Туристхэр нэхъ мащIэ хъуркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ туристхэм я бжыгъэм адэкIи къыхэхъуэнымкIэ гугъэхэр щыIэщ. ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, 2024 гъэм ди щIыналъэм щыIа хьэщIэхэм я бжыгъэр мелуан 1,750-рэ хъунущ икIи КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, хэхъуэр процент 15-м щIигъун хуейщ.

Дызэрыт илъэсым и щIышылэ – фокIадэ мазэхэм къриубыдэу ди щIыналъэм зыщагъэпсэхуащ, я нэгу зыщрагъэужьащ цIыху мелуан 1,423-м, ар процент 17-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ.

Къата хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Налшык курортым и санаторэхэм зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 50-м нэблагъэм. Ахэр къикIащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ ящыщу 50-м щIигъум. Туризмэм пыщIа инфраструктурэщIэхэр IэнатIэм къызэрыхашэм и фIыгъэ куэд хэлъщ ди деж къакIуэ туристхэм я куэдагъым илъэс къэс къыщIыхэхъуэм. Псалъэм папщIэ, «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым пэш 530-рэ хьэщIэщхэм къыщызэIуахынущ.

Абыхэм нэмыщI, мыхьэнэшхуэ иIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр хэIущIыIу щIыным, цIыху нэхъыбэм ахэр къегъэцIыхуным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэми, нэгъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэхэм ди республикэр щIэх-щIэхыурэ зэрыхэтри, туризмэм пыщIа зэIущIэхэм зэрыкIуэри, нэгъуэщIхэри.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: