Гулъытэр мащIэтэкъым

Лъэпкъыбзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ зэфIагъэкIахэр, абы и лъэныкъуэкIэ ноби ялэжьхэр мащIэкъым. Абы и мыхьэнэм и гугъу ищIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэми и IэщIагъэлI нэхъыщхьу илъэс куэдкIэ лэжьа Балэ Людмилэ.

«Япэ адыгэ щIэныгъэлIхэм фIы дыдэу къагурыIуат лъэпкъым и зыужьыныгъэр, абы и ехъулIэныгъэхэр я анэдэлъхубзэмкIэ тхыгъэ зэгъэпэщыным зэрепхар. Абыхэм я дежкIэ хьэкът лъэпкъым тхыгъэ имыIэмэ, и щIэблэр щIэныгъэншэу къызэрынэнур, и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ анэдэлъхубзэр хъума зэрымыхъунур.

Лъэпкъ щIэныгъэм и япэ лъэбакъуэу щыт алыфбейр гъэхьэзырыным, къыдэгъэкIыным къару куэд япэрей адыгэ щIэныгъэлIхэм трагъэкIуэдами, икIэм-икIэжым XIX лIэщIыгъуэм икухэм ар къехъулIащ Бырсей Умар.

Филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Андрей зэритхымкIэ, Бырсей Умар зи IэщIагъэр нэсу зыщIэ, IэнатIэм гурэ псэкIэ бгъэдэт, лъэпкъ щIэныгъэр къэIэтыныр зи гъащIэ мурад, а Iуэху иным зи гугъуехьи зи пщIэнтIэпси псэху имыIэу езыта егъэджакIуэщ. А егъэджакIуэ цIэрыIуэм къалэн нэхъыщхьэуи къыпэщытар бгырыс щIэблэр щIэныгъэм и гъуэгу нэхум, хуитым тригъэувэнырт, я гъащIэм абы увыпIэшхуэ зэрыщиIыгъыр къагурыгъэIуэнырт.

Бырсей Умар хьэрып хьэрфхэм тещIыхьауэ зэхилъхьа алыфбейр къигъэсэбэпу япэ «Адыгэ псалъалъэр» къыщыдигъэкIар 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-рщ.

Бырсейм и алыфбейр щIызэхилъхьар и лъэпкъым и цIыхухэрт, бгырыс щIэблэрт, а тхылъым щелэжьым абы и пщIыхьэпIи къыхэхуатэкъым ар урыс еджакIуэхэми къагъэсэбэпыну, абыкIэ ахэри адыгэбзэ ирагъэджэну. Япэ адыгэ алыфбейм урыс щIэныгъэлIхэри щытхъуащ, абыхэм жаIащ зи анэдэлъхубзэр зыджхэм ар дэIэпыкъуэгъу нэс зэрахуэхъунур.                   

МылъкукIэ хуэмыщIауэ псэу Бырсей Умар гугъуехь куэд пыщIауэ къыдигъэкIащ адыгэ тхыбзэм и япэ тхылъыр. Илъэс куэдкIи а тхылъымкIэ езым иригъэджащ, ныкъусаныгъэ илъагъужхэр зэригъэзэхуэжурэ.

Бырсей Умар и фIыщIэщ бгырыс щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIыфа, иужькIэ адыгэ тхыбзэр зэхэлъхьэным, егъэфIэкIуэным елэжьа лъэпкъ щIэныгъэлI зыбжанэ Ставрополь гимназием къызэрыщIэкIар. Хьэрып, латин хьэрфхэр и лъабжьэу адыгэ алфавитыр зэхэлъхьэным щIэныгъэлI куэд елэжьащ. Елбэрд Хьэсэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. 30 гъэхэм и кум адыгэ тхыбзэм урыс алыфбейр и лъабжьэ ящI.

А зэманым цIыхубэр щIэныгъэншагъэм къыхэшыныр япэ ирагъэщ Iуэхугъуэхэм ящыщти, зи анэдэлъхубзэм фIэкIа зымыщIэхэм папщIэ я бзэмкIэ щрагъэджэж лъэпкъ школхэр къызэIуахащ. 1950 гъэхэм нэсыху къуажэ еджапIэхэм пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ ирагъаджэу къекIуэкIащ. Урысыбзэр предмет щхьэхуэу ирагъэджырт. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу 7-нэ классым нэс адыгэбзэкIэ щIэныгъэ ирату Iуэхур зэтраублащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым зыужьыныгъэшхуэхэр зэрыщекIуэкIым къыхэкIыу, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щылэжьэну IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэ мэхъу. Абы хуэфэщэн щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтыну еджапIэхэм щызекIуэр урысыбзэрт. Абы ипкъ иткIэ 1958 гъэм пэщIэдзэ школхэм урысыбзэкIэ щрагъаджэу щIадзэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ предмет щхьэхуэу хагъэхьэ.

Къуажэ сабийхэр бзитIыр щызэдэлажьэ Iэмалыр къагъэсэбэпурэ ирагъаджэ.

ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, урысыбзэр иджыри хуиту зымыщIэ сабийм къыгурымыIуэ бзэр ебгъэщIэху, предмет щхьэхуэхэмкIэ игъуэтын хуей зыужьыныгъэр, щIэныгъэр, гъэсэныгъэр IэщIокI. Еджагъэшхуэхэу Услар Пётри Ушинский Константини къалъытэрт сабийм пэщIэдзэ щIэныгъэр тыншу къызэрищтэнур и анэдэлъхубзэрауэ.

1989 -1990 гъэ еджэгъуэм еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэмрэ сабий садхэмрэ адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ ирагъэджэныр зэтраублэж. 1998 гъэм адыгэбзэкIэ щрагъаджэу щIадзэ къуажэ еджапIэу 91-м (еджакIуэ 25928-рэ). Республикэм ит еджапIи 177-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ предмет щхьэхуэу щадж еджакIуэ 72433-м.

А илъэсхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ программэщIэхэр зэхалъхьэ, егъэджакIуэхэми я щIэныгъэм хагъахъуэ. Анэдэлъхубзэм и егъэджыкIэр нэхъ щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн, тынш зэрыщащIын Iэмалхэр къагъуэт. Апхуэдэу 1989 гъэм еджапIэхэм къыщыхузэIуах лингафон пэшу 35-рэ, ират магнитофон 261-рэ, ЭВТ комплекту 55-рэ. КъыдагъэкI адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмкIэ фонохрестоматиехэр, компьютер программэхэр.

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм псом хуэмыдэу гулъытэ хэха хуещI къалэ еджапIэхэм анэдэлъхубзэр зэрыщрагъэджым: школхэм магнитофон 40, видеомагнитофону 8, зэхэлъыкIэ щхьэхуэ зиIэ доскауэ 56-рэ, лингафон пэшу 7 къызэIуах.

Апхуэдэуи ПТУ-хэм япэ дыдэу адыгэбзэр щаджын щIадзэ.

ЕджапIэхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр министерствэм и нэIэ щIигъэтт. Библиотекэхэр тхылъхэмкIэ къызэрегъэпэщ, еджапIэ къэс адыгэбзэмрэ литературэмкIэ пэшхэр къыщызэIуах, программэщIэхэмкIэ щрагъаджэу щIадзэ, сабий садхэм я лэжьэкIэр ирагъэфIакIуэ, хрестоматиехэр, нэрылъагъу пособиехэр къыдагъэкI.

А илъэсхэм КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм 2-11-нэ классхэм папщIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмкIэ учебникхэр зэхэгъэувэнымкIэ зэпеуэ ирегъэкIуэкI.

1991 гъэм япэ дыдэу адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ еджакIуэхэм я олимпиадэ йокIуэкI.

1991- 92 гъэ еджэгъуэм щыщIэдзауэ къалэ школхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщу щIэс сабийхэм бзитIым я зыр яджын щIадзэ, Iэмал имыIэу 9-нэ, 11-нэ классхэм ятын хуей экзаменхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмрэ хагъэхьэ.

1995 гъэм щIышылэм и 16-м республикэм и Президентым къыдегъэкI «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм ятеухуа» законыр. Абы ипкъ иткIэ къэралыбзищри еджапIэ къэс Iэмал имыIэу щаджын хуейуэ къоув. Мыадыгэ сабийхэм папщIэ программэхэр, тхылъхэр къыдокI (зэхэзыгъэувахэр: Бекъан М.С. Гугъуэт Л.Т. «Адыгэбзэ», 1,2-нэ классхэм папщIэ)».

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: