МакъамэкIэ ФатIимэ къытхуиIуатэрПшыхьхэр Уэрэдус икIи уэрэджыIакIуэ, ди усакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ дыжьын лIэщIыгъуэм и усыгъэмрэ зи лъабжьэ, езым макъамэ зыщIилъхьа уэрэдхэр дахащэу зыгъэзащIэ Абазэхэ ФатIимэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ щрикъум ирихьэлIэу, Прохладнэ районым хыхьэ Алътуд къуажэм щекIуэкIащ абы и пшыхь. «Си псэр мыбы къыщалъхуащ» («Здесь родилась моя душа») зыфIаща, къыщалъхуа жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIа пшыхьым цIыху куэд къекIуэлIат. Пшыхьыр къызэIуахащ Абазэхэ ФатIимэ игъэзащIэ, зи псалъэхэри макъэмэри езым ей «Алътуд» уэрэдымкIэ. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа Быф Ратмиррэ ЦIагъуэ Аминэрэ къызэрыхагъэщащи, куэд щIауэ ФатIимэ и нэр къыхуикIт мыпхуэдэ зэIущIэм. «Адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм макъамэ щIэзыгъэувэу, литературэбзэр уэрэду зыгъэIуахэм, утыкум изыхьахэм ящыщщ ар. Пасэрей усыгъэм нобэрей ежьур щIэту уэрэд куэд ныщхьэбэ игъэзэщIэнущ ФатIимэ. Ди гуапэщ гукъэкIыжхэмкIэ гъэнщIа пшыхьым гукъыдэж къывитыну, зэIущIэ гуапэ мыр тхуэхъуну», - жаIащ абыхэм. АдэкIэ къыпащащ Урысейм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, илъэс куэдкIэ ФатIимэ дэлэжьа Багъ Марьям и ныбжьэгъум теухуа и тхыгъэм щыщ псалъэхэмкIэ. «ЦIыхубэр къыдэзыхьэх уэрэджыIакIуэ, усакIуэ телъыджэ Абазэхэ ФатIимэ и хъыбар зэхэпхынуи и псэлъэкIэ щабэмрэ и гупсысэ куумрэ уедэIуэнуи гуапэщ. ГущIэм къиIукI абы и макъ дахэр зыми пхуегъэпщэнукъым икIи зыми хэгъуэщэнукъым. Езым къыдалъхуауэ зэчий зыбгъэдэлъ цIыхущ Абазэхэр. Абы и уэрэдхэм, и усыгъэхэм лъэпкъыр иропагэ, и лэжьыгъэхэр куэду щхьэпэщ, цIыху акъылыр къэзыгъэушщ. И уэрэдхэр шэ яутIыпщам хуэдэщи, гущIэм зыкъыдигъазэу ппкъырохьэ. Псалъэм папщIэ, «Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр» усэр зытхар Бещтокъуэ Хьэбасщ, ауэ ФатIимэ абы щIигъэува макъамэм уимыгъэгупсысэнкIэ, уимыгъэпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. И макъ гуакIуащэмкIэ уи гущIэм негъэс Хьэбас щIэгузавэ бзэ Iуэхур. ФатIимэ жиIэ уэрэдхэм псэ яхэтщ, цIыхум и псэри ягъэхуабэ», - етх Марьям. Я ныбжьэгъур, я лэжьэгъур, я благъэр ягъэлъэпIэну къызэхуэса хэгъэрейхэм я хьэщIэт ди республикэм и къулыкъущIэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр. Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, Прохладнэ къалэм и школ №8-м и унафэщI Потёкинэ Юлэ, абы и къуэдзэ Слюсарь Надеждэ, Абазэхэхэ я лъэпкъым и нэхъыжь Абазэхэ МуIэзин, къуажэм и нэхъыжьыфI Адэмокъуэ Нурхьэлий сымэ. Пшыхьым къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ ФатIимэ и макъ дахэм, и усэбзэ къулейм, и макъамэ гугъэзагъэхэм ятеухуа я гупсысэхэр. Дэтхэнэми и гукъэкIыжхэм къызэхуэсахэр хигъэгъуэзащ, езым нэхъыфIу бзылъхугъэр зэрицIыху и лъэныкъуэм и гугъу ищIащ, ауэ псори зэкIуэлIэжыр зыщ: ФатIимэ лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, зи IэщIагъэм хуэнэхъуеиншэ цIыхущ, гудзакъэ, гууз-лыуз зиIэ бзылъхугъэм цIыхубэм яжриIэни къегъуэт, уэрэдрэ макъамэкIэ абыхэм яхуиIуатэри фIыуэ къагуроIуэ. Дауи зыхамыщIэнрэ?! Абыхэм зи гугъу ящIыр цIыху гъащIэрщ, лъагъуныгъэрщ, гуныкъуэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэрщ, а псом зыхуей хуэзэу яуса макъамэ гуакIуэр щыщIэувэкIэ, шэч лъэпкъи зэхэпхым къытепхьэркъым… Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Бэч Азэмэт, Тезадэ Астемыр, Гындыгъу Заур, Емзэгъ Ислъам, Нэгъуей Анзор, Къардэн Аслъэн сымэ, Алътуд ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къэфакIуэхэм. Езы ФатIимэ жиIэу и IэдакъэщIэкIхэм уедэIуэну гухэхъуэт. Абы игъэзэщIащ Бицу Анатолэ, Бещтокъуэ Хьэбас, Бэлагъы Любэ, Пхъэш МуIэед, Хьэту Пётр, Нэгъуей Радимэ, Есенин Сергей, Цветаевэ Маринэ сымэ я усэхэу ФатIимэ макъамэ зыщIилъхьа уэрэдхэр. Пшыхь гукъинэжыр зэхуащIыжащ Окуджавэ Буллат и «Виноградная косточка» уэрэд цIэрыIуэмкIэ. ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:
Читать также:
17.01.2025 - 13:00 →
Мэжэр щIэныгъэлIым и псалъалъэр
16.01.2025 - 14:23 →
Щэнхабзэр зи Iэпэгъу
15.01.2025 - 16:14 →
Си Iуэху зыхэмылъым сыхэIэбакъым
15.01.2025 - 14:08 →
ХьэщIэм и пщIэр лъагэт
15.01.2025 - 12:26 →
Мэлыхъуэ башым и пщIэр лъагэ хъуат
|