НэкулъхэкIхэм къыщIэупщIэм хохъуэ![]() Дызэрыт илъэсым и щIышылэ - жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIагъэкIащ нэкулъ зэмылIэужьыгъуэу тонн 575,7-рэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 3,4-кIэ нэхъыбэщ ар. Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, нэкулъу къыщIагъэкIам и куэдагъым щIыхэхъуар республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм лырэ джэдкъазылу нэхъыбэ къызэралэжьарщ. Псалъэм папщIэ, 2024 гъэм и мазипщIым къриубыдэу лырэ джэдкъазылу къыщалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн 97,1-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 107,3-кIэ хуэкIуэу. Къыхэгъэщыпхъэщ дызэрыт илъэсым и щIышылэ - щэкIуэгъуэ мазэхэм хуэзэу нэкулърэ лым къыхэщIыкIа нэгъуэщI шхыныгъуэу хамэ къэралхэм иращам и куэдагъым проценти 6,5-кIэ зэрыхагъэхъуари. Зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу республикэм хузэфIэкIащ апхуэдэ ерыскъыхэкIхэу тонн 24,3-рэ экспортым игъэкIуэну.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2025 - 15:16 →
ЛIыхъужьыгъэм и орденыр хуагъэфащэ
18.07.2025 - 14:11 →
Гъэлъэхъукъуэ зекIуэхэр
18.07.2025 - 14:09 →
Жэбагъы зэрыакъылыфIэр наIуэ къызэрыхъуар
17.07.2025 - 14:01 →
ГуащIафIэм и лъэужь кIуэдыркъым
17.07.2025 - 12:56 →
КъелIэлIахэм фIыщIэ хуащI
|