Зи цIэр тхыдэм къыхэнахэр

Ди къуэш республикэм къыщыдэкI адыгэ газетым редактор акъылыфIэ куэд иIащ. Абыхэм ятеухуа лэжьыгъэшхуэ иIэщ журналист цIэрыIуэ Даур Жэхьфар. Фи пащхьэ идолъхьэ абы щыщ пычыгъуэ.

 «1930 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м газетым редакторыщIэ иIэ хъуащ. Ар Дэхъу Нэгъуей и къуэ Исмэхьилт. 1904 гъэм Хьэбэз къыщыхъуа щIалэ цIыкIур щIэуэ ягъэтIыса Адыгэ-Хьэблэ къуажэм къашэжри, абдеж щапIащ, щрагъэджащ. Журналист IэщIагъэм химыцIыхукIIами, и щIэныгъэкIэ тегъэпсы­хьат. Сталин и цIэр зезыхьэ универси­тетыр къиухат, парт, совет лэжьыгъэхэ­ми фIыуэ щыгъуазэт.

Абы и фIыгъэкIэ псынщIэу яхэзэгъащ зыхэхьа гупым. ЛIыуней Абдулыхь га­зетым и лэжьэкIэм хилъхьа IуэхуфIхэр лъэныкъуэ иримыгъэзу, адэкIэ пищащ. Псом хуэмыдэу латинкIэ тхэныр, еджэ­ныр хьэлэмэту иухуащ, журналистхэр, техническэ лэжьакIуэхэр щеджэн щIыпIэхэр къахузэригъэпэщащ.

Исмэхьил газет Iуэхум псынщIэ ды­дэу хэзагъэри, тхыгъэу къытехуэхэмкIи и теплъэкIи газетыр гъэщIэгъуэн ищIын хузэфIэкIащ. Латиным нэхъ хэгъуэзауэ къилъытэхэри лэжьапIэм къищтат. ЖыпIэнумэ, редакторыфI зэрыхъунум шэч къытумыхьэну лажьэрт. Ауэ Исмэхьил куэдрэ ягъэлэжьакъым, Москва къикIри тхылъ къэкIуащ ираджэжу. Iуэхум къыхалъытауэ къыщIэкIынт университетым щыщIэсам псоми къахэщу зэреджар, щIэныгъэфI зэрызригъэгъуэтар. Исмэхьил илъэсрэ мазитхурэ редакторауэ, партым и обкомым и унафэкIэ ар Москва кIуэжащ, СССР-м щыпсэу лъэпкъхэм я музейм и политцIыхубэ секторым и унафэщIу трагъэхьащ. Абы къыдэкIуэу иIыгът Москва областым и шуудзэ еджапIэм и политрук IэнатIэри. Абы и пщэм къралъхьа къалэнхэр апхуэдизкIэ фIыуэ ищIэрт, Iуэхум щIэ куэд хилъхьати, а зэманым къэрал, парт къулыкъухэм я лэжьакIуэ нэхъыфI дыдэхэм хабжэ хъуат. ГъэщIэгъуэнт адыгэ къуажэ цIыкIум къыдэкIа щIалэм Москва апхуэдэ пщIэрэ щIыхьрэ зэрыщигъуэтар.

Ауэ къэхъуари къэщIари ямыщIэу, апхуэдэ лэжьакIуэ цIэрыIуэр ягъэкъуэн­шащ совет властым и Iуэхухэм пэрыуэгъу хуэхъуу. 1937 гъэм, цIыху хейхэр, партым, къэралым хуэщыпкъэхэр хьэкъи-лажьи ямыIэу зэхэзехуэн щащI лъэхъэнэрати, Москва щагъэтIысащ. ИужькIэ областым къратыжащ. И судыр ящIащ цIыхубэм епцIыжа статья шынагъуэмкIэ. Абы сригузавэу и архив тхылъхэм адэкIэ сриплъащ. «За неимением достаточных улик следствие закончить и освободить Дохова Исмаила Нагаевича» жиIэу сыкъыщеджэм си гур тыншыжащ. 1939 гъэм щIышылэм и 7 махуэр кIэщIэтщ архивым къыхэна унафэм.

* * *

Нэптыгъу Iэмин Беслъэн и къуэр 193I гъэм накъыгъэм и 28-м редакцэм редакторыщIэ къыхуагъэкIуащ. Ар 1924-1928 гъэхэм ВЛКСМ-м и Шэрджэс обкомым и секретару лэ­жьа, Беслъэней къуажэм щыщ Нэптыгъу Iэмин Беслъэн и къуэрат. Ар ВЛКСМ-м и Ищхъэрэ-Кавказ крайко­мым и комитетми, партым и обкомым и комитетми хэтащ, парт, къэрал лэжьапIэхэми IэнатIэфIхэр щиIыгъащ. Нэхъыбэу редакторыныр щIыхуагъэфэщар адыгэбзэми, урысыбзэми, хьэ­рыпыбзэми хуэшэрыуэти арат.

Iэмин куэдрэ редакторакъым. Арами, зэрылэжьа илъэситIым гугъуехь инхэр къызэринэкIын къыхудэхуащ. Тынштэкъым газетыр бзиплIкIэ къыдэбгъэкIыныр. Абазэхэмрэ нэгъуейхэмрэ я газетхэр «Черкес плъыжь» газетым и гъусэу къызэрыдэкIым къыхыхьэжат урысыбзэкIэ къыдэгъэкIынри. Абы и щыхьэтщ Iэмин щытехьа дыдэм партым и обкомым 1931 гъэм шыщхьэIум и 11-м къищта унафэр.

ЩIэныгъэ нэс зиIэ, газетым и лэжьыгъэр хьэлэмэту зыгъэпсыфа редактор­ми палъхьэн къыхуагъуэтащ. Ар къуажэ ефэндым и къуэти, «дин Iуэхур цIыхубэм яхехьэ» жаIэри хьэпсэ ящIащ. Абы щхьэкIэ и къуэри кIэлъагъэкIуащ - 1934 гъэм ягъэтIысри илъэситху тралъхьащ.

Ар яфIэмащIэ хъури, 1938 гъэм цIыхубэм епцIыжа статьямкIэ и хьэкумыр ящIащ. Ауэ щIэбгъэкъуаншэ хъун къахуэмыгъуэту, къаутIыпщыжащ, мазэ зытIущкIэ хьэпсым ирагъэсри.

Абы иужькIэ Дружбэ къутырым егъэджакIуэу щылэжьащ, илъэскIэ ШКМ-м и инспекторащ. Иужьым щIэуэ къызэрагъэпэща Черкесскэ районым и райо­ном и унафэщIу лажьэу зауэр къыщежьэм, езыр щIэлъэIури кIуащ. И архив тхылъхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, лIыгъэ хэлъу зэуащ, и Хэкум папщIэ и щхьэр хилъхьащ.

Печатым и Унэм и гупэм уи гур хэзыгъэщI пхъэбгъу кIэрылъщ. Абы тет­хащ зауэм хэкIуэда редакторхэм, журналистхэм я цIэхэр. Нэптыгъу Iэмин Беслъэн и къуэри абыхэм яхэтщ.

* * *

КIыщмахуэ Мыхьэмэт Мусэ и къуэр, 1933 гъэм «Черкес плъыжь» газе­тым и тхыдэм зэхъуэкIыныгъэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ, адыгэ газе­тым и редактору трагъэхьащ абазэ щIалэ - КIыщмахуэ Мыхьэмэт Мусэ и къуэр, Дударыкъуей (иджы Псыжь) къуажэм къыщалъхуар, щапIар.

Партым и обкомым абы щхьэусыгъуэ хуищIар «Черкес плъыжь» газетым щIыгъуу абазэбзэкIи зы напэкIуэцI къызэрыдэкIрат. Къапщтэмэ, Мыхьэмэт и щIэныгъэкIэ а IэнатIэм тегъэп­сыхьат: Комвузыр Москва къыщиухри къигъэзэжат, адыгэбзэри фIыуэ ищIэрт.

Мыхьэмэт IэщIалъхьат бзиплIкIэ къыдэкI, гугъуехь инхэр зыпыщIа газетыр. БзиплIым язымкIэ зыгуэр яхуэмыгъэтэрэзмэ, газетыр къыдэкIтэкъым. Ауэ Мыхьэмэт хэкIыпIэ къигъуэтащ - бзэм хуэшэрыуэ лэжьакIуэхэр лъэпкъ къэс къахишри, къуэдзэу плIы иIэ хъуащ, газетри и зэманым къыдэкIыу игъэпсыжащ.

Зэман хьэлъэ дыдэм техуат абазэ щIалэм и редакторыныр. Къэралым щызэхаублауэ гуащIэ дыдэу щекIуэкIт кулак зыфIащахэм ебэныныр, колхозхэр, совхозхэр къызэрагъэпэщт. Газетми редакторми пщэрылъ хэха къыхуащIт а къэхъукъащIэхэр зэрекIуэкIыр нэхъ гуащIэу къигъэлъэгъуэну. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, политикэми фIыуэ хэзыщIыкI редакторым илъагъут а Iуэхугъуэхэм егъэлеиныгъэ зэрыхэлъыр, лажьэ гуэри ямыIэу цIыхухэр зэрагъэкъуаншэр, зэхэзехуэн зэращIыр, мэкъумэшым и лэжьакIуэфIхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъур.

Редактор губзыгъэ КIыщмахуэр пылът а мыхъумыщIагъэхэр къэмыхъуным. «Редакторым къыбгъэдэкIыу» тхыгъэхэр итхт, цIыхухэм зыгуэркIэ зэрызащIигъэкъуэным пылът...

КъыкъуэкIащ Мыхьэмэт и лэжьэкIэр зигу иримыхьхэр. Партым и обкомри абы хуэарэзытэкъым.

Партархивым къыхэзгъуэтащ обкомым и парткомиссэм 1933 гъэм гъатхэпэм и 7-м къищта унафэр. Абы мыпхуэдэу итщ: «Черкес плъыжь» газетымрэ абы и редактор КIыщмахуэмрэ кулакхэмрэ цIыхубэм епцIыжахэмрэ бэнэныгъэ тэрэз ядригъэкIуэкIкъым, псом хуэмыдэу Псыжь, Инжыдж-КIыкIун къуажэхэм. Абы къыхэкIыу парткомиссэм унафэ къехь КIыщмахуэ Мыхьэмэт Мусэ и къуэр редактор IэнатIэм къытегъэкIын хуейуэ, иужькIэ и Iуэхум зэрыхуэфащэкIэ хэплъэну».

Зэ щхьэкIэ Мыхьэмэт ягъэтIысакъым. Езыми зэхэзехуэн зэращIынур къыгурыIуэти, Абхъазым Iэпхъуэжащ, егъэджакIуэуи абдеж щылажьэт.

Ауэ 1937 гъэм КIыщмахуэ Мыхьэмэт ягу къэкIыжащ, Абхъазми къыщагъуэтыжщ, и хьэкумыр ткIийуэ ящIэри, укI тралъхьащ, а гъэ дыдэми зэфIагъэкIащ унафэ мыхъумыщIэ дыдэр - хьэкъ имыIэу ягъэкIуэдащ.

- КIыщмахуэ лъэпкъым гущIыхьэ Iей щыхъуащ лъэпкъыр куэдкIэ зыщыгугъ, къэралым куэдыщэ хуэзыщIэфыну щыта ди щIалэ Iущыр, акъылыфIэр хьэкъыншэу зэрагъэкIуэдар, - къызжиIат абы и цIэр зыфIащыжа, щIэныгъэлI цIэрыIуэ КIыщмахуэ Мыхьэмэт.

КIыщмахуэхэ я мызакъуэу газетыр зыхуищIа адрей лъэпкъхэми гущIыхьэ ящыхъуащ, газетым и тхыдэми игъащIэкIэ къыхэнащ редакторыфIу щы­та абазэ щIалэр — КIыщмахуэ Мыхьэмэт».

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также: