КIуэцIрыкIыбжэ

    Бицу Анатолэ «КIуэцIрыкIыбжэ» зыфIища и тхылъым теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм и тхыгъэр.

     «КIуэцIрыкIыбжэ» тхылъыр дунейм къызэрытехьэрэ зэман гуэр кIуами, критикэм гу зылъитахэми ящыщкъым, хабзэ къежьам тету, езы авторми лъэтеувэ хуищIын Iуэху лъэпкъ зэрихуакъым. Абы щыгъуэми, мы тхылъым утепсэ­лъыхьыну къелэжь.

          Пэжыр жысIэнщи, тхылъыр къы­зэрызэIуих «Шулъагъуэ» усэр, и образхэмкIи, макърэ ритмикэмкIи нэмыгъэсауэ къысщыхъури, зымащIэщ иIэжар зэрытхылъу а зым и фэр есплъыным. АрщхьэкIэ абы къыкIэ­лъокIуэ тхылъ псом фIэщыгъэцIэ хуэхъуа «КIуэцIрыкIыбжэ» усэр.  Ар зэи ямыгъэбыдэ, сыт щыгъуи хэти  игъуэт щхьэегъэзыпIэм ухуэзышэ бжэщ. Абы и къуагъым фIыгъуэ   къуэлъми къуэмылъыххэIами къэ­щIэгъуафIэщ, зыри щагъэпщкIур­къым. Зыгуэр къуэлърэ - цIыху кIуапIэ хъунущ, гъащIэм и зы Iыхьэу щытынущ, къуэмылърэ - абы щыгъуэм хуеин щыIэкъым. Апхуэдэу къелъытэ     Бицум и усакIуэ пщIантIэри. Абы игури кIуэцIрыкIыбжэщ.

 

КIуэцIрыкIыбжэр сфIэIейкъым -

КъысхуокIуэ хьэщIэу хэт хуейми, -

 

етх усакIуэм. Зэ еплъыгъуэкIэ, дауи, ар фIыщ, - куэд къыпхуэкIуэныр, куэдым уалъытэныр, куэдым укъалъагъуныр. ФIыт ар, дауи, къыпхуэкIуэ псоми я хьэлъэр уэ псэкIэ зэбгъэзэхуэн хуэ­меятэмэ, уэ къуахьэлIэ гурыгъухэр езыр-езырурэ зэфIэкIыжу щытатэмэ, арщхьэкIэ, зи гур хэти хузэIуха уса­кIуэм хэт и хьэлъэри и псэм къытощIэ:

 

Ауэ къызет зы гукъеуэ -

СеукIыр сэ жьы зэпеуэм…

 

          ГъащIэм и хабзэр аращ - гу пцIанэу дунейм утетмэ, хэт и узыфэри уэри къофыкI. Апхуэдэу щыхъукIэ, уса­кIуэмрэ абы зи Iуэху къезыхьэлIэхэмрэ я зэхуаку зыри дэмытыжу зэхошыпсыхьри, езы усакIуэми и гукъеуэхэр тхылъеджэм хуеIуатэ, дзыхь хуещIри, усакIуэ гурыщIэм къыщыкъуалъэ бампIэгъуэ куэдыр усэбзэкIэ кърекIут.

          Мис абдеж къыщрегъажьэри, тхы­лъым узыIэпишэурэ макIуэ.

          Бицум и тхылъым мышынэу, укIытэ нэпцIым зыдимыщIу гурылъ къабзэр къыщеIуатэ. Абы игу ирогъу нобэ зи фэм бэлыхь дэлъ дэтхэнэ цIыху къы­зэрыгуэкIми, ар догуфIэ нобэ фIы къызэхъулIэ дэтхэнэ псэ хьэлэлми. Апхуэдэу жытIэ щхьэкIэ, гуфIэгъуэм деж хэти и гум уэрэдыр къреш, дамэгъу пэжрэ псалъэ гуапэрэ нэхъ хуэныкъуэр мыгъуагъэ къызыщыщIаращ. Арауэ къыщIэкIынущ Бицум и тхылъми нэщхъеягъэр щебэкI зыщIари. Абы и щапхъэу къэпхьын мы тхылъым мымащIэу итщ: «МелыIычитI», «ХьэрэкъуакIэ дыхьэжа щIалэгъуэм...», «И хьэлакъым си гум зэи...», нэгъуэщI усэхэри. «Сыт щIэзмылъагъужыр сэ гуфIэгъуэ? Пшагъуэр щхьэ си гъуэгу къытрихьа?» - мы псалъэхэр усакIуэм и щхьэ хужиIэжауэ къыпщыхъуми, ди зэман хьэлъэм ар дыдэр зи щхьэ хужы­зыIэжыныр, ахэр езыхэм я гъыбзафэу зылъытэныр гъунэжщ.

           Дунейр зэрыщымытауэ зэблэдза  хъуащ - лъабжьэу щытар щхьэкIэ хъури, щхьэкIэр лъабжьэ палъэу щIым  хасэжащ. Зэгуэр зекIуэ ежьэрэ жылэ псор зыхэпсэукIын фIыгъуэ къе­зыхьэлIэу щыта лIыхъухэм я лIэужьыр «пщIантIэхъумэщ», КъуэкIыпIэм къикIа хьэщIэри КъухьэпIэмкIэ къикIа зекIуэлIри дахагъкIэ къэзыхьэхуу тхыдэм ихуахэм къащIэтэджа иджырей «Iэдиихухэр» бэзэрым тетщ, я Iэщ­хьэлъащхьэр дэхьеярэ кхъухь джабэ хуэдиз я бгы задэхэм цы Iув IэлъэщI къепхэкIауэ, дыщэ идэрэ дэнлъэчрэ щIыным хуэIэкIуэлъакIуэу щытын хуея Iэпхъуамбэхэр пхъашэ хъури, уфIы­цIыжауэ. ЛIым и къалэныр фызым и пщэм къыдэхуэу лIыр фызыпхъэ щы­хъум деж фIы щыIэкъым: ди лъэпкъ дахэм пасэ зэманым фIыщIэрэ щыт­хъуу зригъэгъуэтахэр хокIуэдэжри, ари щхьэкIэкIэ исауэ къонэ:

 

Гупсысэт, шынэхъыщIэ,

Уи щхьэр нэхущ.

Адыгэм Iуэху иIэжкъым,

Мылъку нэмыщIкIэ.

Нэмыс абы хуищIыжкъым

ЛIыжь жьакIэху

ЩIэгъужкъым абы нобэ игу

тхьэмыщкIэм...

 

          Абы иужькIэ усакIуэм философие дахэрэ гухэлърэ зи лъабжьэ усэ гуп къызэкIэлъегъакIуэри, тхылъ псом и нэхъ курыхыу тхакIуэм и гурыщIэхэр зыкIи щIимыхъумэу къыщигъэнэхуа Iыхьэм дыхуешэ. Ар и щхьэ кърикIуа лажьэм къыхэкIа усэхэращ, ахэр хуэ­гъэзащ дунеягъэкIэ Анатолэ зыIумыщIэжыну и щхьэгъусэм. ЯпэкIэ къэкIуа къомымкIэ дыхуимыгъэхьэзыру, мы усэ циклымкIэ усакIуэм тхы­лъыр къызэIуихауэ щытыгъатэмэ, ар апхуэдэу гум емыхуэбылIэнкIэ хъунт. Мыр нэхъ зэщхьыр - нэхъ курыхыу щыт усыгъэхэр адрей абы хуэфэщэжхэмкIэ екIуу къэгъэтIылъыхьауэ аращ, нал­къут цIыкIу зэщIэпщIыпщIэхэм адрей нэхъ кIанэшхуэр къызэраухъуреихьым хуэдэу. Абыхэм нэхъыщхьэр яхэкIуадэркъым, атIэ нэхъ IупщIу къахощ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, мы тхылъыр, Бицум и тхылъ псоми я нэхъыфI зыр, щIитхар «Си гъащIэр зырикIт, уэ ухэмытам!» зыфIища циклращ. Мыбдежым щызэхуэхьэсыжащ илъэс иримыкъу ипэкIэ итхари, илъэс щэщI, нэхъыбэж ипэкIэ итхахэри. Ауэ ахэр телъыджэу зокIу, я кум бэуэгъуэ дэмыту зы жэщ-махуэм къриубыдэу яусам хуэдэу. Зы щапхъэ къэсхьынщ, езы Анатолэ циклым псалъащхьэ хуищIари    хэту:

 

Телъакъым уи цIэр махуэ къэс си Iупэ -

Апхуэдэр си щхьэ къысхуемыгъэзэгът.

КъысхуегъэкIуакъым мыпхуэди си напэ -

Уи Iэблэр сэ уэрамхэм щызмыIыгът...

ИтIани, сэ уэ сызэрыпхущытыр

Гухэлъ уэрэдкIэ куэдрэ къэсIуэтащ.

ЖызоIэ нобэ, зыкIи сымыукIытэу:

«Си гъащIэр зырикIт, уэ ухэмытам!»

 

           Сыт хужыпIэ хъун иджыри мы усэ гупым? Ахэр псэмрэ гумрэ яку къыдэзышар мы дунейуэ зэ закъуэ фIэкIа къытлъымысынум щызекIуэ фIыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ.

          Зи гугъу сщIа циклым къыкIэ­лъыкIуэу нэгъуэщI зы итщ тхылъым. Ар зытеухуар усакIуэм псэлъэгъу ищIахэмрэ ищIынкIэ зыщIэхъуэпс­хэмрэщ. Хэт, атIэ, абы и «псэлъэгъухэр»? Лъэпкъым и набдзэхэу Андемыркъан хуэдэ лIыхъужьхэращ, Темыр­къан Юрэ, КIыщокъуэ Алим, Бэрбэч ХьэтIутIэ, Лъостэн Владимир, Сокъур Мусэрбий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, БжэIумых Хьид сымэ хуэдэ уардэхэращ, Къэшэж Иннэ, Бещтокъуэ Хьэбас, Елгъэр Кашиф сымэ хуэдэ усакIуэхэращ, нэгъуэщIхэри абыхэм ядекIун защIэщ. Бицум ахэр е щытхъупскIэ игъэлъапIэу, е тхьэпэлъытэу ибжауэ къыхихыу аракъым, атIэ мо и псэм къехуэбылIэ цIыхухэм я теплъэмрэ щэнымрэ и нэгу къыщIигъэувэурэ, езым и поэтическэ фантазием зригъэIэту аращ.

          Си гугъэщ икъукIэ къезэгъыу тхы­лъым и кIэухым балладэхэр зэритыр. Ахэр япэм къыдэкIа тхылъхэм зырыз-тIурытIурэ ярытащ, иджы зыуэ щыплъагъукIэ, наIуэ къохъу Бицу Анатолэ адыгэ балладэ жанрым хуищIа хэлъхьэныгъэм фIагъыу хэлъри уигу зыхуэмызэгъэн гуэрхэри».

         Зыгъэхьэзырар

Безрыкъуэ Данэщ.

 

 

 

Поделиться: