Прунжыр къэралым ирырагъэшыркъым

Прунжымрэ прунжым къыхэщIыкIа крупамрэ пIалъэ гуэркIэ Урысей Федерацэм ирамышыну щыIа унафэм адэкIи пащащ икIи ар лэжьэнущ 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м пщIондэ. Апхуэдэу щIащIам и щхьэусыгъуэр ди къэралым щыпсэухэр а ерыскъыпхъэ лIэужьыгъуэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэща хъун щхьэкIэщ.

Ауэ, къыхэдгъэщынщи, а унафэм къыщыгъэлъэгъуащ прунжымрэ прунж зэтеудамрэ къэралым изышыну хуитыныгъэ зиIэхэри зэрыщыIэр. Псалъэм папщIэ, ахэр хурагъашэ хъунущ Евразие экономикэ зэгухьэныгъэм хэт къэралхэм, Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ. Апхуэдэуи прунжыр псапащIэ Iуэхугъуэхэм хыхьэу хурагъэшэнущ ерыскъыкIэ гугъу ехь къэралхэм, абыхэм ядэIэпыкъун папщIэ. ИтIанэ, а унафэм хэмыхьэу, прунж жылапхъэхэр иращэ хъунущ УФ-м и ныбжьэгъу къэралхэм.

Прунжымрэ прунжхэкIхэмрэ къэралым ирашыну зэрыхуимытым теухуа унафэр къыщыдагъэкIар 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-рщ, УФ-м и Правительствэм и деж экономикэ зыужьыныгъэмрэ интеграцэмкIэ щыIэ комиссэм и унафэкIэ икIи  абы пащауэ щытащ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 31-рэ хъуху. Иджы, зэрытлъагъущи, а унафэм щыубзыхуахэм иджыри илъэс ныкъуэкIэ къару яIэнущ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: