IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым дыгъэгъазэм и 14 - 15 махуэхэм щекIуэкIащ иджырей гъуазджэхэмкIэ «Арт-Эль» щIымахуэ фестиваль гъэщIэгъуэныр. Ар къызэригъэпэщащ «Гильдия мас­теров современного искус­ства» жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм.

Дыгъэгъазэм и 14 - 15 махуэхэм сыхьэт 11-м щыщIэдзауэ сыхьэт 20 хъуху Балъкъэр театрыр цIыху кIуапIэу щытащ. Абы щызэхуэсащ ди республикэм и ­мызакъуэу, гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа дизайнерхэр, дэрбзэрхэр, пщафIэхэр, гъуазджэм и лIэужьыгъуэ куэдым я IэпщIэлъапщIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр дахагъэр зыхалъхьэ щымыIэу къо­гъуэ­гурыкIуэ, декоративно-прик­лад­ной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэхэмкIэ республикэр зэрыкъулейми куэд щыгъуазэщ.
Псом хуэмыдэу уеплъыну гухэ­хъуэт дыщэидэмрэ хэдыкIымрэ хуэIэпщIэлъапщIэхэм хухаха плIа­нэпэхэм. ЗэрытщIэщи, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ лъэпкъ гъуазджэм и щэхухэм щыгъуазэу, хуэIэпщIэлъапщIэу. Дыщэидэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зэращыщым и щапхъэщ, и мы­хьэнэм хэмыщIауэ, нобэр къыздэсым цIыхухэр а IэщIагъэм зэрыдихьэхыр, ар зэрафIэщIэщыгъуэр. Гъуазджэ нэсыр зэрыуахътыншэм ар иджыри зэ щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ. ЖыпIэнуракъэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ апхуэдизу хэпщIа хъуа дыщэидэр тхыдэм и къэхъугъэхэр къызэрыщ гъуджэ­шхуэщ. Мы лэжьыгъэхэм мы­хьэ­нэшхуэ яIэщ лъэпкъым къыде­кIуэкI IэщIагъэ дахэр - пасэрей дыщэидэр, хэдыкIыр - хъумэнымкIэ, щIэблэр абы дегъэхьэхынымкIэ.
IуэхущIапIэм и япэ, етIуанэ къатхэм щыплъагъут дыщэ, дыжьын ­IуданэхэмкIэ хэдыкIа, уагъэхэмрэ лъэпкъ дамыгъэхэмкIэ гъэдэха цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэ­хэр, бийм зэрыпэщIэт Iэщэхэр, сэхэр, къамэхэмрэ сампIэхэмрэ, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэр, мывэ лъапIэхэмкIэ гъэ­щIэрэщIа дыщэ, дыжьын Iэлъын, тхьэгъу, пщэхъу, Iэпщэхъу, цIыхубзхэм е щIыпIэ дахэхэм я сурэтхэр зытет сумкэхэр, чысэхэр, къэлът­макъхэр, бохъшэхэр, щхьэнтэхэр, IэлъэщIхэр, саугъэт папщIэу зэ­рыхуэупсэ цIыкIуфэкIухэр, унэлъащIэхэр зэрагъэдахэ сурэтхэмрэ хьэпшыпхэмрэ, пщафIэ Iэзэхэм ягъэхьэзыра шхыныгъуэ лIэужьыгъуэхэр, гуащэхэр, ИлъэсыщIэ открыткэхэр, псейр зэрагъэдахэ хьэп­шыпхэр, сурэтхэр щызытрагъэх плIанэпэхэр, нэгъуэщIхэри. ­Гъу­нэжт икIи удэзыхьэх защIэт пхъэм, ­гъуаплъэм, фарфорым, мывэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр, унэ­лъащIэхэр, саугъэтхэр. ЗэрытщIэщи, IэкIэ ягъэхьэзыра хьэпшыпхэм сыт щыгъуи щIэупщIэ яIэщ, апхуэдэхэм я нэхъыбэм къытрагъэзэжу зэрамыщIым къыхэкIыу. 
ЖьэкIэмыхъу Еленэ, Къущхьэ Иринэ, Волочковэ Наталье, Бачиевэ Iэсият, Къарей Элинэ, Шишман Залинэ, нэгъуэщIхэми я IэрыкIхэр фестивалым щагъэлъэгъуащ. IэпщIэлъапщIэхэм къызэрыджа­IамкIэ, языныкъуэхэр зыпэрыт Iуэ­хум езыр-езыру зыхагъэгъуэзащ, адрейхэр илъэс бжыгъэкIэ абы ­хуеджащ. Нэхъыбэу я лэжьыгъэхэр выставкэхэм, Интернет сайтхэм щащэ. Дэрэжэгъуэ ин къозыт защIэт декоративно-прикладной ­гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкI телъыджэу утыку ­кърахьахэр. Дахагъэрэ хуабагъэрэ къызыпкърыкI хьэпшыпхэм еплъ къудей мыхъуу, ягу ирихьахэр къащэхунуи Iэмал яIащ. 
Фестивалым къызэрагъэпэщащ зи ныбжьыр илъэсих ирикъуа сабийхэм щыщIэдзауэ ныбжьы­щIэхэм яхуэгъэза мастер-класс гъэщIэгъуэнхэр. Апхуэдэт имбир бранычхэр, пхъэм къыхэщIыкIа дамыгъэхэр, щыгъынхэр гъэщIэ­рэ­щIэным, хьэпIацIэ щыгъэ блэным, ятIэ гъэжьам хьэкъущыкъухэр къыхэщIыкIыным, шэху уэздыгъэ­хэр гъэхьэзырыным, саугъэтхэр щIыным, нэгъуэщIхэми траухуахэр. НыбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ абы хыхьэу къызэрагъэпэща аквагримри (сабийхэм я Iэм, я нэкIум трагъауэ сурэт цIыкIухэр). 
Мы гъэлъэгъуэныгъэм иджыри зэ нэрылъагъу щыхъуащ республикэм и декоративно-прикладной ­гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIыну, пасэрей IэщIагъэхэм зыщызыгъэгъуэзэну, абыхэм зезыгъэужьыну щIэблэ щIыналъэм зэриIэр. Зэхыхьэм хэтахэми абы зрезыгъэхьэлIахэми я нэгу зиужьауэ, я Iуэхум теухуауэ зэчэнджэщауэ гъэщIэгъуэн, щIэ куэд къащIауэ зэбгрыкIыжащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: