ещанэ гупым пашэныгъэ къыщихьащ Тхьэгъэлэдж Илладэ (10-нэ «а»), етIуанэ увы­пIэр хуагъэфэщащ Къуэ­къуей Аслъэн (9-нэ «б»). 
Изобразительнэ гъуазджэмрэ декоративно-прик­лад­ной IэзагъымкIэ унэ­тIы­ны­гъэм и япэ гупым щытекIуар Албот Назирэтщ (4-нэ «а»), етIуанэ увыпIэр къи­хьащ Чыл Розалинэ (4-нэ «а»), ещанэ увыпIэр хуа­гъэфэщащ Бэрэздж Миланэ (1-нэ «б»). 
ЕтIуанэ гупым щыпашэщ НэщIэпыджэ Исмэхьил (7-нэ «а»), етIуанэ увыпIэр къихьащ ЗэшэкIуий Ясминэ (5-нэ «а»), ещанэ хъуащ Вэдахъуэ Аделинэ (5-нэ «а»). 
Ещанэ гупым щытекIуар Вэдахъуэ Албэчщ (11-нэ «а»), етIуанэ увыпIэр хуа­гъэ­фэщащ Албот Рианэ (9-нэ «б»). 
НыбжьыщIэхэм  егугъуу загъэхьэзыращ. Къэпщы­та­кIуэ гупым хъуэхъу псалъэ­кIэ зыхуагъэзащ школа­кIуэ­хэм икIи абыхэм я егъэджакIуэхэми, къадэIэпы­къуа адэ-анэхэми фIыщIэ хуащIащ. Къэпсэлъахэм къы­хагъэщащ анэдэлъхубзэр псом япэ ирагъэщу, ар ягъэшэрыуэу щытын зэры­хуейр, къуажэдэс цIэ­ры­Iуэхэм я щапхъэр гъуазэ яхуэ­хъуу гъащIэм лъэ бы­дэкIэ зэрыхэтыпхъэр. 
КъыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ пщэдей курыт школым щратыжынущ. 

Тхыгъэри сурэтхэри НэщIэпыджэ Замирэ ейщ.
Поделиться: