ГуащIафIэ

Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школ №1-м щапхъэу ялъытэ и «Озорницы» къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Мез Светланэ и IэщIагъэм пэрытщ илъэс 50 хъуауэ. Краснодар къыщалъхуащ зи хъуэпсапIи, гъащIи, гупсыси къафэм езыпха бжьэдыгъу пщащэр. Зэгуэр балетым игъэпIейтея хъыджэбз цIыкIур и хъуэпсапIэм кIэлъыкIуащ. Иджы и гъэсэнхэм зэпеуэхэм текIуэныгъэхэр къыщахь, зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэ, ехъулIэныгъэхэр яIэщ. Сабийхэр гъуазджэм дебгъэхьэхыныр, къафэм и бзэр къагурыбгъэIуэныр, я псэм зыхэщIэкIэ къебгъэщIэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъ IэщIагъэщ. Светланэ а жэуаплыныгъэр зыхещIэ икIи абы зэрыпэлъэщым насыпыфIэ ещI. Къафэм и хъуреягъым етщIэкIа уэршэрыр къыщIэддзащ Светланэ ГъуазджэмкIэ школым лэжьэн зэрыщригъэжьамкIэ…

- ГъуазджэмкIэ школым лэжьэн щыщIэздзащ 1988 гъэм. КъафэмкIэ къудамэр абы зэрыхэтрэ илъэс 40 мэхъу. МакъамэмкIэ школым цIыкIухэр къафэм сэ щыхуэзгъасэрт. Школым и унафэщIу щыта Мыз Иринэ гу лъитащ си деж къекIуалIэхэм къэфэным хуэнэхъуеиншэ, абы гурэ псэкIэ дихьэх куэд зэрахэтым. Апхуэдэ гупсысэхэр къыщызжиIэм, сабий зэчиифIэхэр къыхэтшри гуп ирикъуащ, хореографиемкIэ къудамэ зэдгъэпэщащ. Къудамэм и унафэщIу сылэжьащ илъэс куэдкIэ.

- «Озорницы» къэфакIуэ гупыр абы щыгъуэ къэунэхуа?

- Ансамблыр къыщыунэхуар 2002 гъэрщ. ГъуазджэхэмкIэ школым и къудамэхэр къалэ курыт еджапIэ куэдым щыIэщ. Сэ Налшык 7-нэ школым сагъэкIуати, абы щеджэ цIыкIухэм къафэм хуэгурыхуэхэр къахэсшащ. Къыхэзгъэщынут, школым и унафэщI Хъарзынэ Заур ди дэтхэнэ зэфIэкIми ехъулIэныгъэми гулъытэ зэрыхуищIыр.

Сабийхэм къафэ щIэщыгъуэхэр яхуэзгъэуву щIэздзащ. Езыхэми абы я гур зэрыхигъахъуэр слъагъурт. Апхуэдэу щыхъум, зэпеуэхэм зыкъыщыдгъэлъэгъуэну и гъуэ хъуауэ къэслъытэри, республикэ, къалэ зэпеуэхэмкIэ къыщIэддзащ. Къапщтэмэ, абы щыгъуэ апхуэдэуи зэхьэзэхуэ куэд екIуэкIыртэкъым. Иджы махуэ щIагъуэ къэмынэу, къызэрагъэпэщ къафакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм я зэпеуэхэр (е концертхэр).

- КъэфакIуэ гупым и фIэщыгъэр дэнэ къикIа?

- 2011 гъэм зэпеуэ дыхэтыну зыдгъэхьэзырырт. Къафэхэр, фэилъхьэгъуэхэр хьэзырт, ауэ зыхедгъэтхэн папщIэ Iэмал имыIэу ди фIэщыгъэр къэдгъэлъэгъуэн хуейт. Си гъэсэнхэм я адэ-анэхэри, езы цIыкIухэри, сэри дегупсысырт, дыкъызытеувыIэнум. Абы ирихьэлIэу, мо пщащэ дрипсрийхэр зэрызехьэ щыхъум, «Какие же вы озорницы!» щажесIэм, сабийхэми а махуэ кърихьэлIа адэ-анэхэми зэдапхъуэтащ, «Мис, гупым цIэ хьэлэмэт къыхуэбгъуэтащ!» - жаIэри. Апхуэдэу «Озорницы» дыхъуащ.

- «Щапхъэ зытепх хъун» цIэр сыт щыгъуэ къыфхуагъэфэща?

- 2016 гъэм. Зэхьэзэхуэ куэдым дыхэтат, зэпеуэхэм увыпIэхэр къыщытхь зэпытт, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр ди куэдт, къафэщIэхэр зэхэдгъэувэрт. Ставрополь, Железноводск, Псыхуабэ кIэщI-кIэщIурэ дыкIуэрт, ехъулIэныгъэхэри диIэт. Арати, ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI Темыркъан Людмилэ гукъэкI ищIри, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм абы теухуа тхыгъэ едгъэхьащ. Ди лэжьыгъэр къапщыта нэужь, «Образцовэ» цIэр къытфIащащ. ИкIи абы дызэрыхуэфащэм IуэхукIэ щыхьэт дытехъуэжын хуейщ илъэсищ къэс. Къафэу дгъэхьэзырхэр, ди дипломхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ, сурэт гъэтIылъыгъэхэр, видео теплъэгъуэхэр - псори диIэщ. Иужьу а къэпщытэныгъэм дызэрыхэтрэ куэд щIакъым.

- Зэпеуэу фызыхэтахэм зыгуэр къахэбгъэщхьэхукIрэ?

- Иужьу дыхэтащ «Радуга талантов» урысейпсо зэпеуэм. Абы япэ увыпIэу тIурэ, зы Гран-прирэ къыщахьащ си гъэсэнхэм. Мис абы псом хуэмыдэу игъэгушхуащ сабийхэр.

- Къафэм, балетым узэрыдихьэхам, щIэдзапIэ пхуэхъуам и гугъу къытхуэпщIын?

- ПэщIэдзэ классым сыщIэтIысхьа нэужь, спорт гимнастикэмкIэ еджапIэм щыIэ гупым сыхагъэхьащ. Хъарзынэу сыхэзагъэрт, сыкъизыгъэкIуэт щымыIэу. Зэгуэрым художественнэ гимнастикэм зыщыхуагъасэ пэшым сыщIэплъащ. Хъыджэбз цIыкIухэр пхъэ убыдыпIэм бгъэдэту, я пкъыр захуэу яIыгъыу, я Iэпкълъэпкъыр лантIэ ящIу щыслъэгъуам, сехъуэпсат. Абы щыгъуэ сщIэртэкъым ар балету. Ауэ си гур къилъэтыным хуэдэт. СызыIэпишати, щIэх-щIэхыурэ сахукъуэплъ хъуащ. Спорт гимнастикэмкIэ дерсыр дэ щыдухым ирихьэлIэу, абыхэм къызэхуэсу щIадзэрти, зыгъасэм селъэIури, я дерсым сыщIыхьэурэ сакIэлъыплъу, ящIэр сщIэжу къэзублащ.

Балетыр абы щыгъуэ фIыуэ слъэгъуащ, си гъащIэр абы зэреспхами хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. Етхуанэ классым сыщеджэрт. Зэгуэрым школым сыкъикIыжу си классэгъу щIалэ цIыкIум и шыпхъум сыхуэзати, къызжиIащ: «ПщIэрэ, сэ нобэ Опперетэм и театрым сыщыIащ. Абы балет студие къыщызэIуах. Ди ныбжьым итхэр нобэ къыхахырти, сэ сыпхыкIакъым къэпщытэныгъэм. Уи ныбжьхэр зыхиубыдэ гупыр пщэдей сыхьэти 4-м зэхуэсынущ». Си гур къигуфIыкIащ. СыкIуащ студием. КъызэрыщIэкIымкIэ, къэпщытакIуэхэр къоплъын щхьэкIэ, уи анэм абы теухуауэ лъэIу итхын хуейт. Сэ си анэм ищIэххэтэкъым студием сыкIуэу. ЯжызоIэ си анэр щыIауэ, тхыгъэри щIилъхьауэ. Сыхагъэхьэ. Сэри гъэсакIуэ тхуэхъунухэм сахоплъэри, теплъэкIэ си гум къыдыхьэр къыхызох. Апхуэдиз мыхьэнэ естырт сызыгъэсэнум. Абы и гупым сыхэтын щхьэкIэ, къыпэщIэхуэ классхэм сыкIуэурэ сыхезгъэубыдэн хуей хъурт. Мис апхуэдэу, Опереттэм и театрым и балет студием сыкъыщыхутат. ИужькIэ, ар Григоровичым и балет студие ящIащ.

- ЩIэныгъэ щызэбгъэгъуэтар дэнэ, Светланэ?

- Еянэ классыр къэзуха нэужь, Краснодар культпросветучилищэм сыщIэтIысхьащ. Ар Северскэ станицэм щыIэт, Краснодар уикIыу сыхьэт гъуэгуанэ дэлът. Балет студием пэIэщIэ сызэрыхъур си жагъуэт. Iэмал сызэрихуэу абыкIэ сыкIуэрт, теплъэгъуэхэр щагъэувкIи сыхэтт. Уеблэмэ къэхъуащ тхьэмахуэкIэ еджапIэм сыщымыкIуа, студием и лэжьыгъэм сыхэмыкIыфурэ. Сысымэджауэ справкэ схузэригъэпэщын хуей хъуат си адэм. Сытми, илъэс ныкъуэ фIэкIа сымыкIуауэ, зизгъанэри сыкъыщIэкIыжащ культпросвет училищэм. Курыт еджапIэм згъэзэжыфынутэкъыми, пщыхьэщхьэ школым зыхезгъатхэри, абы щыпысщат еджэным. Илъэс дэкIри, Налшык культпросветучилищэм сыщIэтIысхьащ. Си ныбжьэгъу хъыджэбзи сщIыгъуу сыкъэкIуат Налшык. Абырэ сэрэ Налшык дыщызэдеджэри, зэгъусэуи Краснодар къыщыдухыжащ ЩэнхабзэмкIэ институтри. Ауэрэ унагъуэ сихьэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэIэпхъуащ. Налшык сыткIи си гум къыдыхьащ. Краснодар къалэм адыгэхэр апхуэдэу щымыкуэдми, мыбдеж адыгэбзэр гум щызу щызэхэсх Хэку схуэхъуащ. Краснодар сыщыкIуэхэм дежи, си къалэ дахэм сыкъыхуозэшыр, си гур мыбы щызгъэтIылъащи.

 СыкъэIэпхъуа нэужь, илъэскIэ ЩэнхабзэмкIэ профсоюзхэм я унэм сыщылэжьащ. ИужькIэ гъуазджэхэмкIэ школым сыкIуащ. Абырэ сызыщеджа институтымрэ сахэдэну Iэмал сиIэти, сабийхэм сахэтыныр къыхэсхауэ щытащ.

- Сабийхэм уадэлэжьэну сыт гукъыдэж къозытыр?

- Езы сабийхэр фIыуэ зэрыслъагъум, абыхэм я псэ къабзагъэм, я нэгум кърих гуфIэгъуэм, ехъулIэныгъэхэр щаIэм деж «дамэ къазэрытекIэм». ЩIэщыгъуэ гуэр къахуэзгупсысмэ, къафэщIэ яхуэзгъэувмэ, си гукъыдэжым зеIэт. Езы сабийхэми сыхуагъасэ куэдым, пэжым ухуеймэ.

- Нэхъыбэу сыт хуэдэ къафэ узэлэжьыр?

- Сабийхэр макъамэм и дунейм хызошэ япэ дерсхэм щегъэжьауэ. ар зыхэпщIэн хуейщ зебгъэкIуфын щхьэкIэ. Чайковскэмрэ Бетховенрэ я макъамэхэр классикэ къафэ щызгъэувкIэ къэзгъэсэбэпыну сфIэфIщ. Дгъэхьэзыр къафэхэм яхэтщ зыбжанэрэ фIэкIа дымыгъэлъэгъуаи гупыр къызэрыунэхурэ къыддэгъуэгурыкIуэхэри. ГъуазджэхэмкIэ школым и программэр къафэхэмкIэ къулейщ. Хачатурян и «Чиполино» балетым и макъамэмкIэ згъэуващ «Редиски», «Вишенки» Iыхьэхэр (лIэужьыгъуэхэри). Вивальди и макъамэм къытесщIыкIащ «Гукъыдэж» жыхуиIэр. «Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ тхылъхэм я тхьэмахуэ» жыхуиIэ Iуэхур республикэм илъэс къэс щокIуэкI школакIуэхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу. Iуэхур дэри догъэдахэ къафэкIэ. ГупсысэкIэ тхылъым и мыхьэнэм пэджэжу, куэдми ягу дыхьарэ щIэупщIэ иIэу абы папщIэ дэ диIэщ «Буратино» къафэр.

Классикэм нэмыщI, лъэпкъ куэдым я къафэхэр догъэлъагъуэ. «Калинка», «Кадриль» урыс къафэхэр, итальян «Тарантеллэр», нэгъуэщI куэди. Урыс щэнхабзэм дыпэджэжу «Калинкэм» куэдрэ дыкъэфащ. Иджы абы и нехьэ-къехуэу диIэщ «Матушка Русь» уэрэдым тету дгъэпсари. «КОДУМАА» эстоние лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIыгъуу дгъэхьэзырат къафэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщу «Через ножку» жыхуиIэр иджыри тфIэфIу догъэзащIэ. Эстонием и лIыкIуэу (посол) Урысей Федерацэм щыIэм и щIыхь тхылъ къысхуагъэфэщауэ щытащ а лэжьыгъэм папщIэ.

- Макъамэ гуэрым удихьэхыу абы тещIыхьауэ къафэ щызэхэбгъэувэ къэхъурэ?

- Къохъу куэдрэ. Вивальди и макъамэхэр сфIэфIщ, псалъэм папщIэ. Абыхэм ящыщ зым къытезгъэзэжурэ куэдрэ седаIуэрти, мис абы тету згъэувауэ щытащ «Гукъыдэж» зыфIэсща къафэр. Си гъэсэнхэри екIуу хэзэгъащ си нэгум къыщIэзгъэхьа теплъэгъуэм.

- Зэпеуэу фызыхэтахэм къыщывата щIыхь тхылъхэм нэмыщI, гъуазджэм хэплъхьа гуащIэм теухуауэ сыт къыпхуагъэфэща?

- Налшык къалэ администрацэм и диплом зыбжанэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и диплом сиIэщ.

-Уи IэщIагъэм гъащIэм хилъхьэ IэфIым арэзы утохъуэ…

- Пэжщ. СыгуфIэу лэжьапIэм сокIуэ, фIыуэ слъагъу гъэсэнхэр къыспожьэ. IэщIагъэкIи унагъуэкIи сынасыпыфIэщ!

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: